АРМЫРАУЭ ПIЭРЭ?

Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыпIэ дахащэхэу нэхъ удэзыхьэххэм ящыщщ Фыщт Iуащхьэжьым и Iэхэлъахэр.

Къэзыухъуреихь псоми я нэхъ лъагэ Iуащхьэжь уардэм къегъэщIылIа Шэрджэс щхьэдэхыпIэм и щIыб удэплъа иужь, шытх тхыцIэм утету, ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километри 5 хуэдизкIэ уекIуэтэкIыжмэ, узэрызыIэпишэмкIэ зыхуэбгъэдэн щымыIэу къалъытэ хыжьей дахащэ гуэр урохьэлIэ. Абы языныкъуэхэр «ХыкъуэкIэ», мыдрейхэри «ХыкхъуэкIэ» йоджэ.

Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и щIыналъэм храгъэубыда псы хъурейр зэрыт «тэхъуанэр» Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ я зэпылъыпIэу Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм къедзам хуозэ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, Пщыхьыщхьэрэ Шахэрэ я тIуащIэхэр къыщежьэ ныджащхьэхэм я зэхуаку дэтщ.

«Хыкъуэр» IыхьитIу зэпкърыпхмэ - «хым и къуэ» мыхьэнэм хуэкIуэ хуэдэу къокI. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм и телъхьэщ хы ФIыцIэ псыIум Iус шапсыгъ адыгэхэм къахэкIа сурэтыщI Iэзэ Хьэпышт Хьисэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъуа бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Шагъыр Амин «Хы къуэ» псалъэр зыхуигъакIуэр «хыжьейр зыдэт лъэгу» мыхьэнэр арат.

Адыгейм щыпсэуа лъахэхутэ-лъахэдж Мерэтыкъуэ Къасым «Хыкхъуэ» псалъэр псыIу шапсыгъхэр «дельфиным» зэреджэм хуихьырт. 

 Хыжьейм и щхьэфэм метр зэбгъузэнатIэ мин 27,5-рэ еубыд. КъызэрыщIэкIымкIэ, Абхъазым щыIэ Рицэ псы хъурей цIэрыIуэр здэщыIэ щIыпIэм нэхърэ Хыкъуэр зэрыт лъэгур тенджыз Iуфэм тIукIэ нэхъ щхьэщыIэтыкIащ.

ЗэрыжытIащи, мы иужьрейм хы лъэныкъуэмкIэ и Iэхэлъахэм ижь-ижьыж лъандэрэ шапсыгъ адыгэхэр щопсэу. Абыхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Iэгъуэблагъэр зи хэщIапIэхэр уэшх къыщемышх лъэхъэнэхэм гужьеигъуэ зэригъахуэрт. Апхуэдэхэм деж ХьэнцэгуащэкIэ зэджэ гуащэ IэрыщIыр яхуапэрти, сабийхэм ар унагъуэ-унагъуэкIэрэ жылэхэм къыщрахьэкIырт. Хьэнцэгуащэр сыт хуэдэ пщIантIэ дамыхьами, абы унагъуэр зейм хуэфIу псы кърикIыхырт. Ар куэд щIауэ адыгэ псоми я деж къыщокIуэкI. Ауэ, абы къинэмыщIа, мы щIыпIэхэм нэгъуэщI зы хабзи щагъэзащIэрт: уэгъум къиша гуныкъуэгъуэм хэт цIыхухэр Хыкъуэ (Хыкхъуэ) нэс дэкIырти, абы и псым щыщ кърагъахъуэрт. ИкIи ар езыхэр зыдэс жылэм нэс кърахьэхырти, я къуажэм пэгъунэгъуу щежэх псым хакIэрт. Хыкъуэм къыхаха псым щыщ хы ФIыцIэм зэрылъэIэсу, абы уэгъур къызэтригъэувыIэу, уэшхми щIригъэдзэжу къалъытэрт.

Псы итыпIэр къызэрыунэхуа щIыкIэр геологхэм иджыри къыздэсым яхузэхэгъэкIакъым. Я нэхъыбэр зэрегупсысымкIэ, Хыкъуэ хыжьейр дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар, мыбдеж дыдэм Кавказ Шытх Нэхъыщхьэр зэрыщрикIуэр абы и щыхьэту, щIы щIагъым куууэ щыщIэгъэпщкIухьа тектоникэ пцIахуэхэр, Кхъужьыпс-Адлер зэпыщIыкIыпIэм хуэзэу, зэрыщызэтекIауэ щытарщ.  

Хыжьейр зэхэмыщIыкIыгъуэу телъыджэ зыщIхэм ящыщщ, зы щIыпIэкIэ къикIыу, псы къуэпс закъуи зэрыхэмылъадэр. АтIэми, илъэс куэд щIауэ кIэлъыплъхэм ящыщ гуэрым псы щхьэфэр зэгуэр щIэтIысыкIауэ илъэгъуакъым. Абы къыхэкIыу, егупсыс щыIэщ ар къурш лъабжьэхэмкIэ щIэкIыу хыпсым пыщIагъэнкIэ зэрыхъунум. Армырауэ пIэрэ, атIэ, адыгэхэм «Хы-къуэ» псалъэр псы итыпIэм щIытрагъэIукIауэ щытари.  

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.