УЭРЭДЫР ЗИ ДАМЭ

Япэ урысейпсо каналым къызэригъэпэща «Голос. Дети» проектым 20I7 гъэм телъыджэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа икIи етIуанэ увыпIэ къыщызыхьу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я «вагъуэ цIыкIу» хъуауэ щыта уэрэджыIакIуэ Хекилаевэ Денизэ нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэм ди гуапэу я гугъу фхудощI.

Къэралым и цIыху куэд зэплъ теленэтыным етIуанэ увыпIэ къыщызыхьа ди хэкуэгъу пщащэ нэфIэгуфIэм и зэфIэкIыр абдеж щиухакъым. Меладзе Валерий и «Настоящий романтик» альбомым хыхьэу I996 гъэм япэу игъэIуа «Вера» уэрэдыр зэригъэзэщIамкIэ куэдым ягу дыхьа Денизэ и Iуэхухэм ноби къыкIэлъыплъыр мащIэкъым. 

Илъэс I7 ирикъуа Денизэ мы зэманым щоджэ Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ Урысей музыкэ академием эстрадно-джаз гъуазджэмкIэ и музыкэ училищэм. «Юная звезда», «Голос. Дети» проектхэм пашэ щыхъуа Денизэ теленэтынхэмрэ зэпеуэхэмрэ жыджэру ирагъэблагъэ. Иджы дыдэ ар щытекIуащ «Вокал в джазе» фестиваль-зэпеуэм.    

ИлъэсиплI щыхъум дзапэ уэрэд жызыIэн щIэзыдза хъыджэбз цIыкIум абыкIэ щапхъэ хуэхъуар Музыкэ школым фортепианэмкIэ и къудамэр къэзыуха и анэ Дианэрэ и адэмкIэ и анэшхуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ цIэрыIуэ Хьэмыку Жаннэрэщ. Денизэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм япэу яшащ илъэсих щыхъум.

Налшык къалэм и Музыкэ сабий школ №1-м, Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэм, Денизэ уэрэд жыIэным щыхуезыгъэджар икIи абы и зэфIэкIым зезыгъэужьар Гридасовэ Иринэщ. Абы жеIэ хъыджэбз цIыкIур макъамэ гъуазджэм, уэрэд жыIэным зэрыхуэнэхъуеиншэр, ехъулIэныгъэм еш имыщIэу зэрыхуэкIуар. Музыкэ школым и егъэджакIуэхэр я гъэсэным и зэфIэкIхэм ирогушхуэ.

УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, гитарист икIи егъэджакIуэ цIэрыIуэ, джазымкIэ международнэ зэпеуэ зыбжанэм я лауреат Суджян Мукуч и программэм мазаем и 3-м Хекилаевэ Денизэ зыкъыщигъэлъэгъуащ, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Розанов Владимир и гъэсэн уэрэджыIакIуэ, «Рояль в Джазе», «Тутти Джаз», «Jazz Birds» урысейпсо зэпеуэхэм я лауреат Головановэ Евгение и гъусэу.

Денизэ дызэрыт илъэсым и зэфIэкI щеплъыжыну ирагъэблэгъащ 2015 гъэм ирагъэжьа «Новая Звезда» телевизионнэ зэпеуэми. Урысейпсо зэхьэзэхуэм ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ хэтынущ икIи абы хыхьэу закъригъэцIыхунущ щалъхуа щIыналъэм теухуа видеороликкIэ. КъэпщытакIуэ гупым я унафэщIыр УФ-м и цIыхубэ артист Дунаевский Максимщ. Урысейм и щIыналъэ 89-м щыщ уэрэджыIакIуэхэр зыхэтыну зэхьэзэхуэм ди хэкуэгъу пщащэр щехъулIэну ди гуапэщ!

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.