ПЭСЭРЕИБЗЭУ БЗЭ ПСОМИ Я ЛЪАБЖЬЭ

Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэм зыкъигъэзащ адыгэ дунеймрэ щэнхабзэмрэ дежкIэ. Псалъэм папщIэ, Канадэм щыIэ Макмастер университетым и профессор Коларуссо Джон адыгэбзэр куууэ едж, кIуэдыжа убыхыбзэм, абазэбзэм, абхъазыбзэм, бжьэдыгъубзэм, шапсыгъыбзэм йолэжь. КъищынэмыщIауэ, нобэр къыздэсым щIэныгъэм хуэмыгъэкъарууа тхыгъэжьхэм къоджэф ар, «Нартхэр» эпосыр инджылызыбзэкIэ зэридзэкIащ, США-м и Президенту щыта Клинтон Билл Кавказ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъуу лэжьащ. Коларуссо и къэхутэныгъэхэр зытеухуар санскритымрэ адыгэбзэмрэ зэрызэкIуалIэр къэхутэнырщ.
ЩIэныгъэлIым археологием, бзэм теухуауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм къищынэмыщIауэ, Гарвард университетым, Массачусетскэ технологие институтым, Макмастер университетым щIэныгъэлI гупхэм зэман зэхуэмыдэхэм щрагъэкIуэкIа генетикэ къэхутэныгъэхэри тегъэщIапIэ ещI. Гималайхэм, Индием, Тибет, Азие Курытым, Урысейм, Европэм щыпсэухэм я генетикэр яджа нэужь къигъэлъэгъуащ индоевропеибзэхэм ирипсалъэ лъэпкъхэм я цIыхухъухэм я Y-хромосомэм и лIэужьыгъуэ хэхар Кавказым щыпсэу адыгэхэм ейм нэхъ зэрытехуэр. Апхуэдэ дыдэщ цIыхубз геным и Iуэхури.
Бзэ щIэныгъэрылажьэхэм зэрыжаIэмкIэ, адыгэбзэр индоевропеибзэхэм химыубыдэу щхьэхуэу къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм тетщ адыгэбзэмкIэ щIэныгъэрылажьэ цIэрыIуэ Къумахуэ Мухьэдини.
Коларуссо Джон къихутащ адыгэбзэмрэ санскритымрэ зы лъабжьэ яIэу, ахэр къызытепщIыкIыжа бзэм ирипсалъэу щыта лъэпкъыр илъэс мин 26-кIэ узэIэбэкIмэ псэуауэ.
Дауи, щIэныгъэлI куэд щыIэщ, ахэр зыщыщ лъэпкъымрэ зэрыпсалъэ бзэмрэ нэхъыжь дунейм темытауэ жызыIэ. Адыгэбзэм нэхърэ нэхъыжь щымыIэу щыжытIэм дежи, абыкIэ мыарэзы щыIэщ, псалъэмакъ куэди кърахьэкI. Ауэ, Канадэм щыщ, адыгэм зыкIи къыгуэмыхьэ Коларуссо сыт и фейдэ пцIы иупскIэ? Сыт хуэдэ къэхутэныгъэми Iэмал хэха иIэщ, бзэм и ныбжьыр къызэрахутэр зэгъэпщэныгъэкIэщ.
Профессор Коларуссо зэрыжиIэмкIэ, санскритри адыгэбзэри къызытехъукIыжар зы бзэщ, цIыхум нобэ имыцIыху, кIуэдыжа гуэрщ. Ауэ, пэжыр пэжщ, зэгъэпщэныгъэкIэ къэIуэта гугъэ къудейуэ аращ ар. Адыгэ тхакIуэ Мэржэхъу Мухьэмэд (Адыгэ Тенджыз) иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм тепщIыхьмэ, санскрит псалъэхэмрэ фIэщIыгъэцIэхэмкIэ гъэнщIащ адыгэбзэр (е санскритыр адыгэбзэкIэ?!). Псалъэм папщIэ, андэгурэ: андэ (гандэ санскриткIэ) – удз, гурэ (гуру) – нэхъыщхьэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, удз нэхъыщхьэ. Гималайхэм щыпсэу лъэпкъхэм пщIэ зыхуащI я хьэщIэ лъапIэхэм я Iэнэм андэгурэ хутрагъэувэ, абы цIыхум къарур къыхелъхьэж, IэфIщ, ерыскъы гурыхьщ.
Дэ, адыгэхэм, ди гущхьэ къэкIыххэркъым, ди цIэхэм хуэдэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я бынхэм фIащу. Индоевропеибзэм ирипсалъэ лъэпкъхэм яIэщ дэ дызэса «адыгэцIэ» куэд: Хурирэт, Дэду, Нану, Тали, Лэлу, ТIыкъэ, Пакъуэ, ПIытIэ, ТIэтIу, ТIатIэ, КIутэ, нэгъуэщIхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, Адыгэ Республикэм и къэрал университетым и профессор Пэрэныкъуэ КIутIасэ и цIэм санскритымкIэ «Тхьэ лъагъуныгъэ» жиIэу аращ къикIыр.
Апхуэдэщ унагъуэцIэхэри: «Ашаб» псалъэм санскритымкIэ «шы зыгъэхъу, зезыхуэ» жиIэу аращ, «Ашэбей», «Ашэбокъуэ» унагъуэцIэхэми лъабжьэ яхуэхъуар шыращ, Сэрахъэ – шабзауэ, Джэгъэт (Жигат) – Уахэ (Вселенная).
ФIэщ щIыгъуафIэр нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэщ – санскритыр цIыхум къигупсыса бзэщ, IэрыщIщ. Лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зэрызэгурыIуэн, зэрыпсэлъэн бзэ щхьэхуэ хуейт пасэрей унафэщIхэр, щIэныгъэлIхэр. къулыкъущIэхэр, диным и лэжьакIуэхэр. Санскритым и псэлъэкIэ зэхуэмыдэхэри щыIэщ, пэжщ, ауэ санскритыр зи анэдэлъхубзэу зы лъэпкъи теткъым мы дунейм. Ауэ… адыгэбзэр адыгэ лъэпкъым и анэдэлъхубзэщ, нобэм къэсыфащ, зихъумэжащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дунейм тетащ зы лъэпкъ лъэщ, бзэ къулей иIэу, икIи а бзэращ тегъэщIапIэ ящIар санскритыр щызэхагъэувэм. А бзэр пасэрей адыгэбзэрауэ икIи ар санскритым нэхърэ нэхъыжьу къалъытэ щIэныгъэлIхэм.

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж