ФРАНКЕНШТЕЙН

Инджылыз тхакIуэ Шелли Мэри итха «Франкенштейн, или Современный Прометей» романыр 1818 гъэм къыдэкIауэ щытащ. Тхылъыр итхыным пэщIэдзэ хуэхъуащ нэмыцэ быдапIэм теухуа хъыбархэр. И лIыхъужь нэхъыщхьэми а быдапIэм и цIэр иритыжащ. Шелли Мэри и фIыгъэкIэ дуней псом къыщацIыхуа быдапIэр Германием, Дармштадт къалэм, щыIэщ, Оденвальд-кIэ зэджэ бгыхэм и зы щхьэщыгум тетщ. И фIэщыгъэр зэбдзэкIмэ, «франкхэм я мывэ» жиIэу къокI. Илъэс мини 2 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, а щIыпIэм деж урымхэм я мывэ къыщIэхыпIэ щыIащ. Нэхъ иужькIэ а щIыпIэм франкхэр щитIысыкIащ. Зэман дэкIщ, абдеж иIа шахтэр ябгынэжри, абы пэмыжыжьэу, фон Бройберг и лIыхъусэжьхэр щытIысащ. ИужькIэ абыхэм Франкенштейныр унэцIэу къащтащ. 
Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, нобэ Дармштадт тет быдапIэр 1250 гъэм ищIауэ щытащ фон Бройберг Конрад II Райц.
XII лIэщIыгъуэм и пэм щегъэжьауэ Франкенштейн зым къыIэпыкIым нэгъуэщIым Iэрыхьэурэ зыбжанэрэ зэIэпахащ. Иужьым, Франкенштейнхэм яIэрыхьэжащ. Франкенштейнхэм мылъкухэр щаIэт Дармштадтрэ Гессенрэ нэмыщI, Германием и нэгъуэщI щIыпIэхэми. XV лIэщIыгъуэм и кIэухым, быдапIэр зэтекъутауэ щытащ, иужькIэ ар лъэхъуэщуи къагъэсэбэпащ. 
XIX лIэщIыгъуэм Гессен-Дармштадт и эрцгерцог Людвик II бадапIэр къигъэщIэрэщIэжащ. Нобэ Франкенштейн зыгъэпсэхуакIуэхэм зыщаплъыхьыну яфIэфI щIыпIэщ. 
Шэлли Мэри и романым хэт лIыхъужьыр трищIыкIащ алхимик Диппель Иоганн Кондрад. Ар Франкенштейн быдапIэм щыIэ дин лэжьакIуэ тхьэмыщкIэм и унагъуэм 1673 гъэм къыщалъхуауэ щытащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Франкенштейн лъэпкъым ар зыкIи япыщIатэкъым. 
И ныбжьыр илъэс 18 ирикъуа нэужь, Диппель Страссбург Iэпхъуащ. Ар дихьэхащ алхимикхэм я лэжьыгъэхэм, езыр и ужь ихьащ игъащIэкIэ цIыхур зыгъэпсэун эликсир зэхилъхьэну. ИужькIэ, быдапIэм къигъэзэжри, абдеж лабораторэ къыщызэригъэпэщащ. И эликсирыр зэхилъхьэн папщIэ гъэунэхуныгъэ гуэрхэр иригъэкIуэкIырт. Апхуэдэу, зэгуэр зэхигъавэхэм ящыщ гуэр къауэри, быдапIэм и чэщанэхэм ящыщ зым и щхьэр триудауэ щытащ. Зэгуэр Диппель кIуэдри махуэ зыбжанэкIэ ягъуэтыжакъым. Иужьым и лабораторэм деж къыщагъуэтыжащ и псэр хэкIауэ.
Алхимикым и лэжьыгъэхэм сэбэпи къахэкIащ. Абы стетоскоп зэригъэпэщащ, синильнэ кислотам и формулэр зэхигъэуващ. Абы Диппель и дагъэкIэ зэджэри зэхигъэващ. Ар къупщхьэ узым и хущхъуэу медицинэм къыщагъэсэбэпащ XX лIэщIыгъуэ пщIондэ. 
 

 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)