Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэр хэтащ УФ-м и МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу округым щыIэм и коллегием 2018 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм кърикIуахэм ятеухуауэ вэсэмахуэ иригъэкIуэкIа зэIущIэмКоллегием хэтхэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу округым щыIэм къыхигъэщхьхукIащ ди цIыхухэм я гъащIэр хъумэнымкIэ, абыхэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщынымкIэ Iуэху нэхъыщхьэр терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэтыныр арауэ зэрыщытыр. Абы жиIащ хабзэхъумэ органхэр а къалэн иным жыджэру икIи тегушхуауэ зэрелэжьым и фIыщIэкIэ терроризмэм и Iэужьхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Апхуэдэу Матовников Александр жиIащ МВД-м и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм зэращыщыр экономикэм, абы гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексри хиубыдэу, щызэхащIыхь хабзэншагъэхэр къызэпыуды-ныр. УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм къыхигъэщхьэхукIащ коррупцэм ебэнынымкIэ лэжьыгъэри къагъэтIэсхъэнкIэ Iэмал зэримыIэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|