|
ДЯПЭКIИ НЭХЪЫБЭЖУ ЯГЪЭГУШХУЭНУЩ
31 января, 2023 - 06:08
УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэнэхуащ. А жэрдэмым ипкъ иткIэ зэрыкъэралу егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIынущ, а IэнатIэм пэрытхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ я лэжьыгъэм халъхьэ щIэщыгъуэхэр, щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ къагъэсэбэп гъэщIэгъуэнхэр утыку къихьэным хуэунэтIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрри а Iуэхугъуэм еджэныгъэм пыщIа пэхуэщIэ (проект) щэ ныкъуэ хуэдизкIэ пежьэну и гугъэщ.
Къэрал унафэщIым жэрдэм ищIа Iуэхугъуэм егъэджакIуэхэр къызэщIэIэтэн, IэнатIэм и пщIэр къэIэтын, щIэныгъэм и купщIэмрэ и мыхьэнэмрэ гъащIэм къешэлIэн мурадхэр иIэщ. Урысейми абы и щIыналъэхэми къыщызэрагъэпэщыну зэхьэзэхуэхэм, зэпеуэхэм щытекIуэхэмрэ къыщыхэжаныкIхэмрэ дяпэкIэ нэхъ зэраIэтынум, алъандэрэ зэрекIуэкIам нэхърэ нэхъыбэжкIэ зэрыгъэгушхуэным хущIэкъунущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм зэрытриухуэмкIэ, 2023 гъэм егъэджакIуэхэм зыщIагъэкъуэн, зыпэрыт IэнатIэм щаIэ ехъулIэныгъэхэм я пщIэр къиIэтын папщIэ къэрал бюджетым къыхэкIыу мылъку хуиутIыпщынущ. ДяпэкIэ «Илъэсым и егъэджакIуэ», «Илъэсым и гъэсакIуэ», «Илъэсым и IэщIагъэлI» зэхьэзэхуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэм сом мин щэрыщэ иратынущ, абыхэм къыщыхэжаныкIахэмрэ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ лауреат хъуахэмрэ сом мин щэ ныкъуэ-щэ ныкъуэ хуагъэфэщэнущ. Абы къищынэмыщIауэ, «Къуажэ егъэджакIуэ» къэрал программэр зыгъэзащIэ егъэджакIуэхэми зэрадэIэпыкъун, зыпэрыт IэнатIэр къызэрыщагъэпсынщIэн Iэмалхэр нэхъыбэ ящIынущ. Апхуэдэу къэрал къулыкъущIэхэм я мурадщ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я лэжьапщIэм зэрыхагъахъуэм хуэдэу ирагъэкIуэкIыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, егъэджакIуэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, Урысейр лъэпкъ щэнгъасэр щIэныгъэм хуэзыша Ушинский Константин къызэралъхурэ илъэс 200 щрикъум ирихьэлIэу егъэджакIуэхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ къызыхэщ скъар ухуэныгъэ ин щIыналъэм щагъэувынущ. «ЕгъэджакIуэхэм я хьэкъым цIыхубэм пщIэ зэрыхуащIыр, щыIэныгъэмрэ щIэблэм я къэкIуэнумрэ абыхэм куэдкIэ зэрелъытар къызыхэщ а скъар ухуэныгъэм абыхэм яхудиIэ пщIэр къридгъэлъэгъуэну аращ, армыхъумэ нэхъыбэж зэрахуэфащэри, зыпэрыт IэнатIэр куэд зэрыхуэныкъуэри фIы дыдэу зыхыдощIэ», – щыжаIащ къулыкъущIапIэм.
ШУРДЫМ Динэ.
|
24.03.2023 - 11:03 Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым и пэщIэдзэм деж гъубж махуэм цIыху гупышхуэ щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт къулыкъущIэхэр, журналистхэр, Къардэн лъэпкъым щыщхэр, нэгъуэщIхэри. |
|
24.03.2023 - 09:03 Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и япэ профессиональнэ пшынауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Лъэпкъ творчествэм зэрызригъэужьым папщIэ Урысей Федерацэ |
|
24.03.2023 - 09:03 Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гъатхэпэм и 20-м къыщызэIуахащ Сабий тхылъым и тхьэмахуэ. |
|
24.03.2023 - 09:03 Адыгэ сэшхуэм япэ дыдэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм теухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам. |
|
23.03.2023 - 08:52 КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм. |
|