СИ КЪУЭШХЭР ЩЫМЩ

Зантарие Владимир

Си къуэшхэм сепщIыхьащ ныжэбэ гуэрым,
ЩIэслъагъуэрт я нэ кугъуэм зэрешар.
Ди пщIантIэм ахэр щыму дэтт зэгуэрым,
Нэщхъейхэт, я щхьэр псоми ехьэхат.

Сыт фи хъыбар? КъысхуэфIуэтэж, си къуэшхэ!
Ар жысIэурэ сэ ахэм сахыхьащ.
Жэуап къатакъым – сиубыдырт хуэшым,
СамыцIыхуххэу, уеблэм къысщыхъуащ.

Си къуэшхэм я плIэм ирахакъым Iэщэр,
Я жьакIэхэр пасэIуэху къетхъухат.
Сыхуейт сэ я лъэр щIэзгъэкIын, си фIэщу,
АрщхьэкIэ, псалъи къысхухэмыха.

Йожьэжхэр щыму, мэхъу ди пщIантIэр кIыфI,
ГъущI куэбжэр, щыдэкIыжкIэ, ягъэкIыргъ.
Си псалъэр пщIантIэ нэщIым щоужьых,
Лъэ макъ къэIуахэр жэщ нэпсейм едыгъу.

Сыт фи хъыбархэр? КъызжефIэжыт, къуэшхэ,
ЯкIэлъыжысIэурэ изогъэжьэж.
ЩIыIэу зэхелъхьэ си жэщ кIыхьым нэщхъыр,
СымыщIэ сэ си къуэшхэр здекIуэлIэж.

Йожьэжыр ахэр, я гъуэгу гъунапкъэншэу,
Лъэ макъыу хъуар хокIуадэ мы жэщ щIэншэм.
***
Зэгуэрым, пшапэр мащIэу зэхэуауэ,
Фызыжьым и Iэ пхъашэхэр кIэзызу,
ЗыгуэркIэ гугъэу, тхьэи елъэIуауэ,
Къэп цIыкIухэм ирикIутэрт жылэ, изу.

«Сыхунэмысмэ, ар хасэнщ нэгъуэщIхэм»,
Ар жиIэурэ къэп цIыкIухэр игъэпщкIужырт.
«Е гъатхэм зэ и хуабэ къигъэщIыжмэ» …
Арат фызыжьым и щхьэ хужиIэжыр.

Къэп цIыкIухэм ярыз ищIти хъугъуэфIыгъуэр,
Къэпщхьэпск1э ахэр щхьэщипхыкIыжт.
Итх тIэкIури къыдишауэ нанэм жьыгъэм,
Хъыдан къэп цIыкIухэр сакъыу игъэпщкIужт…

Зэ гъатхэр къэсрэ, хуабэ зыкъищIыжмэ,
Зэ щIылъэр къэтIэпIыжмэ, гъатхэ нэIуу,
Ирихьэу хадэм, хэт къитIэтэжыну,
Жылапхъэр изу, нанэм и къэп тIэкIур?..

Ди псыкъуийр
Хъужащ щIым щыщ,
ДиIати дэ псыкъуий.    
Си нэгум щIэтщ:
Абы и мывэ блыным
КъыдишиикIт енэбым и лъэдийр,
Зиший нэхъей, псы щIыIэ еIубыну.

Си пщIыхьым хэтщ иджыри а псыкъуийр:
КъыщIызогъалъэри псы щIыIэмылыр,
Сэ изогъэх IэфIыпсу мы си джийм,
Iэгубжьэм изгъэхъуарэ, узыпхыплъу.

Хъужащ щIым щыщ, диIати дэ псыкъуий.
СощIэж: сыцIыкIуу сэ сыхудэплъейрт:
И тхьэмпэхэр пыщэщырти тутейм,
Джэрэзу елъэтэхырт а псыкъуийм.

Хъужащ щIым щыщ, диIати дэ псыкъуий.
Зэман дэкIащ… Сефакъым абы лъандэм
Къыщизгъэхъуауэ хуиту ди псыкъуийм
Псы щIыIэмыл, Iэгубжьэм изгъэлъадэу.
***
Щэху гуэри хэмылъыж мы дунеишхуэм,
Хэт и IуэхущIафэ хуэбгъэщIэгъуэжын?
Зэгуэр щыIа щытыкIэхэр ди пащхьэм
Щымыхьэнэншэт, задэдмыужьынт.

Псалъэ дыгъэлхэр, уэгу уизыхьэ щытхъухэр,
ДызыIэпишэм тфIэфIу, лэжьапIэфI.
А псори гухэхъуэгъуэу дэ къытщыхъурт,
Сезам куэбжэшхуэр тхузэIукIмэ, тфIэфIт.

Зэманыр кIуэрт, дужэгъут а псор пасэIуэу,
Псалъэ дыгъэлхэм IэфI ящIэмылъыжт.
Иджы акъылырт дытезышэр гъуэгум,
Зэгуэр дгъэунэхуахэм дапсыхьыжт.

Щэху гуэри хэмылъыж мы дунеишхуэм,
ЖытIэнуIам, ди япэ жаIэгъащ.
Акъылыр гурыIуэжри гурыщIэм,
ИтIанэ псори я пIэм изэгъащ.
Губзыгъэр и губзыгъапIэ,
Делэри и делапIэ.

Сызыдэмыхьэ пщIантIэхэри щыIэщ

СымыцIыху лъагъуэ куэд пхышащ дунейм,
Сызыдэмыхьэ пщIантIэхэр гъунэжщ.
Абы щыпсэухэр, хэтми, симыдзей,
КъысфIощI къыпхыкIыу ахэр лIэщIыгъуэжь.

Апхуэдэхэр щэху гуэркIэ къэтхъыхьащ,
Я нэIухэри си нэIум щIыхьэ-щIэкIщ.
ИгъащIэм дэ нэхуапIэу ди гугъар
Ямылъэгъуа къысфIощI пщIыхьэпIэу фIэкI.

Щыплъагъукъым ахэр цIыхухэр щызэхуэсым,
Е гуауи, хьэгъуэлIыгъуи дэмыхьэф.
Сыт я гум къеуэр, яIэр, зыщIэхъуэпсыр?
ЯIэжщ абы езым я кIыфI, я нэху.

Ди гъуэгу зыщIыпIи зэи щызэблэкIкъым,
Я куэбжи-набжи ахэм гъэбыдащ.
Гъуэгу даущыншэм щIагъуэ сигу къыхуэкIкъым,
Фэеплъу зэман нэщIым ипхъуэтащ.

ПщIантIэжьхэр щыIэщ, зыри щымыдыму,
Къэнэжу си гупсысэм и адрыщI.
И теплъэ гуэри нэм къимыубыдыжу,
А лъагъуэ кIэщIым и кIэр пщIантIэ нэщIщ.

СымыцIыху лъагъуэ куэд пхышащ дунейм,
Сызыдэмыхьэ пщIантIи куэдыкIейщ.

* * *
Нэхущыр мэбауэ хуиту,
Си усэр абы егъэнщI.
Сатырхэм щIэстын ириту,
Си жьэгум нартыху щопIэнкI.
Гупсысэр къепщытэ усэм,
ГурыщIэм лъагъуэ хухеш.
Нэхущыр макъ гуэр щоIусэ,
Бзэ щымыIэжым деж.
Гупсысэхэр гъуабжэгъуэщу,
Къоунэхури, мэбзэхыж.
Си жэщым и кIыфIым хэщIу,
Нэхущыр уафэм щоплъыжь.
УдаIуэмэ, куэбжэм адэкIэ,
ТхьэлъэIум и макъ Iурылъщ.
Нэхущым дунейр щипхъуатэкIэ,
ТоIэбэр щабэу псыджыл.
Гупсысэм сиплъэнущ и кIэм,
Гупсысэр хъужынщ щIыIэмыл.
Зэгуэрым хэкIынущ си псэр,
Жэщ кIапэр махуэм щыкIылу.

***
ЩIымахуэ ткIийщ дзыхь зэдмыгъэзхэм къишэр…
Куэзыр зырызу дызэбгырадзащ…
(Цветаевэ Маринэ)
Дыкъэпсэуащ, здэдгуэшу щIакхъуэ Iыхьэр,
Уэсукхъуэхэм зэгъусэу дыхыхьащ.
Щхьэ тщыгъупща иджы здэдгъэва гуащIэр,
ЩIэщыгъуэ зэпымычу тщищIти гъащIэр!
КъыIэпокIыж зэманым цIыхур щхьэхьу,
Лъахъшыжь зэдэдгуэшахэри ехуэхыу,
ДызэфIокIуэд апхуэдэу дэри. Щыму.
Псалъэншэщ си ныбжьэгъухэр сэ иджыри.
Си псалъэхэм я IэфIыр щIэхыу кIуэщIри,
Усэ сатырхэр хъуаи нэхъри хэщI…
КъахокI си гъуэгур сымыцIыху лъагъуищэм,
ЩIымахуэ ткIийщ дзыхь зэдмыгъэзхэм къишэр.
Зэпэмыджэж ди макъ, нэхъапэм хуэдэу,
Апхуэдэ дыдэу Хэкуми бын фIокIуэдыр.
ФIэкIуэдыр хуэпшыныжыркъым зэманым,
ЛIэщIыгъуи цIыхуи ирехьэж архъуанэм.

Жэщ псалъэмакъ
Игъахъэр махуэ псом ещтэжыр кIыфIым.
Гъуэгу нашэкъашэм тегъуэща къыпфIэщIу,
ЦIыху цIыкIур щхьэж и унэ йокIуэлIэж.

-ПэIущIэм и уэздыгъэр пыбгъэна?
-Умыгузавэ, дахэ, пызгъэнащ.
-Жэмыщ1эр къэкIуэжакъым. Упежьат?
-КъэкIуэжри, жэмэщым щIэсхуэжащ.

ИтIанэ щым мэхъужхэр. Даущыншэщ.
Адакъэхэр куэд мыщIэу къэушынщ.
Щым щыхъукIэ унэр, жэщым пходэIукIыр,
Телъыджэ гуэрхэр кIыфIым къыхищIыкIыу…

- Си джанэм щIыIу къичати… ибдэжат?
- Ар издэжыну щхьэ сщыгъупщэжат?
- Умыгузавэ, ибдэжынщ пщэдей…
Нэху щынущ. Семызэгъ итIани жейм…
- Пхъэ гъэсын тIэкIу, уигу къэкIыу, схуэпкъутат?
- Скъутащ, скъута… Мы жейм щхьэ сибгына?..

МахуэщIэщи, нэхутхьэхур къызэщIищIэм,
ПIащIэгъуэкIэ я Iуэхухэм хагъэщIынщ.
Аргуэруи бжэ лъэмбым зэребакъуэу,
Я махуэ псор мэхъуж абы IуэхущIапIэ.

Илъэс блэкIахэр хокIуэсэж хьэуам,
Жэщ дапщэм щыму нэпсхэр Iэпыхуа…
Нэхущым щогурымыр жьыбгъэ мащIэр,
Уоу, ди тхьэ, тхьэмыщкIэм тIэкIу яхуэгумащIэ!

Адакъэхэр мыгувэу зэщIэIуэнущ…

* * *
Хэт зылъагъунур?.. Ди псэр пыт, пымыт?..
ЗэхэдгъэкIыжкъым зыкIи емрэ фIымрэ.
Дэ мащIэу допIэжьажьэ щхьэхуимыту,
Ди гъащIэм къыхэднэжкъым тщыщу зыри.
Ди лъакъуэр зэблыдох, ерагъыу, чэфу,
Ди лIакъуи дэ куэд щIауэ дымыщIэж…
Зэм-зэмкIэ зыкъэтщIэжрэ дыкъэплъэфми,
Гупсысэншагъэм пшагъуэм дыхешэж.
Хэт зылъагъунур? Ди псэр пыт, пымыт?
Iуэху гуэркIэ ди дыгъуасэм дыбгъурыт?
Iэнкуну дытоувэ, тфIэщIу удз дгъэхъей,
ЗыфIэмыIуэхухэр зыри, зикI къытфIэмыIуэху.
Зэм-зэм дыкъаплъэм, ди лъэр догъэхъей,
Ди унэм дыщыхьэщIэщ, ныбжьэгъуи тфIэмыIуэху.
Хэт жызыIэнур? Ди псэр пыт, пымыт?
ЗэхэдгъэкIыжкъым зыкIи емрэ фIымрэ.
Зыгуэрхэр ди пIэкIэ гугъуехь пэщIэтщ,
Дэракъым, хэтми, лъагапIэ зубыдынур!
Дыпсэу? Е дымыпсэу? Зэгуэрым нэху щыжыну?
Щхьэхынэу едгъэдз ныбжьым Iэпкълъэпкъыр ихьэжынущ.

* * *
ЗэлъэщIыхьэжу кIуэнущи илъэсхэр,
Зэгуэрым псори и пIэ ихьэжынщ.
Щхьэж и къежьапIэ дынызэрыхьэсмэ,
Зэгуэр гурыщхъуэ тщIахэр ужьыхынщ.

«Ужьыхмэ губжьыр, зэ дысабырыжмэ» …
Апхуэдэу цIыхум зэш къызэренэкI.
Кхъуэщыным и щIэм кIэнтхъ етIысэхыжмэ,
Шагъырым и мэр мыкIуэдын афIэкI.

Щхьэлмывэ лъэщ нэхъей, мы дунеишхуэм
Гупсыси, псалъи – псори ихьэжынщ.
Зэгуэрым, кIыфIыр жэщIрэ, дыкъэушмэ,
Щыуагъи пцIыи ткIэрыщэщыжынщ.

Зэм-зэмкIэ къыхощтыкIыр щIы хъурейр,
ИкIагъэ, гузэвэгъуэхэр щишэчкIэ.
ИтIанэ, щIылъэм лъэщу зегъэхъей,
ФIей псор зыкIэридзыжу, зэрифIэщкIэ.

«Ужьыхмэ губжьыр, зэ дысабырыжмэ» …
Зыгуэр телъыджэу уэгум щыхъуэпскIынщ.
Илъэсхэр щIылъэм щызэлъэщ1ыхьэжмэ,
Щхьэж и къежьапIэ нэху дыкъыщекIынщ.

ЗэзыдзэкIар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.