И ЕКIЭРЭХЪУЭКIЫКIЭМ ЕЛЪЫТАЩ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым, Дыгъэм зэрыпэжыжьэ щымыIэу, къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ.
Абы папщIэ, астрофизикхэм къагъэсэбэпащ вагъуэ хэха гуэрым, къедза планетэхэм зэрызыщIашэм къыхэкIыу, уахэм къытригъэзэжурэ, и хьэлъагъ елъытауэ, зэрызыщигъазэм тещIыхьа Iэмалыр.
Астрономхэм ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу къагъуэта планетэхэр «GJI80», «GJ229A» нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIащ. Пэжщ, абыхэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIуми я хьэлъагъыр ди планетэм ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къыхэдгъэщынщи, I06-кIэ, I22-кIэ нэхъыбэщ.
 «GJI80» нагъыщэмкIэ хагъэунэхукIар егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм. Астрофизикхэм къызэралъытэмкIи, апхуэдэхэм екIэрэхъуэкIхэрщ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм нэхъ ебгъэщхъ хъуну щыIэхэри.
АрщхьэкIэ а Iуэхум емызэгъ гуэри къыкъуэкIынкIэ хъунущ. Ар сыт жыпIэмэ, плъыжь цIыкIужьейм екIэрэхъуэкIыр зэгъэщIылIам зыдригъэкIу фIэкIа умыщIэну, зэпымыууэ зы лъэныкъуэмкIэ хуэгъэзауэ щытыфынущ, Мазэр ЩIы Хъурейм зэрыдекIуэкIым хуэдэ къабзэу.
Вагъуэ жьэражьэм епха планетэ гуэрым ар и нэщэнэмэ, и зы нэкIубгъум зэпымыуэ кIыфIыр щытепщэнущ, адрей и щIэлъэныкъуэр махуэ зэфэзэщу щытынущ. Абы къыхэкIыуи, «экзопланетэ» жыхуаIэхэм я зы щIэлъэныкъуэм зэпымыууэ щыщIыIэнущ, мыдрейм махуэ имыкIыжыр щыхуэбащэу щытынущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ планетэм гъащIэ щыщыIэнымкIэ шэсыпIэ уихьэныр дзыхьщIыгъуэджэщ.
Ауэ, зи гугъу тщIа уафэщIитIым язу GJI80d зи нагъыщэм зэгъэщIылIа вагъуэм и екIэрэхъуэкIыкIэр ЩIы Хъурейр Дыгъэм зэрыдекIуэкIым хуэдэщи, гъащIэ гуэр къыщыунэхунымкIэ гугъэ нэхъ уэзыгъэщIщ.
Планетэхэр «къалъэгъуащ» ахэр зэпха вагъуэхэм къызэралъэтыхь гъуэгуанэхэм зэрызахъуэжымкIэ (гравитацэ къарукIэ зэрызызэщIашэм къыхэкIыу). Абы «гу лъатащ» мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ.
Плъыжь цIыкIужьейр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIужащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зы тIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр Шыхулъагъуэм (ди галактикэм адыгэхэр апхуэдэущ зэреджэр) щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абыхэм къедза уафэщIхэрщ, дыщыпсэу ЩIы Хъурейм зэрызыщиужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри.
«Нептун щIыIэ» зыфIащам и гугъу тщIымэ, ар къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэгъуэблагъэрщ. Абы и щIы щхьэфэм псы щыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм.
«Ди къэхутэныгъэм хуэдэхэм я фIыгъэкIэ, дызыхуэкIуэ лъэхъэнэ мыжыжьэм къагупсысыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну планетэхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. Нэхъыбэу дызытелажьэр аращи, нэхъ къытпэгъунэгъу вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь уафэщIхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэгъэкIынырщ», - трагъэчыныхь зи гугъу тщIа щIэныгъэлIхэм.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.