НАЛШЫК БЫДАПIЭМ И КЪЕЖЬАПIЭР

Тхыдэм къызэриIуатэмкIэ, Налшык быдапIэр 1818-1822 гъэхэм яухуауэ щытащ, генерал Ермоловым и унафэкIэ. Налшыкыпс Iуфэм щаухуа быдапIэр илъэс 15-м къриубыдэу жылэшхуэ хъуат икIи 1860 гъэм ирихьэлIэу абы уэрам зыбжанэ иIэт.
Дауи, зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм дэкIуэдыжащ а быдапIэм и мывэ блынхэр. Ауэ нобэр къыздэсым, лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъу щытщ Налшык быдапIэм и зы блын Iыхьэ. Ар къалъащхьэм и Къэбэрдей-Пятигорск уэрамхэм я зэпылъыпIэм тетщ, метр I,5-рэ и бгъуагъыу.
БыдапIэр I9-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм яухуами, абы къикIыркъым нэхъапэIуэкIэ мыбдеж цIыху имысауэ. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, 1724 гъэм нобэ Налшык здэщыт щIыпIэм и Iэхэлъахэм япэ дыдэу къитIысхьауэ щытащ пщышхуэхэу Къетыкъуэ Аслъэнбэч, Жанхъуэт Кушыку, Тэтэрхъан Жамбот сымэ я жылэхэр. ИужьыIуэкIэщ ар урысей пащтыхьым и унафэкIэ яухуа Кавказ линием и быдапIэ бжыгъэншэхэм ящыщ зы щыхъуар.
Езы Налшык фIэщыгъэцIэм утепсэлъыхьмэ, ар къызытехъукIам теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Хуагъэфащэ ар мы щIыпIэм щежэх Налшыкыпсым къытекIыжауэ. Арами, «налшыкым» зыгуэр кърагъэкIыу а псым фIащын хуеякъэ?! Языныкъуэхэм жаIэ жылэр щетIысэха бгы жьэгъур налым хуэдэу къэгъэшати, абы къытекIауэ. Нэхъ фIэщ щIыгъуафIэщ ещанэ еплъыкIэр: мыбдеж ятIагъуэр щыкуэдти, шыхэм я налыр щIичырт. Абы къыхэкIыу, щIыпIэми «налщыч» фIащащ.
Дауэ мыхъуами, бзэ щIэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр нобэр къыздэсым арэзы зэдытехъуакъым а фIэщыгъэцIэм и къежьапIэм. Адыгэбзэми, тыркубзэми, къэжэрыбзэми хэтщ «нал» псалъэр, къикIри зыщ. Къалэм и цIэр урысыбзэкIэ къыщупсэлъкIэ «чик» Iыхьэм къыпхуихынущ «щыч»-ри, «шык»-ри, «чик» (цIыкIу) дыдэри. Мыбдеж гу лъытапхъэщ литературэмрэ бзэмрэ Налшык фIэщыгъэцIэр зэдэарэзыуэ къызэдащтами, Налщычым и телъхьэхэри зэрымымащIэр.
I87I гъэм, Налшык быдапIэр слобода щащIыжам ирихьэлIэу, мыбы щыпсэуащ цIыху мини 3,5-рэ. I87I-I90I гъэхэм налшыкдэсхэм я бжыгъэр хэхъуащ цIыху мини 5-м щIигъуу.
Тхыдэджхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Налшык быдапIэм и кур Хуитыныгъэм и скверым хуэзэу щытащ (Кавказ зауэжьым хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъыр здэщытым деж). Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ абдеж щыплъагъурт пасэрей быдапIэм къыхэнэжа блын къутахуэхэр. Ауэ абыхэм бетон трагъэжыхащ, ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым.
Сурэтыр Агъырэ Тимур трихащ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.