|
УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ
22 января, 2023 - 06:25
СпортымкIэ мастер, дунейпсо класс зиIэ, КъШР-м и депутату, дунейм самбэмкIэ и чемпиону щыта Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ Черкесск къалэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм а зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ.
«Юбилейный» спорткомплексым щекIуэкIа VII къэралпсо зэпеуэм саугъэту бгъум щыщIэбэнащ абы хэтахэр, текIуахэр ахъшэкIэ ягъэпэжащ. КъищынэмыщIауэ, нэхъыфIхэм Iэмал ягъуэтащ Армавир къалэм самбэмкIэ щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну. Апхуэдэ пщIэр зылъысахэм ящыщщ Бжьэдыгъу Аскэррэ (кг 64-рэ) Мамий Астемыррэ (кг 88-рэ).
ЕтIуанэ увыпIэр яубыдащ ЖьэкIэмыхъу Ренатрэ (кг 88-рэ) Борэнрэ Иналрэ (кг 64-рэ).
Домбеякъыр къихьащ зи хьэлъагъыр килограмм 46-м нэблагъэхэм я деж щыбэна Узденов Муслим.
Спортсмен ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Ким Руслан, Махуэ Олег, ПшынащIэ Мурат, ГъущIапщэ Самир сымэ.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Налшык дэт Гимназие №I-м щекIуэкIащ илъэс къэс зэхаублэ «Рыцари закона» республикэ зэпеуэм и къалэ Iыхьэр. |
|
|
28.04.2025 - 09:19 Аруан щIыналъэм хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ къуажэдэс нэхъыжьыфI Къэгъэзэж Щамхьир и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуа плIанэпэ. |
|