ЗЫХУЕЙХЭМКIЭ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

Бахъсэн щIыналъэм щыщу дзэ къулыкъум ираджэжахэм яхэхуа ди щIалэхэм зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зыщIагъа­къуэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрагъэпэщащ къуа­жэ­дэс­хэм, еджапIэхэм щIэс­хэм, жылагъуэ зэгухьэ­ны­гъэхэм хэтхэм.

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур дзэ къулыкъур езыхьэкI ди щIалэхэм яхуэза нэужь, абыхэм хузэхуахьэсащ хущ­хъуэхэр, щыгъынхэр, зэрызагъэхуабэ Iэмэпсымэхэр, ерыскъыпхъэхэр. Ахэр Ислъэмей, Зеикъуэ къуажэхэм дэсхэм ­зэхалъхьа ахъшэмкIэ къащэ­-хуа УАЗ-454 санитар маши­нэмкIэ ирагъэшащ. Апхуэдэу, щIалэхэм, дауи, я гуапэ хъунущ школакIуэхэм абыхэм зэры­зыхуагъазэ тхыгъэхэр зэрыхуа­гъэхьари.
КъБР-м и Iэтащхьэм щIыналъэхэм я унафэщIхэм пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, ап­хуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэм дя­пэкIи пащэнущ.

УЭРКЪ Жыраслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.