Гъэлъэгъуэныгъэхэр
«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэлъагъуэ «Палитра» выставкэм хагъэхьащ республикэм и художник цIэрыIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт тхущIым щIигъу.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ и гуапэу къыхегъэщ утыку кърахьа лэжьыгъэ- хэр зи IэдакъэщIэкIхэр плъыфэ зэхуэмыдэхэр къэгъэсэбэпы-ным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр зэрынэрылъагъур, а плъыфэхэр я лъабжьэу гъуазджэм и фIыпIэкIэ узэджэн сурэтхэр къызэрагъэщIыр.
Выставкэм щагъэлъагъуэ Тураев Рустам, Ермолаевэ Аннэ, Аккизовхэ Сиярэрэ Имарэрэ, Уэрэзей Аслъэн, Чеченов Юрий, Иванниковэ Ольгэ, Зеленская Юля сымэ, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэр. Абыхэм яхэтщ япэу утыку кърахьаи. Бзылъхугъэхэр, удз гъэгъахэр, щIыуэпсым и дахагъыр къызэрыщ сурэтхэм зыIэпашэ, хуабагърэ гуапагърэ къапкърокI, дэтхэнэ лэжьыгъэри уасэншэщ, щIэщыгъуэщ, щIэ гуэр къыпхузэIузыхщ.
Печатым и махуэм ирихьэлIэу къызэIуаха выставкэм зыкърезыгъэхьэлIа журналистхэм тыгъэ хуащIащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм къыдигъэкIа альбомхэр. Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну гупыж зыщIхэм хъыбар фыдогъащIэ ар мазаем ику пщIондэ зэрыщыIэнур.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.