Астрофизикэ
Зэрынэрылъагъущи, уахэр (хьэршыр) зэлъэщIэгъэхьэнымкIэ лъэпощхьэпо нэхъ ин дыдэу къэувыр абы иIэ абрагъуагъэу кIэи пэи зыдамылъагъурщ.
Псалъэм папщIэ, ди Дыгъэм къегъэщIылIа уафэщIхэм (вагъуэ лэкъумхэм) ящыщу нэхъ жыжьэ дыдэу тпыIукIуэта Плутон и Iэхэлъахэм цIыху зэрымыс хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэ цIыкIуу «Новые горизонты» зыфIащар нэсыным илъэси 9,5-рэ текIуэдащ. Абы щыгъуи, а планетэр зэрытпэIэщIэр, зигъэхъей-сытми, ику иту, километр меларди 6-м нэблагъэщ.
АтIэми, дыщыпсэу ЩIыр зэкIэрэхъуэкI Дыгъэмрэ абы ирагъэщхьхэм ящыщу нэхъ къытпэгъунэгъу Альфэ Центаврэ вагъуэмрэ я зэхуаку дэлъыр километр триллион 42-м нэблагъэщи, къызыщывгъэхъут зи гугъу тщIа хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэм хуэдэм а гъуэгуанэр къызэнэкIыным иригъэхьыну зэманыр зыхуэдизыр (илъэс мелуан 1,1-м щIигъунущ).
Ауэ щыхъукIи, уахэ щIэншэр хуэшэмэджыпэрэ псынщIэрыкIуэу зэпозыгъэупщIыфын Iэмал къэгъуэтыным, иужькIи ар къэгъэIурыщIэным мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэм шэч къытехьэгъуейщ.
«Вселенная» зыфIаща къэщIыгъэ абрагъуэу дызыхиубыдэр арами, абы хуагъадэ адрей нэрымылъагъухэр арами, къэухь иныщэу къегъэпщIэкIахэр цIыху къарукIэ зэлъэгъэIэсыным зэману текIуэдэнур дызэрыщымыгугъауэ мащIэ щIынымкIэ хьэршым къыщахута Iэмалхэм я нэхъ пажэу астрофизикхэм мы зэманым къызэдалъытар «кротовая нора» («щIыIуб нэфым и гъуэ») цIэр зытрагъэIукIа къэщIыгъэ телъыджэрщ.
И къэгъуэтыкIэ хъуар
Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, зыми емыщхь а зэпрыкIыпIэр щыIэнкIэ зэрыхъунум япэу зи гупсысэ хуэкIуар физикэм и къудамэ гъуэзэджэу «Теорие относительности» зыфIащар дунейм къытезыгъэхьа Эйнштейн Альбертрэ зэман гуэркIэ абы дэлэжьа Розен Натанрэщ.
Къахутам теухуауэ а тIум 1935 гъэм щIэныгъэлIхэм хъыбар ирагъэщIат, дыкъэзыухъуреихь къэухьу (пространство) кIэи пэи зимыIэмрэ абы зэманыр, хуэмми псынщIэми, зэрыщекIуэкIымрэ дащхьэпрызышыфын «лъэмыж» гъуэзэджэу «щIыIуб нэфым и гъуэ» зыфIащар къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум хуэгъэзауэ.
Физикэ щIэныгъэм зэригъэбелджылащи, уахэ щIэншэр зи «лъахэ» сыт хуэдэ къэщIыгъэми адрейр зэрызыщIишэ къару телъыджэщ Ньютон Исаак «гравитацие» псалъэр зыфIищу хигъэунэхукIауэ щытар. АтIэ, а «зэбгъэдэшэкIэм» къигъэщI зэхъуэкIыныгъэ гъуэзэджэщ дыкъэзыухъуреихь къэухьыр (пространствэр), Iушэ-нашэ ищIу, зэрыхиш-зэрыриIуэнтIэкIри, дызэса зэманри, алъандэрэ зэрыщызэкIэлъыхьам хуэмыдэу, кIэщIыщэ зэрищIри.
Гравитацием апхуэдэ хабзэ къызэрыдекIуэкIым Iэмал имыIэу кърикIуэнкIэ хъунухэм ящыщщ (астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ) мы тхыгъэм зи гугъу щытщI «Эйнштейнрэ Розенрэ я лъэмыжу» «щIыIуб нэфым и гъуэ» зыфIащар (нэгъуэщIу абы йоджэ «хьэмбылу зэпрыпщыпIэ» - «червоточина» псалъэмкIи).
ИкIи, щIэныгъэлIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, IэмалыщIэу къахутар («хьэмбылу зэпрыпщыпIэр») къэзыгъэсэбэпхэм гъуэгуанэ нэхъ кIэщI дыдэ къагъуэтыфынущ, зэманымрэ ар щызэкIэлъыхьа пространствэмрэ щыхагъэунэхукIыну IэпапIитIыр (точкитIыр) псынщIэрыкIуэу зэлъэщIэгъэхьэнымкIэ.
«Мащэ хужькIи» йоджэ
Теорием хуэIэижь физикхэр апхуэдэ зэпрыкIыпIэм «мащэ хужькIи» («белая дыра») йоджэ, и ихьэпIэр «мащэ кIыфIым» («чёрная дыра») и икIуэдапIэм хуагъадэми, адрей и лъэныкъуэр укъызэрыкIыжыфын хуэдэу зэрыщытым къыхэкIыу.
КъэкIуэну жыжьэм куэду «теусыхь» тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэми мычэму дащрохьэлIэ «хьэмбылу зэпрыпщыпIэм» («щIыIуб нэфым и гъуэм») теухуа хъыбархэм. И щхьэусыгъуэу къэтлъытэри хьэршым дызыщрихьэлIэнкIэ хъуну а къэщIыгъэр, ипэжыпIэкIэ къэгъэIурыщIа хъуа иужькIэ, хэкIыпIэфI куэдым и джэлэсу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунурщ.
Уегупсыс зэрыхъунумкIи, ар IэмалыфIщ хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэхэр, зы цIыху гъащIэм къриубыдэу, нэгъуэщI вагъуэ зэрыбынхэм (галактикэхэм) къыщыхутэнымкIи, къинэмыщI дунейхэм (вселеннэхэм) ялъэгъэIэсынымкIи. ЗэрыжаIэмкIи, «хьэмбылу зэпрыпщыпIэм» дыкъэзыухъуреихь къэухьыу кIэи пэи зимыIэм и зы дэтхэнэ къуэгъэнапIи псынщIэрыкIуэу (нэхум зэрызидз хуабжьагъэм ефIэкIыжу) укъыщигъэхутэфынущ.
КъинэмыщIауэ, пространствэр кIуэцIрызыIуэнтIыкI «гъуэдыджым» («хьэмбылу зэпрыпщыпIэм») шэсыпIэ къыдет зи кIуэкIэм текIыгъуей зэманым дыпэлъэщынымкIи, уеблэмэ блэкIам дгъэзэжу къыщекIуэкIахэм дащыкIэлъыплъыжынымкIи (шыпсэусхэм зэрытрагъэчыныхьу).
Сыт, атIэ, дызыхуэчэму къалъытэр «щIыIуб нэфым и гъуэр» джыным щIэмычэу яужь ит щIэныгъэлIхэм?
Псом япэрауэ, абы и инагъыр зыхуэдизыр къазэрыхуэмыщIэрщ. ЕтIуанэрауэ, абыхэм цIыху зэрыс хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэ ибутIыпщхьэн дэнэ къэна, къызэрымыкIуэ хьэпшып цIыкIу нэгъунэ гъунэгъуу бгъэдэбгъэхьэнри дзыхьщIыгъуэджэщ, къыщекIуэкIыр нобэкIэ дахэ-дахэу зэрызэхамыгъэкIам къыхэкIыу…
КЪУМАХУЭ Аслъэн.