ДЫГЪЭМЫХЪУЭ ЛЪЭМЫЖЫР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) ипкъ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм деж Дыгъэмыхъуэрэ Хьэрэкхъуэрэрэ зэрипхыу Бахъсэныпсым телъ лъэмыжыр трахыу щIэрыщIэу тралъхьэжыну гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ.

КъуажэщIымрэ адрыщIымрэ зэпызыщIэ лъэмыжыр жылэр къыщытIысым япэ дыдэу ящIа ухуэныгъэхэм ящыщщ. Илъэс щитIым нэблэгъа лъэмыжыр абы лъандэрэ мызэ-мытIэу зэрахъуэкIащ, трахыпэу щIэуэ щытралъхьэжаи къыхэкIащ. Иджы телъыр зэращIрэ илъэс щэ ныкъуэм щхьэдох, ауэ абы зэремылэжьрэ, зэрызэрамыгъэпэщыжрэ куэд щIащ. Иужьрей дыдэу гъуэгуухуэхэр абы щеIусар I980 гъэхэрщ. Абы къыхэкIыу жьы хъуа лъэмыжыр трахыпэну, и лъабжьэр ягъэжу ибгъухэр гъуэгущхьэIухэм къыхагъэхьэжыну траухуащ.
Къуажэдэсхэм дежкIэ лъэмыжым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы къуажэ хьэблитIыр зэпищIэ къудейкъым, атIэ жылагъуэм Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэ социальнэ IуэхущIапIэхэр зэрепх. Дыгъэмыхъуэ куэщIым щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ сымаджэщыр итщ, апхуэдэуи абдеж унагъуэ куэд щопсэу. Къуажэм къизышэ гъуэгу закъуэр лъэмыжым зэрикIым къыдэкIуэу, цIыхум я узыншагъэмрэ шынагъэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ и мыхьэнэр зэрыиным къыхэкIыу ухуэныгъэр къэралым и нэIэм щIэтщ.
Дыгъэмыхъуэ лъэмыжым мы махуэхэм и екIуэлIапIэхэр трах, ар зэпха псыхъуэ ныджэхэр къатIэщIащ. Гъуэгуухуэхэм зэрытраухуэмкIэ, ныджэ егъэбыдылIапIэхэр нэхъ бгъуэ ящIынущ, лъэмыжри яIэтынущ икIи яшэщIынущ. Мы далэм лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэр псы мыкIуэн хуэдэу ягъэгъущ, гъущIыкIэ хагъэжыхьынухэр ягъавэ, лъэмыж бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ ягъэхьэзыр.
Дунейр хуабэ кIапэ зэрытехьэу лъэмыжым и пкъыр трахыпэнурэ цIыхур зэрызекIуэн лъэс лъагъуэр занщIэу тралъхьэнущ. АпщIондэхукIэ пIалъэ кIэщIкIэ цIыхухэр къуажэщIым къызэрихьэн зекIуапIэ псыIум тралъхьэнущ. Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэмыжым епха лэжьыгъэхэр псори дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэ мазэ пщIондэ екIуэкIынущ.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.