ХЬЭЩIЭМ ТЕУХУАУЭ

Хабзэ

Къуажэм щыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт ар. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зэхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти джэгум Iуашэрт.
Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт. ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» - жаIэрти.
Ауэ нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукIэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, я адэ-анэм елъэIуурэ, къыхашырти, джэгу хуащIырт. Хъыджэбзхэр къыхашу зылъагъу щIалэхэр епIэщIэкIыу, езыр-езыру къызэхуэсхэрт.
Iуэхур къызэрагъэпэщыху, щIалэ хьэщIэм Iэнэ къыхуащтэрт. Хуэмурэ щIалэхэр къызэхуэсырти, джэгур зэхаублэрт. Зызэман хьэщIэри къыщIашырт. «ХьэщIэ щыIэщ, фытекIуэт!» - жаIэрти, джэгум Iутхэр зэлъыIукIуэтырт. ЩIалэхэр къэкIуатэрти, фIэхъус кърахырт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, щIалэхэр зы лъэныкъуэмкIэ, хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щызэхэтт. Джэгур езыгъэкIуэкIым къэфэнуми, пшынэ зэхъуэкIын, Iэгу еуэн хуейми я унафэ ищIырт.
ХьэщIэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыIэщ!» - жаIэрти, адрейхэр утыку кърагъэхьэртэкъым. ХьэщIэр къыдашырт. Хъыджэбзхэм ящыщу нэхъ дахэр, зэкIужыр е пшынауэр къыхудашырти, къыдагъафэрт. Хэгъэрейхэм ящыщ зыгуэркIэ утыку къихьауэ хьэщIэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкIам игъэзэжырти, и пIэ иувэжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэщIэм пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэрт. 
Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэмкIэ. Ауэ хьэщIэр къыщыфэкIэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщIэр ягъэлъапIэу.

*   *   *

Адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкIэ хьэлэлт, «си шыгъупIастэ цIыхум ишхарэт», - жиIэу апхуэдэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэр къыщысами, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт», - жаIэу.
Бысымыр и куэбжэпэм щыту, къуажэм къыдыхьа хьэщIэ гуэр блэкIыу сэлам къритамэ, фIэхъусыр къыIихырти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщIэ утщIынщ, бысым уимыIэмэ!» - жриIэрт. Ар зыжриIа хьэщIэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэмэ, къигъэкIэрэхъуэжырти, еблагъэ къыжезыIам и деж щепсыхырт. Ар бысымым пщIэ къыхуащIауэ, щIыхьу къилъытэрт.
Адыгэ бысымыр хьэщIэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдыгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар напэтехт.
ХьэщIэм и дежкIи бысымхъуэж ищIыныр къекIуртэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукI», - жаIэу псалъэжь щыIэщ. Бысымхъуэж зыщIа хьэщIэм чыцIыхъу хуаукIырт, «бысымхъуэж щыпщIакIэ, аращ уэ пхуэфащэр», - жиIэу къикIыу.
«ХьэщIэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькIэ дэ ди хьэщIэщ», «ХьэщIэр угъурлыщ, фIыгъуэ къыдокIуэ», - жаIэрти яIэ псомкIи ягъэхьэщIэрт щыгуфIыкIыу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.