КРЕМЛЫМ ЩЫЛЫД ВАГЪУЭ ПЛЪЫЖЬХЭР

1935 гъэ пщIондэ Кремлым и щхьэщыгум вагъуэм и пIэкIэ пылъащ щхьитI зыпыт бгъэр - ар Урысей империем и дамыгъэт. ИужькIэ, Совет властым унафэ ищIащ гъубжэрэ уадэрэ зытещIыхьа, жырым къыхэщIыкIа вагъуэкIэ ар яхъуэжыну. Вагъуэми иджы иIэ теплъэр щигъуэтар иужьыIуэкIэщ. Япэ щIыкIэ ар гъэщIэрэщIат Уралым и мывэ цIугъэнэхэмкIэ (аметист, топаз, александрит, абджыджэ, аквамарин). 1937 гъэм накъыгъэм Кремлым и чэщанитхум (башня) налкъут плъыжьым (рубин) къыхэщIыкIа вагъуэхэр пагъэтIысхьэным траухуащ. 

- XVI  лIэщIыгъуэм Спасскэ чэщанэм и щхьэм япэу щаIэтащ щхьитI зыпыт бгъэр. Абы и ужькIэ къэралым и гербыр палъхьащ Никольскэ, Троицкэ, Боровицкэ чэщанэхэми. Жьы хъуауэ къалъыта дамыгъэхэр икIэщIыпIэкIэ зэхъуэкIын хуейуэ щыжаIащ 1935 гъэм, ВКП (б)-м и ЦК-м и зэIущIэм. Вагъуэр зэрагъэщIэрэщIэну мывэр щызэрагъэпэщащ Уралым и IэпщIэлъапщIэхэм я деж. Зы вагъуэм хуэзэу мывэ цIугъэнэ (самоцвет) 1300-рэ хагъэтIысхьащ. Мывэхэм щелэжьащ Свердловск фабрикэмрэ Ленинград дэт «Русские самоцветы» заводымрэ. Мывэхэр зыхъуахэм ящыщ зым урыс тхакIуэ Бажов Павел и хъыбархэм къыхэщыж Данил IэпщIэлъапщIэм и образыр тращIыкIащ. Езы IэпщIэлъапщIэм и цIэр Зверев Данилт. Кремлым и вагъуэр зыщIахэм нэмыщI, ар яхэтащ индустриализацэм и картэр зэхэзыгъэувахэм, Лениным и мавзолейм папщIэ мывэхэр къыхэзыхахэм. 
1935 гъэм Кремлым вагъуиплIыр палъхьащ Спасскэ, Никольскэ Троицкэ, Боровицкэ чэщанэхэм. Мывэ цIугъэнэхэмкIэ ягъэщIэрэщIа жыр вагъуэхэм тонн бжыгъэ я хьэлъагът. Вагъуэхэр пагъэтIысхьэн и пэ къихуэу инженерхэр егупсысат апхуэдиз зи хьэлъагъ вагъуэхэр чэщанэхэм яхуэIыгъыну пIэрэ жаIэри. ИкIи чэщанэхэм щакIэлъыплъым гу лъатащ и ищхьэ къатхэр жьы зэрыхъуам. Ахэр зыхуей хуагъэзэжащ, Спасскэ, Троицкэ, Боровицкэ чэщанэхэм я щхьэхэр гъущI щIэгъэкъуэнкIэ зэщIакъузэжащ. 
Килограмм минхэр зи хьэлъагъ вагъуэхэр Кремлым и чэщанэхэм пыплъхьэныр егъэлеяуэ гугъут. 1935 гъэм абы папщIэ къэбгъэсэбэп хъу Iэмэпсымэ гуэрхэри щыIэтэкъым. Чэщанэхэм я нэхъ лъахъшэIуэр – Боровицкэр метр 54-рэ хъурт, нэхъ лъагэр - Троицкэр - метр 80. Чэщанэхэм ялъэIэсын кранхэр а зэманым щыIэххэтэкъым. Инженерхэр Iэмал хуекIуащ. Чэщанэ къэс кран щхьэхуэ къыхуагупсысащ, и щхьэ къатым щагъэуву. ЩхьэгъубжэмкIэ къыдэпх хъууэ «консоль» жыхуаIэ гъущI лъабжьэр къызэрагъэпэщащ. ЯпэщIыкIэ щхьитI зыфIэт бгъэхэр трагъэуващ чэщанэхэм, итIанэ – вагъуэхэр.
Газетхэм щатхырт апхуэдэ лэжьыгъэ дахэ икIи гугъу зэфIэзыгъэкIа совет лэжьакIуэхэмрэ инженерхэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр. Вагъуэхэм я кум мывэ цIугъэнэхэмкIэ СССР-м и дамыгъэр - гъубжэмрэ уадэмрэ хэщIыхьат. Абыхэм дыщэпс тегъэлъэдэжат. Абы ихьащ мывэ зэмылIэужьыгъуэу мини 7-м нэблагъэ, карат 20-м къыщыщIэдзауэ 200-м нэс хъухэу. Мывэ къэс я нэзхэр налмэскIэ къэщIыхьат. Ахэр къыпымыхун папщIи дыжьын винткIэ кIэрагъэбыдэжат. Вагъуэр яIэтыным дэтхэнэми текIуэдар сыхьэт е сыхьэтрэ ныкъуэрэщ. Троицкэр щаIэтым жьапщэшхуэ къыкъуэуати, абы гугъу дехьащ. Дамыгъэхэр Кремль щхьэщыгум куэдыщэри щылыдакъым. Абджыджэрэ (хрусталь) топазкIэ гъэщIэрэщIа вагъуэхэр зэрыцIууар илъэситI къудейщ. Ахэр фагъуэ ящIащ сабэмрэ уэшх-уэсымрэ. ПлъэщIыну, уакIэлъыплъыну егъэлеяуэ гугъут. I936 гъэм вагъуэхэм я эскиз щIэрыщIэу ящIащ, ар къызыхэщIыкIари яхъуэжыным траухуащ. Теплъэр игъэхьэзыращ иужькIэ цIыхубэ сурэтыщI, Сталин и саугъэтым и лауреат хъуауэ щыта Федоровский Фёдор. Абы зэпилъытащ вагъуэщIэхэм я теплъэри я инагъри. Федоровскэм къыхилъхьащ мывэ цIугъэнэхэм (самоцветы) япIэкIэ, вагъуэхэр щащIкIэ налкъут плъыжь абдж (рубиновое стекло) къэгъэсэбэпыныр. Совет промышленностым и пщэ къыдэхуащ къалэн гугъу - апхуэдэ абдж игъавэу зригъэсэн хуейт. Абы япэкIэ налкъут плъыжь абдж куэду зэи къыщIагъэкIатэкъым. Ар быдэу щытыным нэмыщI, нэху пхыкIыфу, температурэм зыщихъуэжкIэ и зэран къыхэмыкIын хуэдэу зэхэгъэвэн хуейт. 
Кремлым и вагъуэщIэхэр гъэхьэзырыным елэжьащ гъущIыкIэхэр къыщIэзыгъэкI, автомобиль, электротехникэ, абдж щащI IуэхущIапIэ 20-м нэблагъэ. Абы елэжьащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэр. Апхуэдэ абдж лIэужьыгъуэу гъэвэн хуейт метр зэбгъузэнатIэ 500. Абы папщIи щIэуэ технологие щхьэхуэ къагупсысащ. Нэхъапэхэм апхуэдэ абдж ящIмэ, плъыжь къыщIагъэхьэн папщIэ дыщэ хагъавэу щытащ. Иджы абы халъхьэрт селен. 
1937 гъэм ящIа вагъуэхэр улъиинкIэ умышынэми хъунут, ахэр къызэрыщIыхьар жырт. Вагъуэхэм ятрихьэ сабэр бгъэкъэбзэнри нэхъ тынш ящIат. Кремлым и вагъуэхэр плъыжь дахэу ягъаблэрт ватт 3700-м щегъэжьауэ 5000-м нэс лъэщагъ зыIыгъ лампIхэм. ЛампIхэр исмэ, занщIэу ункIыфIыртэкъым, нэхъ фагъуэу блэн щIадзэрт. АпщIэндэху ар зэхъуэкIын зэрыхуейр къозыгъащIэ макъ зыгъэIу механизмыр къэлажьэрт. Сыхьэт ныкъуэ текIуадэу арат лампIхэр щIэкIэ зэхъуэкIыным. Иджы вагъуэхэр чэщанэхэм нэхъ быдэу трагъэубыдат. 
Кремлым и чэщанэ щыгухэм налкъут плъыжь вагъуэхэр щоблэ жэщи махуи. Ахэр ягъэункIыфIын хуей хъуащ тIэунейрэ: I94I гъэм – бийр къалэм гъунэгъу къыщыхуэхъуам, апхуэдэуи, I990 гъэхэм – «Сибирский цирюльник» фильмым и теплъэгъуэхэм ящыщ Кремлым щытрахым щыгъуэ. 
 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.