IУАЩХЬАЦЭ И ЩЭХУХЭР

Пасэрей зэман жыжьэм хабзэу щыIащ дунейм ехыжа лIыхъужьхэм, уэркъхэм, пщыхэм я кхъащхьэм Iуащхьэ тращIыхьыжу, абдеж цIыхушхуэ зэрыщIэлъыр, а щIыпIэм пщIэ хуэщIын зэрыхуейр ящIэн, абы и хъыбар мыкIуэдыжын папщIэ. Кавказ Ищхъэрэм щыкуэдщ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэм хуэдэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Аруан къуажэм и Iэхэлъахэм, километри 9-кIэ Налшык къалэ пэжыжьэу щытщ Урысейм и апхуэдэ ухуэныгъэхэм я нэхъ лъагэ дыдэу къалъытэ Iуащхьацэ жыхуаIэр. Ар тенджызым елъытауэ метр 720-рэ лъагапIэм тетщ. 
ТеплъэкIэ ар къызэрыгуэкI Iуащхьэщ, метр 22 - 27 и лъагагъыу, метр 400 и хъуреягъыу. Абы и щыгур папцIэкъым, атIэ хуиту утет, ущызэхэзекIуэ хъууэ телъэщIащ. Уеблэмэ Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм Iуащхьацэ и щыгум тетащ биидзэм и быдапIэр. 
Iуащхьэр Евразием и нэхъ лъагэу дыдэу жаIэу кърахьэжьат зэгуэр. Ауэ ар пэжкъым. ИужьыIуэкIэ къызэрахутамкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 617 - 560 гъэхэм Лидием (нобэрей Тыркум) и пащтыхьу тета Алиатт ЕтIуанэм и Iуащхьэр нэхъ лъагэщ Iуащхьацэ нэхърэ. Ари, Стоунхендж (Британием) и Iэхэлъахэм ит Силбери-Хилл жыхуиIэ Iуащхьэри Iуащхьаци зэщхьщ, зы сурэт тращIыкIам хуэдэу. Абыхэми я щыгур телъэщIащ. 
Хъыбарыжь зыбжанэ епхащ Iуащхьацэ. Адыгэ тхакIуэ Нэгумэ Шорэ зэритхыжамкIэ, пасэрей зэманым Iуащхьацэ и щыгум тетащ чыристан тхьэунэ. «История адыхейского народа» тхылъым итщ Алыджым къикIыу, Кавказым япэ дыдэ къагъэкIуауэ щыта, Юстиниан пащтыхьышхуэм и тепщэгъуэм псэуа епископым и хъыбар. Епископым хуаусауэ щыта уэрэдым къыхощыж «дыжьыныбжэ хэлъу Тхьэунэ телъыджэ яухуауэ» зэрыщытар. 
Тхыдэтх Акритас Панайот зэритхыжамкIэ, адыгэхэм муслъимэн диныр къащта нэужь, чыристан тхьэунэм щIы тракIутэжауэ щытащ. Арами, Iуащхьэм мыхьэнэшхуэ иIэу, пщIэ хуащIу къэнащ. Уеблэмэ, I9-нэ лIэщIыгъуэм, бгырысхэр а Iуащхьэм щыблэкIкIэ, къызэтеувыIэурэ нэмэз щащIырт, гъэ къэс, мэлыжьыхь мазэм Япэ удзым и махуэшхуэр щагъэлъапIэрт, цIыхугъашхэ щызэхаублэрт, джэгу щрагъэкIуэкIырт. 
ЗэрыжаIэмкIэ, Iуащхьэм уихьэ хъууэ щытащ, икIи абы и кIуэцIым щыпсэуащ «хамэбзэкIэ псалъэ гуэрхэр». Зи нэкIэ зылъэгъуахэм жаIэжырт я блынхэр гъэщIэрэщIауэ пэшищ зэритыр, пэш къэси гъущI гъуэлъыпIэ щIэту. Хуагъэфащэ, Кавказыр Урысей пащтыхьыгъуэм хагъэхьа нэужькIэ, мы щIыпIэхэм къэIэпхъуа гуэрхэм ар псэупIэ ящIауэ. Сыту жыпIэмэ, а лъэхъэнэм Налшык и Iэгъуэблагъэм куэду щыпсэуащ баптистхэр, штундистхэр, икIи абыхэм къагъэсэбэпу щыта щIопщ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэдэ Iуащхьацэ и щIыунэм къыщагъуэтыжат. ЗыщIагъэпщкIуами нэгъуэщI щхьэусыгъуэ иIакъым – къызыкIэлъыкIуари, къыщIэкIуари, къэзыгъэкIуари ябзыщIырти, адыгэхэм къахэмыхьэу, Iуащхьэм зраубыдэжауэ арат. Лъахэхутэ Бекъул Хьэбас зэрыжиIэмкIэ, зэгуэр щIыунэм ехат Бэрэгъун Теувэжрэ ХьэжыкIуш Арахърэ. Теувэжыр къаукIащ, Арахъыр яубэрэжьащ. 
Хъыбарым къыхэщыж дыжьыныбжэр пэж дыдэу щыIащ, абы сантиметри 140-рэ и лъагагът икIи Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Гумкъалэ дэс урысыдзэм тыгъэ хуащIауэ щытащ. Iуащхьацэ и щIыунэ ихьэпIэр къещэтэхыжри, къуацэчыцэм щIихъумэжыпащ. 
Дауи, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр зытражыIэж Iуащхьэр щIэныгъэлIхэм яджащ. 1983 гъэм абы археологие къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIащ Батчаев Валерий. Аруан жылагъуэм и Iэгъуэблагъэм Iуащхьэ 44-рэ къыщигъуэтат абы. Батчаевым къызэрихутамкIэ, Iуащхьацэ майкоп культурэм щыщщ, икIи яухуащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 4000 - 3000 гъэхэм! Археологхэм хуитыныгъэ къратакъым а Iуащхьэр къатIэщIу, щIэлъыр къыщIахыну. Ауэ майкоп культурэр зищIысхэм фIыуэ къагуроIуэ Iуащхьацэ щIэлъынкIэ хъунур. Апхуэдэ Iуащхьэхэм куэду къыщIах домбеякъым, дыжьыным, дыщэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, фэилъхьэгъуэхэр, хьэкъущыкъухэр, Iэмэпсымэхэр. Ахэр епхащ Месопотамиемрэ Хьэтеймрэ я кульутрэмрэ тхыдэмрэ. Iуащхьацэ и ухуэкIэмрэ теплъэмрэ ещхьщ пасэрей Азие ЦIыкIум щыпсэу лъэпкъыжьхэм яухуэу щытахэм. Ар нэхъ куууэ бджыну яужь уихьэмэ, лъэхъэнэжьым и фэеплъ щэнхабзэ телъыджэр кIуэдынущ, Iуащхьэр щIэрыщIэу пхузэтелъхьэжынукъым. 
Iуащхьацэ къызэрыгуэкI ухуэныгъэу зэрыщымытыр фIыуэ къызыгурыIуэ гуэрхэм ар зэхадыгъуэну яужь итащ 2009 гъэм. Уеблэмэ экскаватор нэгъунэ къахуат, Iуащхьэр иратхъуну, кхъэлэгъунэм нэхъ псынщIэу нэсу абы илъыр зрагъэщIэн папщIэ, метр 25-кIэ иратIыхат. Ауэ апхуэдэ щIэпхъаджащIэхэм сытым дежи къапэщIэуващ тхыдэмрэ культурэмрэ пщIэ хуэзыщI къуажэдэсхэр. Мызэ-мытIэу кърахьэжьа хабзэншагъэр къызэпаудащ, икIи, ди гуапэ зэрыхъунщи, кхъэлъэгъунэм зыри нэсакъым. 
ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ Iуащхьацэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэри, бзаджащIэхэм иратIыха шахтэм 20I7 гъэм ехат щIэныгъэлI гуп, Кавказым АрхеологиемкIэ и институтым и унафэщI Атабиев Бияслан я пашэу. Абыхэм щIы, мывэ, пхъэкъу къыдрахъеящ яджыну. Ари ядакъым цIыхубэм… ЗыкъыщаIэтым, къэхутэныгъэхэр къызэтрагъэувыIащ. 
 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.