ДИ ЩIЫУЭПСЫР ТЕЛЪЫДЖЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и куэдщ цIыхупсэм зыщигъэпсэху, и гур хэзыгъахъуэ щIыпIэ телъыджэхэр. Ахэращ ди хьэщIэхэри лъахэм къэзышэр, къэмыкIуэфхэми я нэр къызыхуикIыр. Хэгъэгум и апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Гуэл щхъуантIэхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, гуэлхэр тху мэхъу икIи Ипщэ, Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэу зэхедз. Апхуэдэуи абыхэм я гъунэгъуу щытщ Гуэл щэхумрэ Гуэл гъущэмрэ.
Нэхъ телъыджэу къалъытэр, дауи, Ищхъэрэ гуэлхэращ, абы гектари 2,4-рэ еубыд, метр 279-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ и куууагъщ. Псым и хуабагъыр гъэмахуэми щIымахуэми зэхуэдэщ, градуси 9 иIыгъыу аращ. Гуэлым псы зыри хэлъадэркъым, ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, езым псы литр мелуан 70-м нэс зы жэщ-махуэм къыщыщIож.
Иджырей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гуэл лъабжьэм бгъуэнщIагъхэр, тоннелхэр куэду щыIэщ икIи ахэр псори зэпыщIащ. Гуэлым и щIагъым псы щIож, псынэхэр щыIэщ.
Ди республикэм щыIэ Тамбукъан гуэлым хэлъ ятIэм и сэбэпынагъыр «Налшык» курортымрэ «Кавказские Минеральные Воды» зыгъэпсэхупIэхэмрэ хуабжьу къыщагъэсэбэп. Абы и ятIэр хы ЛIам ейм хуагъадэ. А ятIэр Iыхьищу зэтелъщ, илъэс 700 лъандэрэ зэтрихьэу. Гуэл лъабжьэм щIэлъ ятIэ хущхъуэр тонн мелуани 2,5-м нос. I886 гъэм къыщыщIэдзауэ медицинэми косметологиеми къыщагъэсэбэп, ауэ ди цIыхухэм пасэрей зэман лъандэрэ ящIэ ар зэрыхущхъуэр.
Гуэлым ипсри минералкIэ къулейщ, зы литрым грамм 30 хэлъу къахутащ. Сульфиднэ ятIэкIэ зэджэр зыгъэпсэхупIэхэм куэду зэбграш, Iэпкълъэпкъ зэрытыпIэхэмкIэ сэбэпщи.
Тамбукъаным и куууагъыр метр1,4-рэ мэхъу, абы зыщыбгъэпскI хъуркъым.
«Нарзанхэм я ауз» щIыпIэр Хасаут псыр щежэх аузым дэтщ, метр I300-кIэ хы щхьэфэм нэхърэ нэхъ лъагэщ. Ар хуабжьу сэбэпщ узыншагъэм дежкIэ. Нарзаныр псы ежэххэм я гъунэгъуу къызэрыщыщIэжым къыхэкIыу, абы холъадэ. Аузым километрищ хуэдизкIэ укIуэцIрыкIмэ, нарзан къыщIэжыпIэу 20 урихьэлIэнущ. Аращ абы Нарзанхэм я ауз щIыфIащари.
Мы псы хущхъуэ телъыджэр къэкъуалъэу къыщIэж щхьэкIэ щIыIэщ, илъэс хъурейм градуси I0 иIыгъыу аращ. Нарзан къыщIэжыпIэ нэхъыщхьэхэр зэбгъэлъэгъуа нэужь, псыр здежэх лъэныкъуэмкIэ уехмэ, адрейхэми урихьэлIэнущ.
Джэдмышх псыкъелъэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ, Хьэбэз жылэм километр II хуэдизкIэ пэжыжьэу. Джэдмышхым туристхэм «Пащтыхь псыкъехуэххэр» фIащащ. «Пащтыхь пыIэкIэ» еджэхэри щыIэщ.
Дахэщ икIи гъэщIэгъуэнщ псыкъелъэхэр. Хэти псыгъуэу, хэти хъыжьэу къохуэх ахэр бгы лъагэм. Абыхэм я лъагагъыр зэхуэмыдизми, ику иту метр 60 хъууэ хуагъэфащэ.
 Джилы-Су аузым и щIыпIэ телъыджэщ зыплъыхьакIуэхэр хуабжьу дэзыхьэх БыдапIэхэм я аузыр. БыдапIэ хъужыр хуабжьу телъыджэщ – метри I0-I5 зи лъагагъ мывэ папцIэхэр дыгъэм пэлыду губгъуэм итщ. Жыжьэу уеплъмэ, мывэм IэкIэ къыхаIущIыкIа дахэ гуэру уIуоплъэ, зэрыт щIыпIэм мамырыгъэр щахъумэ фIэкIа умыщIэну. АрщхьэкIэ, ар цIыхукъым зыщIар, атIэ щIыуэпсым къигъэщIауэ аращ, гъунэгъу ухуэхъумэ, зыкIи зэрызэмыкIуалIэр плъагъуу.
Ахэр щIыуэпсым и фэеплъщ, жьыми, псыми, уэсми нэхъ гъэщIэгъуэн ящI фIэкIа, фэншэ къытрамыгъауэу.
Шэджэм аузым удэту удэжеймэ, Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм километритIкIэ нэхъ пэмыжыжьэу Псыкъелъэ цIыкIухэм уахуозэ.
АдэкIэ нэхъ удэкIуеймэ, аузыр нэхъ зэв мэхъу, метр 25-рэ фIэкIа и мызэхуакуу. Мис абдеж щыщIедзэ Шэджэм псыкъелъэ нэхъ инхэр. Абыхэм я нэхъыщхьэр Каярты псым хэхуэращ. ЗыплъыхьакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэнращи, псыр метр 50-60-кIэ къохуэх. Языныкъуэхэр бгы зэхуакухэм къыдож.
А щIыпIэм псэмрэ гумрэ зэрызыщагъэпсэхум уасэ хуэщIыгъуейщ. Хьэуар къабзэщ, нэм къиплъыхьыр телъыджэщ, псы щIыIэ ткIуэпсхэм уи гупсэхугъуэр нэхъри щIагъэбыдэ.
ЩIыуэпскIэ къулей Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуахэр абдеж къыщызэтеувыIэркъым. Шэджэм аузым адэкIэ докIри, Эль-Тюбю къуажэ цIыкIум я лъэр нахус. Мис абдеж нэми псэми я IутIыжщ. МэзкIэ щIэгъэна къурш абрагъуэхэм къаухъуреихь удз щхъуантIэ защIэкIэ щIэгъэна тафэшхуэр. БгыкуэщI уисыну уи щIэщыгъуэ?! А щIыпIэр абы хуэщIащ. Нэхъыбэж къилъыхъуэрэ уи гум? АтIэ къэлъэтыхь.
Эль-Тюбю парадром щолажьэ, къэзылъэтыхьу есахэри зэи уэгум имыхьахэри уафэм драхьейуэ. Парадромым и инструкторхэр уи гъусэу удрахьеинущ, бзухэм къыщалъэтыхь лъагагъым уиту губгъуэ куэщIым укъиплъэнущ, къуршыщхьэ задэхэр зэбгъэлъагъунущ. Ар мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ зэIухащ.
Пщащэ щхьэцкIэ зэджэ псыкъелъэхэр Терскол бгым и ипщэ джабэмкIэ къыщытщ, метр 3I00-кIэ хы щхьэфэм нэхърэ нэхъ лъагэу. Абы узэрыIуплъэу бгырыс пщащэм и щхьэцыгъуэ пIащIэ кIыхьыр уи нэгу къыщIегъэхьэ. Псыкъелъэхэр метр 30-кIэ къохуэх. Метр 15 я бгъуагъщ. Ахэр къызыщIэжыр Гара-Баши мылылъэращ. Мыри щIыпIэ телъыджэщ псым и макъ, жыгхэм я даущ, хьэуам и IэфI зыхэпщIэу махуэр бгъэкIуэну ухуеймэ. Унэсыну тIэкIу нэхъ гугъуми, туристхэм фIыуэ ялъагъу щIыпIэщ мыр. Ди лъахэм зыплъыхьакIуэ къэкIуауэ Пщащэ щхьэцхэр зрамыгъэлъэгъуауэ кIуэжыр мащIэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ гъуэзэджэхэм ящыщщ Шаурту мылылъэ щIыпIэр. Зи гугъу тщIыр мыл бгъуэнщIагъщ, Шаурту псыр къызыщIэжырщ. Абы узэрыхуэкIуэ лъагъуэм «Шэджэм» турбазэм къыщыщIедзэ. Лъэсу фIэкIаи удэкIуеифынукъым.
УдэкIуея нэужь узыIуплъэр телъыджэщ – бгъуэнщIагъым – бгы гъуанэм - псышхуэр къож. Абы и Iэхэлъахэр мыл гъурыджэщ, ухуэсакъмэ, гъунэгъу захуэпщIу улъэIэсыфынущ. Ауэ езы бгъуэнщIагъым ущIыхьэну шынагъуэншэкъым, псом хуэмыдэу ар гъэмахуэм къэткIу зэпытщи, уи зэран къыхэкIынкIэ хъунущ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.