КЪЫТПЭЩЫЛЪЫР СЫТ?

ЦIыхум и блэкIар къетIэщIыжыф, тхыдэр еджыф, ауэ хэт ищIэрэ къытпэщылъыр, илъэси 100 дэкIмэ дунейр зэрыщытынур, цIыхум и теплъэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэр, щIэуэ къыгупсысынур?

КъызэрыщIэкIымкIэ, къэкIуэнур зыдж щIэныгъэлIхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, Канадэм и МакГилл университетым иIэщ Лайон Кристофер зи унафэщI щIэныгъэлI гуп, ЩIым и атмосферэмрэ дунейпсо псымрэ ягъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр зыджыр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, 2500 гъэм ирихьэлIэу дунейр апхуэдизкIэ пщтыр хъунущи, изыныкъуэ щIыпIэхэм къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ щисыжынущ.

А къэхутэныгъэр къытрадзащ Global Change Biology журналым. Тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, цIыхум уэгум ириутIыпщхьэ углекислэ гъуэзыр апхуэдизкIэ куэд мэхъури, ар фIырыфIкIэ уэгум икIуэдыкIыжынукъым. Езыр-езыру зигъэкъэбзэжыным илъэсищэ бжыгъэ ихьынущ! Аращи, алъандэрэ цIыхум щIыуэпсым ириха лейр ЩIым къефыкIыжын щIидзэнущ 2100 гъэм иужькIэ.

«Дунейм и щытыкIэм зихъуэжыху, щIыпIэм и теплъэми, абы щыпсэу псэущхьэхэми зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтынущ. Псалъэм папщIэ, Амазонкэ псыр зыпхыж мэз Iувхэм дунейм тет псэущхьэхэм я Iыхьэ щанэр щопсэу, углекислэ гъуэзу уэгум ираутIыпщхьэм и проценти 7-р егъэкъабзэ. Ауэ, 2500 гъэм ирихьэлIэу дунейм и хуэбагъым зиIэтынурэ, а мэзхэм кIын щагъэтынущ, зэрыгурыIуэгъуэщи, абы щыпсэу псэущхьэхэри кIуэдыжынущ», - итщ журналым.

Ар дыдэр къащыщIынущ щIыналъэ куэдым. ИкIи хуабэ жьэражьэр мыужьыхыу, илъэс ныкъуэм щIигъукIэ щиIыгъынущ Африкэм, Аравием, Азием, Австралием, Индием. Индием къыщекIуэкI хуабэм ноби еукI цIыху мин бжыгъэхэр. А щIыналъэм и температурэм градуси 4-кIэ зиIэтыжмэ, цIыху къинэжынукъым.

«Дауи, апхуэдэ жьэражьэм хэту цIыхур лэжьэфынукъым, ишхыни къыхуэгъэхьэрычэтынукъым. Ауэ щыхъукIэ, роботхэр ягъэлэжьэну аращ къахуэнэр. Абыхэм якIэлъыплъынущ, кхъухьлъатэзехуэ зэрымыс аппаратхэр», - жаIэ щIэныгъэлIхэм.

Мэш щащIэ, пхъэщхьэмыщхьэ къыщагъэкI губгъуэхэри полюсхэмкIэ Iэпхъуэнущ, зэрыжаIэмкIэ. Ауэ абы щымыкIыфыну хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ кIуэдыжыпэнущ. 2500 гъэм ирихьэлIэу мащIэ дыдэ хъунущ кIэртIофыр, гуэдзыр, нартыхур, прунжыр, хугур.

Дауи, цIыхур Iэпхъуэнущ, хуабэм зыщихъумэу. Абы къыхэкIыу, щIыпIэ щIыIэтыIэхэм куэд къыщызэрыгъэхъуа, шхын зымыгъуэт цIыхухэм зэрыукIыжын щIадзэнкIэ шынагъуэщ. Зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым апхуэдиз хуабэм мылыр къигъэву, дунейпсо хым зэрызыкъиIэтынури, мэжалIэм, хуабэм, зэрыукIым къела цIыху Iэбжьыбыр псым ихьыжынкIэ зэрыхъунури…

«Ди быным къатепщIыкIыжахэр щыпсэуну дунейм нобэ щыщIэдзауэ демыгупсысмэ, гъащIэр кIуэдыжынущ. Ди щхьэ фIэкI къытфIэмыIуэхуу нобэ дыпсэукIэ, Iуэхур зэфIэкIыркъым», - итщ тхыгъэм.

ФЫРЭ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.