АДЫГЭ ДУНЕЙ КЪЭЗЫГЪЭЩI IЭПЩIЭЛЪАПЩIЭ

Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зэригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу, адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмэкъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспортртелъхьэхэр, шабзалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэлъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь.

Тыркум, Эскишехир къалэм, къыщыхъуащ. И лIакъуэм и къежьапIэр Псыхуабэщ. Зауэжьым щыгъуэ Тыркум кIуауэ щытащ и нэхъыжьхэр. Сонер и благъэхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ Инжыджышхуэ, Беслъэней къуажэхэм.

ЗэрыцIыкIу лъандэрэ Адыгэ Хасэхэм кIуэрт Сонер. АнэдэлъхубзэкIэ псалъэу,еджэкIэ зригъасэрт, нэхъыжьхэм хъыбар яIуэтэжхэми щIэдэIун фIэфIт. Апхуэдэурэ бзэм и IэфIагъыр зыхищIащ.

- Къэзгъэзэжа нэужь нэхъыфI хъуащ си адыгэбзэр, дауи. Ауэ иджыри куэд къыспэщылъщ, ар згъэшэрыуэу сыпсэлъэным щхьэкIэ. Сэ нэхъ пасэу сыкъэкIуэжрэ, мыбдеж университетым сыщеджауэ щытамэ, си адыгэбзэр фIы дыдэу щытынут. Микроэлектроникэм сехъуапсэу щытащ мыбы сыщыхуеджэну, си анэм сыкъиутIыпщыфатэкъым. Зи еджапIэ щIэтIысхьэгъуэ адыгэ щIалэгъуалэр мыбы къакIуэурэ щеджэу щытамэ, адыгэбзэри яIурылъынут, урысыбзэри зэрагъэшIэнут, абыхэм ящыщ гуэрхэри Хэкум къинэжынут. Уи ныбжьыр нэхъ кIуэтэху, уи гурыхуагъэм кIэрохури, бзэр зэбгъэщIэныр нэхъри гугъу мэхъу, - жеIэ Сонер.

Тэубычэ Сонер и IэщIагъэкIэ инженерщ. Абы щыхуеджащ Эскишехир университетым.

20I8 гъэрщ щIалэм и Хэкум щыпсэуну къыщигъэзэжар. Япэу и щIыналъэм къыщихьэжам дыщыщIэупщIэм, абы и хъыбарыри къытхуиIуэтэжащ. Зыбжанэрэ къакIуэурэ щыхьэщIащ, ещанэ къэкIуэгъуэм къигъэзэжыпащ. И гум жиIэрт зэгуэр Хэкум къызэригъэзэжынур. Ауэ зэхуэмыхъуурэ къекIуэкIырт. 2015 гъэм къигъэзэжыну хуеящ. Кхъухьлъатэм и билет къищэхуащ, и егъэблагъэ тхылъри зыIэригъэхьащ. А зэманым ирихьэлIэу урыс-тырку зэхущытыкIэхэр тэмэмтэкъым. Аэропортым кIуэри, кхъухьлъатэр темыкIыу къэнэжауэ щытащ. Аргуэру билет къищэхужри, къыкIэлъыкIуэ кхъухьлъатэри лъэтакъым. Ещанэуи ардыдэр къыщыщIащ… Илъэсищ дэкIри, 20I8 гъэм, и Хэкум къекIуэлIэжащ.

Хэкур къызэрыIущIар, ар и нэгум къызэрыщIигъэхьэу щытамрэ къызэрыхущIэкIамрэ дыщыщIэупщIэм, жиIащ абы сыт щыгъуи и гур къызэрыхуеIар:

- Космос хуэдэу къысщыхъурт Хэкур, моуэ си гупсысэм нуру хэтт. Сигу занщIэу дыхьащ адэжь щIыналъэр, зы къару абрагъуэ гуэрым абы сызэрыпищIэр зыхэсщIащ. Налшык япэу сыкъыщыдыхьам, цIыхухэр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр зэхэсхырти, ар насыпт сэркIэ. Бэзэрым сытехьэри - си анэдэлъхубзэр куэду зэхэсхырт, маршруткэм ситIысхьэрти - аргуэру адыгэбзэ седаIуэрт. Сигу дыхьати, къыкIэлъыкIуэ илъэсми къытезгъэзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуащ Хэкум епха си гупсысэхэм хамэщIым сызэрыщамыгъэпсэунур. СыкъыщыкIуэжагъащIэм, адыгэ сабий слъэгъуамэ, зыбгъэдэсшэурэ щызэзгъэпсалъэ къэхъурт, абы сигъэгушхуэу. Хэкум си гур щопсэху! Адыгэ фащэ ящыгъыу щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ солъагъу! Мыбдежым хабзэ щызокIуэ, къуажэхэр инщ. (Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ цIыкIухэр унагъуэ 15 - 20 хъууэ аращ).

КъэралитIым я щыIэкIэ - псэукIэр зэтехуэркъым. Абы къыхэкIыу, гугъуу щытащ Сонер гъащIэм хэзэгъэныр.

- ТIэкIурэ сыщыпсэури, мыбдеж щыIэ гъащIэми дагъуэхэр зэриIэр къэслъэгъуащ. Къэзыгъэзэжхэм псом япэу къыдгурIуэн хуейт мыр зэры -Урысейр. Къэрал щхьэхуэм и хабзэхэри щхьэхуэщ. Тыркури жэнэткъым, Урысейри жэнэткъым. Мыбдежми щыIэщ бзаджэри зэранри. Ауэ гуапагъэр нэхъыбэщ. «Сонер, уэ къэбгъэзэжагъащIэщ», - жаIэурэ сэ куэд къыздэIэпыкъуащ. Сэ цIыхуфIхэм сыкъаухъуреихь иджыпстуи. Куэд къыскъуэуващ, сэбэп къысхуэхъуащ, псэуным сытрагъэгушхуащ, - жеIэ щIалэм.

Сонер куэдым къацIыху, и IэдакъэщIэкIхэр зыIэрагъэхьэ, тыгъэ ящI, зэрахьэ, къагъэсэбэп. Сыт ар IэпщIэлъэпщIэным щIэдзапIэ хуэхъуар жыпIэмэ, ари и адыгэгум къыхуихьащ. Сонер Тыркум щыщыпсэум шы иIэт. Адыгэ фащэ е афэ джанэ щыгъыу, адыгэ Iэщэхэр кIэрылъу зекIуэу къикIухьын фIэфIт. Ар икIи шабзауэ Iэзэщ. Шабзэ гъэуэнымкIэ зэпеуэхэм хэтт, лъэсуи шууи шабзэр игъэIэкIуэлъакIуэу. Апхуэдэурэ, шабзэшэхэр, шабзалъэхэр езым ищIын щIидзащ. Дихьэхащ фэм елэжьыным, и Iэр есащ хьэпшып гуэрхэр къигъэщIыным.

- Лэжьыгъэ нэужьым, абыкIэ унэм зыщытезгъэурт. Iэщэ-фащэхэм елэжьу ныбжьэгъу сиIэти, тыкуэнхэм сишэурэ хьэпшыпхэр сщIыуэ зезгъэсэн папщIэ сызыхуеинухэр къысхухихыурэ къызигъэщэхуащ, IэпщIэлъэпщIэным и щэху гуэрхэмкIи къыздэгуэшащ. ИнтернетымкIэ зыхуезгъэсащ куэдым - сытри къыщыбогъуэт абы. Сэ интернетыр къызогъэсэбэп адыгэбзэр зэзгъэщIэным, фэ лэжьыгъэхэм теухуауэ, афэ джанэхэм я щIыкIэм зыщызогъэгъуазэ. Интернетым щIэныгъэшхуи къуитыфынущ, IэпщIэлъапщIи уищIыфынущ, хьэбыршыбыри урихъуфынущ. Зэплъынумрэ къызэригъэсэбэпынумрэ щхьэж къыхехыж… - жеIэ.

Хэкум къигъэзэжри, инженер IэщIагъэр къыщысэбэпыртэкъым мыбы, урысыбзэ зэримыщIэм къыхэкIыу. Арати, и псэм фIэфI IэпщIэлъэпшIэныр лэжьыгъэ хуэхъуащ. IэрыкIхэр ищIурэ «Адыгэ унэм» щIилъхьэу щIидзащ. Ауэрэ, гъущIым лазеркIэ тхыпхъэ зэрытращIыхь станок къищэхуащ. Тхьэгъухэм, Iэлъынхэм, пщэрылъхэм, сэшхуэхэм, къамэхэм тхыпхъэхэр дахэу трещIыхь.

- IутIыж Мэжид къыздэIэпыкъуащ къыщызгъэзэжынуми Хэкум щыIэ гъащIэм зыщыхэзгъэгъуазэми. Иджыпстуи и гулъытэ сыщыщIэркъым. Тэмэму къысхуэIуэтэну къыщIэкIынкъым Мэжид фIыщIэу хуэсщIыр, - жеIэ щIалэм.

«Адыгэу ущытыным сыт нэхъыщхьэу хэлъыр?» - деупщIащ Сонер.

- Япэрауэ, бзэр. Бзэр тIурымылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи. Ауэ абдеж бзэр щокIуэдыжыр. Бзэр пIурымылъми къэфакIуэ е джэкIуакIуэ нэс ухъуфынущ. Ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым.

ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыу зытхъумэжын щхьэкIэ куэду дылэжьэн хуейщ. МылъкукIэ ди къарур щIэткъузэн хуейщ адыгэхэм, - жеIэ Сонер.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.