УРЫСЕЙ ГВАРДИЕР ЖУРНАЛИСТХЭМ ЙОХЪУЭХЪУ

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и лэжьакIуэхэр Урысей печатым и махуэм я хьэщIащ къадэлажьэ журналистхэм. Ахэр щызэхуэзащ Печатым и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым
Урысей гвардием и республикэ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей къыбгъэдэкIыу республикэ газет пэрытхэм я журналистхэм ехъуэхъуащ хьэщIэхэр, я лэжьыгъэ купщIафIэм папщIэ фIыщIэ хуащIри, гукъинэж тыгъэхэмкIи егуэпащ, адэкIи зэрызэдэлэжьэнур, я зэпыщIэныгъэм зэрызиубгъунур къыхагъэщащ.
- Фи лэжьыгъэм еIэт щэнхабзэ, щIэныгъэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я пщIэр, сыт щыгъуи пэжым фрителъхьэщ, фи тхыгъэхэм къыщывогъэлъагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэхэр, щIэджыкIакIуэхэр зыгъэпIейтейхэм гулъытэ щыхувощI. Печатым и лэжьакIуэхэм проект гъэщIэгъуэнхэр, творческэ ехъулIэныгъэ мыкIуэщIхэр фиIэну сынывохъуэхъу, - жиIащ Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу, полицэм и майор КIэфо Залым.
Журналистхэми къыхагъэщащ сыт щыгъуи зэдэлэжьэну зэрыхьэзырыр икIи къыхуащIа гулъытэм папщIэ фIыщIэ хуащIащ.

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.

12.11.2026 - 09:03

Бгъуэтыжынур пщIаращ

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» – аращ зэ­реджэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ хъумэным, егъэфIэкIуэным, щIэб­лэр абыхэм щIэпIыкIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр зыгъэлъапIэ къэрал саугъэтым