ЯПЭ ИТАХЭМ ЯХУЭФАЩЭУ

Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэр 1943 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжым хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъыр зэрагъэуврэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ. Къуажэкум ит мывэскъар лъагэшхуэр къуажэдэсхэм я кIуапIэщ, зэхуэсыпIэщ, щIэж хъумапIэщ. Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ екIуэкIащ.

Хэку зауэшхуэм и мафIэ лыгъейм зи щхьэр хэзылъхьа зауэлIхэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр зэIузэпэщ щIыным хуаутIыпща мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхэкIащ. Лэжьыгъэхэр 2023 гъэм ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэфIагъэкІыну я мурадами, дызэрыт илъэсым къитIэсащ, щIыпIэри зыхуей хуэзэу къагъэщIэрэщIэжащ. Абы теухуат иджыблагъэ абдеж щызэхэта пэкIури. Зэхуэсым кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ БжыкIший Руслан, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къэрмокъуэ Гъумар, къуажэдэсхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ, щIалэгъуалэр.
Псом япэ къыхэгъэщын хуейщ, лэжьыгъэхэр щIыналъэ икIи къуажэ унафэщIхэм я нэIэ щIэту зэрекIуэкIар. Абы и щыхьэтщ ухуэныгъэхэр нэгъэсауэ къызэгъэпэща зэрыхъуар.
Фэеплъым телъа лэчыжьыр трахащ, абы и лъабжьэр зэтрахыжри, щIэрыщIэу къыдращIеижащ. УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, абы тракIа иIэгъэр жьыбгъэм ипхъэхынукъым, дунейм и щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэми я зэран абы екIынукъым. Абы иужькIэ фэеплъым уезышалIэ лъагъуэр дыхьэпIэм нэс къаукъуэдиящ. ДяпэкIэ тетІысхьэпІэхэр ягъэувыну, щхъуантІагъэр щагъэтІысыну, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр куэд мыщІэу ягъэувыну я гугъэщ.
«Ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ хьэлъэхэм я хъыбарыр иджыри къыздэсым яIуэтэж, ар зылъэмыIэса унагъуэ зыри щыIэкъым. Бийм ди цIыхур къигъэIурыщIэну и гугъами, гугъуехьымрэ зыхэхуа псэ гузэвэгъуэмрэ зылI и быным хуэдэу бэр зэкъуигъэуващ, сыту жыпIэмэ цIыкIуи ини ящIэрт ем зэрыпэщIэтыр, мамырыгъэм зэрыхущIэкъур, къащIэхъуэ щIэблэм я къэкIуэным зэрыщIэбэныр. Ди щIалэхэр щIэзэуари, я псэр щIатари къащIэхъуэращ – щIэблэм нобэрей махуэхэр мамыру къагъэщIэн щхьэкIэщ. Ди къуажэми блэкIакъым а зэманым и мыгъуагъэр. Зы лъэныкъуэмкIэ – ДыгъэмыхъуэкIэ – ди зауэлIхэм щыхьэр гъунапкъэхэр яхъумэу ису, адрей лъэныкъуэмкIэ – ХьэрэкхъуэрэкIэ – бийм зыщигъэбыдарэ жэщ-махуэ имыIэу къиукIыу мазэ бжыгъэкIэ екIуэкIащ. Щысхьырабгъу зимыIа а зэхэуэхэм хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъщ нобэ къэдгъэщIэрэщIэжар, зи пащхьэ пэкIу щедгъэкIуэкIыр. ЦIыхур дунейм тетыху зыгъэгъуэзэнрэ щапхъэрэ къелъыхъуэ. Мы щIалэхэм дунеягъэкIэ цIыхугъэ лъагэ яхэмылъатэмэ, я щхьэ Iуэхум жылэ Iуэхур ипэ ирагъэщу щымытамэ, псэемыблэжу бийм пэщIэувэнтэкъым, си унагъуэмрэ си Хэкумрэ жиIэу Iэщэр къищтэнтэкъым. Асыхьэтым лIыгъэщIапIэр бийр къэгъэувыIэнрати, ар мы щIалэхэм къайхъулIащ. Иджы фэ фи лIыгъэщIапIэр абыхэм я фэеплъыр фхъумэнырщ, зыщIэзэуа мамыр Iуэхум зевгъэIэту, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэвгъэгъуэту псэук1эр евгъэфIэкIуэнырщ. Ди унафэщIхэм ялъэкI къагъанэркъым ди япэ ища, зэуапIэм икIуэда щIалэхэм я фэеплъ скъархэр зэгъэпэщыжыным и IуэхукIэ. Ди къуажэ фэеплъхэри абыхэм ящыщщи, къыслъысу си гуапэщ нобэрей пэкIум мыпхуэдиз цIыху фыкъызэрекIуэлIар, ди нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэ Iулыджыр зэрахуэфщIар», – жиIащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къэрмокъуэ Гъумар.
ПэкIум хэтащ къуажэм и нэхъыжьхэм я хасэм щыщ Мэршэнкъул Хьэсэнбии. Илъэс IэджэкIэ тхыдэр щIэблэм яригъэджу курыт еджапIэм щылэжьа нэхъыжьыфIым къызэхуэсахэми, къэрал къулыкъущIапIэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, лъахэхутэхэми зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэным ехьэлIауэ зэфIах лэжьыгъэшхуэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ.
- Иджыпсту дыздэщытыр фэеплъ мывэ къудейкъым, мыр къуэшыкхъэщ, цIыхупсэхэр зэрыщыпэкIум хуэдэу, абдеж щIэлъхэм я псэри щызэхэтщ, мэгуфIэ. Къуажэм ди зэхуэсыпIэщ мы щIыпIэр. Ар бгынэжауэ, зэхэкIэжауэ щыщыта зэи къэхъуакъым, ар пэжщ. Апхуэдэу щыт пэтми, цIыхуIэ еIусэху къызэрыщIэращIэм уи гур хегъахъуэ. Ди адэжьхэм я кхъащхьэм фызэрыхуэсакъым, фызэрыкIэлъыплъым папщIэ фхуэмыфащэ дахэрэ фIыщIэрэ щыIэкъым. Я цIэхэри фэеплъым къыхэзыускъыкIыжахэми фIыгъуэ куэд я гъащIэм хэлъыну сахуохъуахъуэ, – жиIащ нэхъыжьым.
АдэкIэ псалъэр къэзыщта Ахъуэбэч Андзор зэрыжиIамкIэ, 1942 гъэм и гъэмахуэм къыщегъэжьауэ 1943 гъэм и пэщ1эдзэм пщIондэ ХьэтIохъущыкъуей куэщIым щекIуэкIа зауэм хэтар адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я закъуэкъым, атIэ абы я лIыгъэр щагъэлъэгъуащ Совет хэгъэгушхуэм щыпсэу лъэпкъ куэдым къахэкIа зауэлIхэр. Ущизакъуэм деж учщи, ущызэкъуэтым дежкIэ убжэгъущ, жаIэ. Зэкъуэтыныгъэм ТекIуэныгъэр къытхуихьащ. Ди ужь къинэнур фэращ, щIалэгъуалэрщ. Мамырыгъэмрэ фэеплъымрэ я уасэр лIыпIэ фиува нэужьщ фIыуэ щызэхэфщIыкIынур. Нэхъ пасэу къывгурыIуэху нэхъыфIщи, мы пэкIум и мыхьэнэр аращ – ди нэхъыжьхэм я лъэужь дахэр хэдвмыгъэгъуэщэж, я цIэр нэхъыбэIуэрэ къидвгъаIуэ, яхуэфащэу дунейм дытевгъэт», – къыхуриджащ ныбжьыщIэхэр къулыкъущIэм.
Пшыхьыр ягъэдэхащ зауэм, мамырыгъэм, лIыгъэм, фэеплъым ятеухуауэ усэ къеджа щIалэгъуалэм. Къумыкъу Руслан, Къалмыкъ Нэмидар, Сыжажэ Ясминэ, Шурдым Iэминэ къызэджа усэ купщIафIэхэм блэкIам ухрагъэлъасэрт, гур къызэщIаIэтэрт, фIы пщIэну гур хуагъэушэрт.
ПэкIумрэ абы ехьэлIа дауэдапщэхэмрэ зэфIэкIа нэужь, къызэхуэсахэм фэеплъ скъарым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
 

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.