|
ТКIУАТКIУЭ ЛЪАПIЭХЭР
16 января, 2023 - 06:25
Дунейм къыщагъэсэбэп ткIуаткIуэхэм яхэтщ егъэлеяуэ лъапIэхэр, уеблэмэ дыщэм и уасэм пэгъунэгъу хъухэр. Абыхэм ящыщщ, псалъэм щхьэкIэ, бзылъхугъэхэм я Iэбжьанэхэр зэралэ лэчыр. Сыт щхьэкIэ, ар апхуэдэуи лъапIэкъым, дэтхэнэми къыщищэхуфкIэ жыпIэуи уегупсыс хъунущ. Ауэ ар пуд зыщIыр мащIэ дыдэурэ фIэкI ящэркъыми аращ. Зы Iэбжьанэ лэч литрым и уасэщ сом мин 40-50 хуэдиз. Апхуэдиз дыдэ зи уасэну ткIуаткIуэ лъапIэхэм хабжэ ГОМК жыхуаIэ хущхъуэхэлъхьэр. Языныкъуэ къэралхэм хуит ущащIкъым ар къыщIэбгъэкIынуи, пщэнуи, къэпщэхунуи. ГОМК-р хуит щащI къэралхэм ар къыщагъэсэбэпыр наркотикымрэ фадэмрэ IэщIыб зымыщIыфхэр ирагъэхъужу. ТкIуаткIуэ лIэужьыгъуэр къагъэсэбэпын зымыдэ къэралхэм я щхьэусыгъуэр мыпхуэдэщ: и мэр тыншу къыпIурыуэркъым, плъыфи иIэкъым - псым е нэгъуэщI узэфэхэм хэпкIэми гу лъыптэнукъым. Лъомытэн щхьэкIэ, уефэмэ и зэран къокIынущ. ЩIэпхъэджащIэхэм тыншу къагъэсэбэпыф ткIаткIуэщ ар. ТкIуаткIуэ лъапIэщ шэкъэри. Сом мин 50 хуэдиз текIуэдэнущ компьютер принтерхэм иракIэ шэкъэ литрым. ГъэщIэгъуэнщ, зи гугъу тщIа ткIуаткIуэ лIэужьыгъуэхэм нэхърэ тIэкIу нэхъ пудщ цIыхум и лъыр - литрым хуэзэр сом мин 25-рэщ.
Сом мин 55-60 хуэдиз и уасэщ джынасум (ртуть). Ар къагъэсэбэп дыщэр нэгъуэщI гъущIыкIэхэм къыщыхагъэкъэбзыкIкIэ. Ар гъущI мылъапIэхэми трагъэлъадэ - «дыщэпс тегъэлъэдащ» жыхуаIэхэрщ. Псалъэм папщIэ, дыщэпс тегъэлъэдащ Санкт-Петербург щыIэ Иссакиевскэ чылисэм и куполым.
ТкIуаткIуэ лъапIэ дыдэхэм хабжэ инсулиныр – абы и уасэщ литрым хуэзэу сом мин 250-рэ. Фошыгъу уз зиIэхэм ар хущхъуэу ямыIэу хъуркъым.
ЛъапIэ дыдэщ дуней псом щацIыху «Шанель №5» дыхур - литрым хуозэ сом мин 440-рэ.
ДжатэкIапэ (мечехвост) хы елыркъэшым (краб) и лъы литрым сом I мелуан и уасэщ. Абы хэтщ коагулоген жыхуаIэр, бактериехэр зыукIыр.
Блащхъуэм (королевская кобра) и шхъухьым зы литрым и уасэщ сом мелуани 3-м нэблагъэ. Блащхъуэм и щхъухьыр зыIэрыбгъэхьэным шынагъуэшхуэ пыщIащ. ЛъапIэ пэтми, щхъухьым щIэупщIэшхуи иIэщ. Ар хущхъуэ лъапIэхэм халъхьэ. ИтIанэ, блащхъуэ щхъухьым шизофрениер ирагъэхъуж. Блащхъуэм и щхъухьым нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъапIэжщ бэджейм (скорпион) и кIапэм хэлъ щхъухьыр. Литрым сом мелуан 650-рэ уасэу хуагъэув. АбыкIэ ягъэхъужыф кIуэцI узхэр, къупщхьэ узыр, щыгъупщэхыр.
Гъуэт Синэ.
|
|
30.04.2025 - 13:57 Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. |
|
|
30.04.2025 - 09:29 «Акрополь» хьэщIэщым щызэхуащIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|