БАЛЪКЪЭРХЭР ЕЗЫМ ЯФIЭФIУ УРЫСЕЙМ ЗЭРЫГУХЬАР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Музыкэ къэрал театрым махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, балъкъэрхэр езым яфIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэси 196-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Созаев Ильяс, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, тележурналист Аттаев Азнор сымэ. Балъкъэрхэм я тхыдэ гъуэгуанэм щыщ Iыхьэхэр - I827 гъэм щIышылэм и II-м балъкъэр лъэпкъыр Урысейм зэрыгухьам теухуахэр – зэIущIэм хэтахэм ягу къагъэкIыжащ.
Театр щIыхьэпIэм щагъэуват тхыдэ сурэтхэмрэ тхылъхэмрэ зытелъ дапхъэхэр, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр, республикэм и музейхэм щахъумэ хьэпшыпхэм щыщ.
КъищынэмыщIауэ, балъкъэр сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр мы махуэхэм щагъэлъагъуэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, Балъкъэр лъэпкъыр я щIыналъэм зэрырагъэIэпхъукIам и фэеплъхэр щызэхуэхьэса IуэхущIапIэм, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ фэеплъ унэ-музейм.
Iуэхум иращIэкIа пшыхь гуапэм зыкъыщагъэлъэгъуащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэу Текуев Амур, Теппеев Алим, Хъыжьырокъуэ СулътIан, Жабоевэ Замирэ, Докаев Юсуп, Мизиев Абубэчыр, Бойченкэ Аллэ, Жубоев Джамбулэт, ЦокIыл Азэмэт, Холамханов Къайсын, Хъусин Анзор сымэ, «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр», «Насып», «Арабеск» къэфакIуэ ансамблхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.