Сабий кIэщIущым гъащIэм хэзагъэ, абы ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ цIыху хъарзынэ, IэщIагъэлI нэс къищIыкI хабзэщ. ТIэкIу пхъашэIуэ хъуми, «Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ» псалъэжьыр уигу къигъэкIыу. Нэгъэсауэ, балигъым игу къэмыкIын жыхуэпIэм хуэдиз зэригъэзахуэу сабийр щыщытым и деж, зы бэлыхьлажьэ къэхъун хуейщ абы нэгъуэщI гъуэгукIэ дичыхын папщIэ е, ди жагъуэ зэрыхъунщи, и Iуэхухэр къыдэзыIыгъын, щIэныгъэм гу хуезыгъэщIын имыIэххэну аращ. Насып иIэти, тIум хуэдэми пэIэщIэ хъуащ зи ныбжьыр илъэситху иримыкъуу курыт школым щIагъэтIысхьауэ щыта, Сэрмакъ къуажэм щыпсэу Лыджыдэ Хьэбил и унагъуэм къихъуа хъыджэбз цIыкIур…
Сэрмакъ къуажэм и етIуанэ курыт еджапIэрат Марьям щIэныгъэм пэублэ хуэхъуар. Зыхэтым хэзагъэу, къыжраIэр игъэзащIэу, егъэджакIуэхэм я гукъанэ къимыхьу къиухащ абы школыр. Медколледжым и фельдшер-акушер къудамэм псэкIэ къыхиха лэжьыгъэм зыщыхигъэгъуазэри, еджапIэм ар игъэкIуащ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм. ИлъэситI-щыкIэ ар лэжьащ патронаж акушеркэу (сабий къалъхуагъащIэхэм я узыншагъэр къипщытэу). КъыкIэлъыкIуэ илъэс щэщIым ар фельдшеру щытащ. Иужьрей илъэс тIощIым нэблагъэм, пенсэм тIысыжыху, акушеркэу лэжьащ. ФIыуэ илъагъу IэнатIэхэм ар пэрытащ илъэс 51-кIэ.
Къалэн къыщащIыр нэхъыфI дыдэм хуэдэу зэрызэфIигъэкIыным яужь ит бзылъхугъэм, ар нэгъэсауэ къызэхъулIэ IэщIагъэлIым Къулъкъужын Ипщэращ и унагъуэ насыпри здэщыIэу къыщIэкIар. Ар Емкъужхэ нысэ яхуэхъуащ, и щхьэгъусэ Резуанрэ Марьямрэ дыгъэм хуэдэу бынищ - хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ - зэдапIащ, ирагъэджащ, унагъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжащ. Быным я нэхъыжь Iэсият педагогикэ колледжыр, КъБКъУ-м и филологие факультетыр къиухащ, иджыпсту Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и еплIанэ школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щрегъаджэ. ХьэIишэт Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ, Налшык къалэм дэт гимназие №4-м анэдэлъхубзэр щрегъэдж. Хьэчим Ростов милицэ школ къыщиухащ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм ящыщ зым къулыкъу щещIэ.
Лэжьыгъэм, щIэныгъэм къыпхилъхьэ гухэхъуэр зэрыиныр, зэрыгуапэр дощIэ. АтIэ бзылъхугъэм и дежкIэ нэхъ насыпышхуэу къыхуэгъэщIынум ящыщкъэ унагъуэр, быныр?! А къулеигъэм щызу хэплъэ Марьям и бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну тхьэм жиIэ.
- Сэ лэжьапIэ сыщыува 1978 гъэм лъандэрэ соцIыху Марии (дэ аращ дызэреджэр), зы пIэмрэ зы хьэлымрэ ит цIыхущ ар. НэфIэгуфIэщ, псэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ, зэхэщIыкI зиIэщ, - жеIэ илъэс куэдкIэ ар зыдэлэжьа Iэхъуэбэч Марьят. - Зэрылэжьа зэманым къриубыдэу си фIэщ хъуркъым абы зыгуэрым и жагъуэ ищIауэ. Къыщыгугъым ифI иригъэкIыу, лъэIукIэ зыкъыхуэзыгъазэм и Iуэху дигъэкIыу, гуныкъуэгъуэ зиIэм псалъэ дахэ къыхуигъуэту апхуэдащ. ЖыпIэнурамэ, зы унагъуэшхуэм хуэдэу дызэхэтти, гупыр зыгъэгуп цIыхут, абы и Iей къызыхэкIын зы псалъи игъащIэм и жьэм къыжьэдэкIауэ зэхэтхакъым. ФIыщIэ, щытхъу тхылъхэри мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ, ауэ ахэракъым сэ Марие и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэслъытэр, атIэ и унагъуэ дахэрщ, езым ехьэлIауэ къызэринэкIа, къытхуигъэна гукъэкIыж гуапэхэрщ. Си узыншагъэр пэлъэщыжыркъым, жиIэри пенсэм тIысыжауэ аращи, къару къигъэхъуапIэ и бынхэр хуэхъуу илъэс куэдкIэ ящхьэщытыну сыхуохъуахъуэ.
Лэжьыгъэ IэнатIэ къепхьэлIэрэ апхуэдэ псалъэ гуапэхэр къыпкIэлъыжаIэу гупым укъыхэкIыжыныр насыпу къызолъытэри, насып кIуапIэ и унагъуэр хъуну, бын гуфIэгъуэ щымыщIэну, абыхэм зэрызащIигъэкъуэфын узыншагъэрэ гукъыдэжрэ щымыщIэну си гуапэщ.
ИСТЭПАН Залинэ.