ХЬЭ ДЖЭДЫХЪУЭ

Унагъуэ псэущхьэхэм яхэтщ телъыджагъэу ядэтлъагъумкIэ зэдгъэщхьын щымыIэхэри, зи хьэл-щэнкIэ адрейхэм хуэдмыгъэдэнхэри. Апхуэдэ зыщ мы тхыгъэ мащIэм зи гугъу ныщыфхуэсщIынури.
Ди нысэ Ася хьэ дахэ цIыкIу къызэрищэхурэ куэд щIакъым. Абы «Кнопкэ» цIэуэ фIащащ, езыр хъу пэтми. И IэпкълъэпкъкIэ мыинми, зыри зытригъакIуэркъым. Псэущхьэр, Едгъулхэ я бынхэм хуэдэу, я унагъуэм хэсщ.
Куэд щIакъым абыхэм я деж хьэщIапIэ сызэрыкIуэрэ. Мыр сымылъэгъуатэмэ, стхыжынтэкъым.
Пщэдджыжьым, джэдкъазхэм я гъусэу, Кнопкэ машхэ. А унагъуэм, джэд, къаз, бабыщ жыпIэми, дамэ зытет я куэдщ, Тхьэм игъэбагъуэ! Гуэгуш хужьышхуэхэм хуэди яIэщ. АтIэ мис а къезбжэкIа псори зыгъэхъур Кнопкэщ. ГъэщIэгъуэнращи, пщIантIэ куэбжэр зэрыIуахыу, джэдкъаз хъушэр зэресэжауэ, хьэ цIыкIум деху. Уэрамыбгъур губгъуэ нэзщи, абдежым щежэх псым къазхэр хуиту хэсщ. Кнопкэ ахэр щимылъагъужым яхолъадэри, езым и нэм къыхуэубыд гъунапкъэм псори кърегъэхьэж. Ар джэдкъаз къомым мыжейуэ, мыщхьэукъуэу якIэлъоплъ. Уеблэмэ, нэхъ телъыджэжращи, абы игъэхъум дамэ зытет нэгъуэщI къахэджэразэмэ, и цыр яфIифыщIу «уэуэур и махуэу» хехуж.
Кнопкэ и «лIыгъэр» абдежми щиухыркъым. БлэкIрэ пэт хамэхьэ къыIущIамэ, абыи щысхьынукъым: и инагъым емыплъу, узэплъэкIыу укъызэплъэкIыжыхукIэ, йодзакъэри, ари фIэмащIэу зэпхъуам цы IэмыщIи къыхеч.
«ЗауэлI» хъыжьэрэ хъумакIуэ нэсу зэрыщытым къыхэкIкIэ, Кнопкэ ирихьэлIэ дэтхэнэми, ар джэду е хьэ ирехъу, хузэфIэкIыу абы гъунэгъу зыхуищIынукъым, щошынэри.
Мис апхуэдэу ар, зэзыхъуэкIыни имыIэу, махуэ псом хъумакIуэщ, зэши еши иIэкъым. Пщыхьэщхьэ хъуамэ, джэдкъаз псори пщIантIэм къыдехуэжри, я «лэгъунэхэм» щIегъэзэгъэж. Кнопкэ кIэрыху зимыIэ джэдыхъуэ хъарзынэщ.
Дауи, а псор зэбгъэхъулIэну тыншкъым. Джэдкъаз зэмылIэужьыгъуэм задебгъэкIун папщIэ, хьэл зэтемыхуэ куэд пшэчын хуейкъэ?! Кнопкэ къэрэгъулым Iут сэлэтым ещхьщи, езым и пщэ дилъхьэжа къэлэныр «фIырэ» - «фIы дыдэкIэ» егъэзащIэ.
Сытми, зы псалъэкIэ къыжытIэмэ, псэущхьэ телъыджэщ ди нысэ Ася къытхуищэхуауэ щыта хьэ дахэ цIыкIур...

 МЭРЕМКЪУЛ Лиуан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2026 - 09:03

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион

13.09.2026 - 09:03

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр.

12.09.2026 - 09:03

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

12.09.2026 - 09:03

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ.

11.09.2026 - 16:11

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.