УСАКIУЭХЭМ Я ЖЭРДЭМКIЭ

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу, Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Iэ традзащ ныбжьэгъугъэр зэрагъэбыдэнум, зэрызэдэлэжьэнум. Абы и щIыхькIэ Чебоксары къалэм къыщызэрагъэпэщащ «Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэныбжьэгъугъэ» зэгухьэныгъэр. Ар я жэрдэмщ Чувашием и цIыхубэ усакIуэ Тургай Валерийрэ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлипрэ. 

Зэгухьэныгъэм хэтхэм зэраубзыхуам тету, Налшык къалэм и ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм щIышылэм и 5-м щекIуэкIащ Чебоксары къалэм и щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ паркыр къызэрызэIуахрэ илъэс 45-рэ зэрырикъум теухуа «Псэу, тхылъ!» зэхыхьэ гуапэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу чувашхэм я «Нарспи» лъэпкъ-щэнхабзэ центрым хэтхэм. ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм ит «Вагъуэ мывэм» пэмыжыжьэу лъэс лъагъуэм тету ягъэува тхылъ дэлъхьапIэр а махуэм цIыху кIуапIэ хъуащ, абы щагъэтIылъа тхылъхэм я бжыгъэм хагъэхъуащ хэпщIыкIыу. Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм абы халъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ гъэщIэгъуэнхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм къызэщIиубыдэ лъэпкъ щэнхабзэ центр псоми я лIыкIуэхэр ди зэхыхьэм къедгъэблэгъащ. Къыхэтлъхьа Iуэхур фондым и унафэщI Макоевэ Люазэ къызэрыддиIыгъар гуапэ тщыхъуащ. Чувашием щагъэлъапIэ Iуэху дахэм дызэрыпэджэжым и щыхьэтщ мы зэIущIэр. Чебоксары къалэм и щэнхабзэ, зыгъэпсэхупIэ паркыр нэгузыужь ухуэныгъэ къудей мыхъуу, Чувашием и къалащхьэм и щэнхабзэ центрщ. РеспубликитIым я цIыхубэ усакIуэхэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща ди зэгухьэныгъэм и зэхыхьэр Налшык парк цIэрыIуэм къыщIэтхьам аращ и щхьэусыгъуэр. Дыхуейщ ди зэныбжьэгъугъэр тхылъыфIхэмкIэ дгъэбыдэну. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)