ФIЫЩIЭ ПЩIЫНУ ЕМЫКIУКЪЫМ

ФэкIи, бзэкIи, хабзэкIи, дуней тетыкIэкIи зэхуэмыдэ цIыху куэд зэришэлIат Катарым щекIуэкIа топджэгумкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм. Ислъамыр мамырыгъэм и дину зэрыщытыр я нэкIэ ялъагъуну Iэмал иIащ дунейпсо цIыхубэм. 

Мароккэмрэ Франциемрэ щызэдэджэгум щыгъуэ, щIы хъурейр тIу зэрищIыкIауэ къыпфIэщIынт, апхуэдизкIэ гулъытэшхуэ ихьэхуат а зэIущIэми. Дызэрыт лъэхъэнэм нэхърэ нэхъ щыхьэт наIуэ ухуейкъым спортым и къарур Iэщэм ейм нэхърэ зэрынэхъ лъэщыр плъагъун щхьэкIэ. Щапхъэхэм я нэхъ гухэхъуэт, щытекIуи щыхагъани, удзыпцIэм сэждэ щызыщI Мароккэм щыщ топджэгухэр. А щIалэхэм я нэхъыбэр Европэм и къэрал ехьэжьахэу Испанием, Франджым, къинэмыщIхэм къыщыхъуащ, я топджэгу Iэзагъри къыздрахар аращ. Ауэ щIыналъэ зэпеуэ щыхъум, дэтхэнэ зыми и Хэкум и щIыхькIэ зэхьэзэхуэм хыхьэныр нэхъ къищтащ. ЩIалэхэм я диныр зэрагъэпэжым и щыхьэтщ я анэхэр ягъафIэу, езыхэр текIуэми, хэнэми, Алыхьталэм хуащI фIыщIэр къагъэнэIуэну мыукIытэу утыкум зэритар. НэгъуэщIуи щхьэ щытын хуей? Зэхьэзэхуэр щекIуэкIыр муслъымэн къэралт. ПсэлъэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэ жиIакъэ адыгэм? Мамырыгъэр щытекIуэкIэ, хэна зэрыщымыIэрщ спортым и мыхьэнэр. 
Испанием щыдэджэгум щыгъуэ, Мароккэм щыщ топджэгухэр иужьрей топ дэгъэкIыгъуэм ипэ къихуэу, зэхэувэхэри, зэрыгупу «Фатихьэ» сурэм къеджауэ жаIэж. Зэрыстадиону зэпэджэжу, «Ла илахьэ Iиллэллахь, Мухьэмэд расулу Ллахь» псалъэхэр хы къэукъубеям хуэдэу щыIэуэлъауэрт Мароккэмрэ Франджымрэ щызэдэджэгу стадионым. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар сурэт мыхъумыщIэкIэ ягъэпудыну щыхэта Франджым и президентри щыст абдежым, и топджэгухэм ядэщIу. ЦIыхур хуиту согъэпсалъэ жиIэу, ислъам диным и пщIэр зыгъэкIуэдхэр иутIыпща щхьэкIэ, Макрон хуэфэщэпсу хиубыдащ «я IупэхэмкIэ Алыхьым и нэхур ягъэункIыфыну хэтщ» зыхужиIахэм. Ар къызэремыхъулIари къызэремыхъулIэнури и нэкIэ илъагъужащ. 
Илъэс 50-кIэ Франджым и IэмыщIэм илъа Мароккэр иджы къэрал щхьэхуитщ. А къэралитIыр хьэрхуэрэгъу зэрызэхуэхъуар езыр политикэ и лъэныкъуэкIэ текIуэныгъэшхуэщ. Шэрыуэу абы тепсэлъыхьащ Мароккэм къыдэщIа политолог Марков Сергей: «Франджым щыщ хьэрыпхэр Мароккэм щыщ хьэрыпхэм ятекIуащ». Аркъудейщ!
Алыхьталэм фIыщIэ хуащIу, зи щхьэр удзыпцIэм щызыгъэтIылъа мароккэ топджэгухэм куэд къагъэуIэбжьат. Ислъамыр зымыцIыхухэм щIалэхэм къадэщIахэм фIыщIэ хуащIу къащыхъуащ.
Иджыблагъэ аргуэру хъыбар хъуэпсэгъуэ къагъэIуащ Мароккэм и топджэгухэм. Катар щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм мы гупым еплIанэ увыпIэ къыщахьащ. ЩIалэхэр зэгурыIуащ абы къыпэкIуэу къаIэрыхьа доллар мелуан 25-р я къэралым щыпсэу тхьэмыщкIэхэм иратыну. 
«Си пщылIым Сызэрыхущытыр езыр къызэрызэгупсыс щIыкIэм елъытащ, игу СыкъигъэкIыжыхуи Сригъусэщ, - щыжеIэ Алыхьталэм хьэдис къудсийхэм я зым. – Щэхуу игукIэ къызэгупсысмэ, Сэри щэхуу Сегупсысынущ. Гуп хэту игу СыкъэкIмэ, Сэри нэхъыфIыжхэм я пащхьэ Сигу къыщызгъэкIыжынущ». 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.