НЭХЪЫФIХЭМ ХАЛЪЫТАЩ

Урысейм къыщыхалъхьа, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, цIыхухэр щызэхэзекIуэ лъагъуэхэр зэгъэпэщыжыныр, гъуэгухэр телъхьэныр икIи зегъэубгъуныр зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщми, зыхущIэкъур цIыхубэм я тыншыгъэмрэ шынагъэншагъэмрэ къызэгъэпэщынырщ. Урысейм иджыблагъэ ц1ыхухэм зэрыщеупщ1ам къигъэлъэгъуахэр абы щыхьэт тохъуэ.
УФ-м Гъуэгуухуэ IэнатIэмкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Новиков Роман зэрыжиIэмкIэ, гъуэгухэм я фIагъыр къэIэтыным хуэунэтIауэ къэралым щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ цIыхубэм и процент 52-р арэзыщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зэрекIуэкIым, гъуэгухэр зэрефIакIуэм, цIыху зэхэзекIуапIэхэмрэ машинэ зэхэзежапIэхэмрэ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ техникэ IэмалхэмкIэ зэрызэщхьэщагъэкIым псоми гу лъатэ. Урысейм и щIыналъэ 85-м щыщу гъуэгухэм я щытыкIэм ехьэлIауэ зэупщIа цIыху мини 170-м къыхагъэщащ гъуэгу зэIузэпэщыр жылагъуэм и экономикэм зиужьыным зэрытелажьэр, зэкIэлъыкIуэр нэхъыбэ зэрищIыр, нэхъыщхьэращи, цIыхум и узыншагъэмрэ псэуныгъэмрэ ифI къызэрекIыр.
ЗэупщIахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зи гъуэгухэр нэхъыфIу къалъыта хэгъэгуитхум Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэтщ. Ди щIыналъэм и цIыхубэм я процент 73-р щIыналъэм и гъуэгухэм яIэ щытыкIэмкIэ арэзыщ. 2021 гъэм а бжыгъэр процент 63-рэт зэрыхъур. Нэрылъагъущ, дагъуэ гуэрхэр щыхуащI къыхэкIми, гъуэгуухуэ IэнатIэм и къалэнхэр нэсу зэригъэзащIэр, иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм щыщIэныгъэ къызэрыхэмыкIыным зэрыхущIэкъур. Ауэ, нэхъыщхьэращи, екIуэкI гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэм цIыхум халъэгъуащ я узыншагъэр зыхъумэ икIи тыншыгъуэхэр къахузэзыгъэпэщ жэрдэмхэр. Гъуэгу хуэIухуэщIэхэм ехьэлIа упщIэхэм жэуап езытахэм псоми апхуэдэ гупсысэхэр къыхэщащ.
«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэр зэрылажьэ щIыкIэм ехьэлIауэ цIыхухэр къыщагъэпсалъэм, машинэ жапIэ тIуащIэ зиIэ, сэмэгумк1и ижьымк1и хуэзэу лъэмыжхэр зэраухуэр, щыIэхэр а мардэхэм тету щIэрыщIэу зэрызэрагъэпэщыжыр, гъуэгухэм зэрызрагъэубгъур, гъуэгу нэзхэр зэрагъэбыдэр, жылагъуэ-экономикэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм я екIуэлIапIэхэр зэIузэпэщ зэращIыр къыхагъэщащ. ЦIыхухэм мыхьэнэшхуэ иратащ гъуэгу ухуэкIэми. Псом хуэмыдэу абы и IуэхукIэ зи арэзыныгъэр къэзыIуатэр къуажэдэсхэрщ. Зэгуэр къуажэхэм пхыкIыу тралъхьауэ щытыгъа асфальт пIащIэр къилъэлъэжым, щIыпIэ-щыпIэкIэрэ ар ядыжурэ уземыкIуэжыф хъуат, фэбжь къыщыхэкIри мащIэтэкъым. Абы и IуэхукIэ къуажэхэм щекIуэкI а лэжьыгъэшхуэхэм цIыхубэм я нэIэ тету екIуэкIащ. Иджырей гъуэгу ухуэкIэ мардэхэм къагъэув гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр техауэ геотекстиль илъхьэныр, ар къатитIу зэтелъхьауэ асфальбетоныр къытеубгъуэжыныр, гъуэгу напщIэхэр къэIэтауэ асфальтбетоным нэс зэщIэгъэбыдэныр. Абы къищынэмыщIауэ, Iэмалыншэу зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщын, къуажэм и кIыхьагъкIэ гъуэгум тет къэувыIэпIэхэри къагъэщIэрэщIэжын хуейщ. ЩIэупщIэныр езыгъэкIуэкIахэм къызэрыхагъэщамкIэ, цIыхухэм гулъытэ хэха зыхуащIа мы щхьэхуэныгъэхэм зыпэрыт Iуэхур бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къагъэбеящ, зэмыгупсыса е жэрдэмым къыхамылъыта гупсысэ куэдым щIэрыщIэу хагъэплъэжащ.
Къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм 2022 гъэм къриубыдэу километри 110-м гъуэгущ1эхэр щытралъхьащ, километр 30-м уэздыгъэ пкъохэр щагъэуващ.
Къэрал программэм къызэригъэувымкIэ, 2030 гъэм ехъулIэу щIыналъэ гъуэгухэм я процент 60 нэхърэ мынэхъ мащIэр зэгъэпэщыжауэ, процент 85-м хуэдизым уэздыгъэ пкъохэри тегъэувэжауэ щытын хуейщ.
«ЦIыхум гъащIэр гъуэгум тету ехь, абыхэм я шынагъэншагъэр къызэгъэпэщыныр, щызекIуэ щIыпIэхэр фIагъ и лъэныкъуэкIэ дагъуэ имыIэу къэIэтыныр узэбакъуэ мыхъун хабзэщ, ар зыхуей хуэдгъэзэныр ди хьэкъщ», – щыжаIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.