Зи къалэнхэр нэсауэ зыгъэзащIэхэр

ИлъэсыщIэр къихьэн и пэ къихуэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щаритыжащ къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэща IэщIагъэлI пашэхэм. 

Медицинэм, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, ухуэныгъэм, экономикэм, спортым, нэгъуэщI IэнатIэхэм хэлъхьэныгъэ хуэ­зыщIа защIэт гулъытэ лъагэ зыхуащIа цIыху 64-р. Абыхэм я Iэзагъыр, зэ­фIэкIыр, жэуаплыныгъэр къэралми рес­публикэми гулъытэншэу къагъэнакъым. Я къалэнхэр нэгъэсауэ зэрагъэзащIэм, республикэм щекIуэкI Iуэху­-хэм жыджэру зэрыхэтым, илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм я фIыгъэкIэ, УФ-м, КъБР-м я дамыгъэхэр ­къалэжьащ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Дэ идогъэжьэж ди къэралым дежкIэ тыншу щымыта, мыхьэнэшхуэ зиIа Iуэхугъуэхэр къыщы­-хъуа илъэсыр. Абы дэ щытлъэгъуащ ­Хэкур дэтхэнэ зым дежкIи зэрылъапIэр, абы и къэкIуэнум дэркIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар тхъумэн, дызэкъуэтын зэры­хуейр. Апхуэдэ гупсысэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я нэхъыбэм яIэр. 
Дэ диIэ хъугъуэфIыгъуэхэм, ди къарум дызэрыщыгугъыр нэхъри егъэбагъуэ Хэкур яхъумэу нобэ зауэ губгъуэм ит ди щIалэ хахуэхэм я лIыгъэм, дзэ Iуэху хэхахэр щекIуэкI щIыпIэхэм къимыкIуэту кIуэ, къэралым къыщхьэ­щы­жыну зи гуращэ ди щIалэгъуалэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми дропагэ, шэч хэмылъу, икIи гулъытэ зэрахуэтщIыным иужь дитщ. 
Пщэдейрей махуэм фIыкIэ дыщо­гугъ, дауи. Сыт хуэдиз лъэпощхьэпо къытхукъуэмыкIами, мы гъэр тэмэму къызэднэкIыфащ, гъащIэм и лъэны­къуэ псомкIи хэхъуэрэ зыужьыныгъэрэ диIащ. Экономикэм и IэнатIэ псоми щыдгъэува къалэнхэр къыдэхъулIауэ жыпIэ хъунущ. КъыщIэдгъэкIхэм я бжыгъэм хэ­хъуащ, мэкъумэш IэнатIэм зиужьри, абы къыдитри нэхъыбэ ­хъуащ, туриз­мэм ехьэлIа ухуэныгъэхэр йокIуэкI. Экономикэм дэIэпыкъуэгъуфI хуэхъуащ федеральнэ, республикэ мылъкукIэ IуэхущIапIэхэм зэрызащIэдгъэкъуар. БлэкIа илъэсым хуабжьу делэжьащ инвестицэ проектхэмрэ щIыналъэ про­граммэхэмрэ гъэзэщIэным. Экономикэм нэхъ жыджэру къыщыдгъэсэбэп хъуащ иджырей технологие­хэр, нэры­лъагъуу ефIэкIуащ хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ ику итымрэ. А псоми хагъэхъуащ республикэм и мылъкур. Илъэ­сым и кIэм ирихьэлIэу ди хэгъэгум езым и хэхъуэр сом мелард 16-м нэблэгъащ, ар блэкIа илъэсым диIам нэхърэ процент 20-кIэ нэхъыбэщ. А ахъшэр зытедгъэкIуэдэнур цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. 
Илъэсым къриубыдэу егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр, узыншагъэм щыкIэ­лъыплъ, щрагъэфIакIуэ сымаджэщхэр, спорт, щэнхабзэ уардэунэхэр яухуащ. Апхуэдэуи къалэхэр, къуажэхэр, гъуэгу­хэр, пщIантIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ куэд зэфIэдгъэкIащ. А псомкIи сэ­бэп хъуащ УФ-м и Президентым къы­хилъхьауэ дызэлэжь лъэпкъ проектхэр. 
2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъуар Iэ­тауэ дгъэлъэпIащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а тхыдэ Iуэхугъуэм ди цIыхубэр нэхъри зэкъуигъэуващ. А Iуэхум теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зыхуей хуэзэу щекIуэкIащ республикэми ди къэралым и къалащхьэ Москваи икIи ди лъахэм и Iулыджыр къиIэтауэ къызолъытэ».
Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм ды­щIигъуащ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр республикэм ис цIыху лэжьакIуэхэм я ­фIыгъэу зэрыщытыр, ягъэлъапIэ Iэ­щIагъэлI пашэхэм я гуащIэ абы зэ­рыхэлъыр. 
Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ, жылагъуэ лэжьыгъэр жы­джэру зэрыригъэкIуэкIым щхьэкIэ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр хуагъэ­фэщащ ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и Гъэ­зэ­щIакIуэ комитетым и Iэтащхьэ Абано­къуэ Владимир. 
КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр иратащ цIыху 26-м; «КъБР-м и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр фIащащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и ­художественнэ унафэщI Атэбий Игорь; республикэм и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щыпэрыт цIыху 30-м «КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр фIащащ; КъБР-м и Iэтащхьэм и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ цIыхуи 6-м. 
Кърата къэрал дамыгъэм папщIэ къэралым, республикэм я унафэщIхэм фIыщIэ хуащIу, апхуэдэ гулъытэм дя­пэкIэ нэхъыбэжым зэрытригъэгушхуэр жаIэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ягъэ­лъэпIахэр.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэ­тащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ. 
НэщIэпыджэ  Замирэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.