КъадэIэпыкъуащ къалэдэсхэри

ЩIышылэм и 4-м илъэс 80 ирикъуащ Налшык нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къы­зэрыIэщIагъэкIыжрэ. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэу лIыхъужьыгъэкIэ псыхьахэр. Iэтащхьэм и телеграмм-каналым щитхащ: «Налшык бийм Iэрамыгъэхьэным щIыналъэм и цIыхухэм зыхуа­гъэхьэзырын щIадзащ 1942 гъэм и шыщ­хьэуIум щегъэжьауэ. КъалэкIэм, Затишьем деж, бзылъхугъэхэм, сабийхэмрэ ныбжьы­щIэхэмрэ, къалэм къыдэна цIыхухъухэм губгъуэм къина нартыхур ягъэсырт, жэщ-махуэ ямыIэу къатIырт танкхэр къызэрымыкIыфын щIытIхэр, дзотхэр яухуэрт. 
Жэпуэгъуэм и кIэухым бийр Налшык къыбгъэдыхьащ. Жэпуэгъуэм и 26-м щегъэжьауэ 28 пщIондэ зэрыпхъуакIуэхэр къалэм ­гуащIэу къебгъэрыкIуащ, бомбардировщик 70, танк 270-рэ, сэлэт мин бжыгъэхэр яIэу. Зи къару фIыцIэр бжыгъэкIэ къыдэбэкI нэ­мыцэхэм къалэр яубыдащ.
Зэхэуэ гуащIэ дыдэхэр щекIуэкIащ къалэ парк ихьэпIэм, иджыпсту Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ ЩоджэнцIыкIум и уэрамымрэ я деж. Парк ихьэпIэм деж иджы щытщ щIыхьым и мафIэ мыужьыхыр.
1942 гъэм и дыгъэгъазэм ди зауэлIхэр бийм щыпэщIэуващ Налшык-Орджоникидзе гъуэгум. 1943 гъэм щIышылэм и 3-м дзэ плъыжьым фашистхэр щызэтрикъутащ Дохъушокъуэхэ я къуажэм деж, Налшык къалэ къэзыувыхьа зэрыпхъуакIуэхэри хагъэщIащ. Зэрызахъумэ ухуэныгъэхэмрэ лагъым губ­гъуэхэмрэ ягъэбыдэрт къалэм и бгъэдыхьэпIэ псори. Жэщым, артиллериерэ танкхэмрэ ящIыгъуу, ди зауэлIхэр къалэм дыхьащ. ­КъадэIэпыкъуащ къалэдэсхэри. Нэ­мыцэхэр ерыщт, псоуэ къэна школхэр, сымаджэщхэр, IуэхущIапIэхэр къагъауэрт. 
ЩIышылэм и 4-м Налшык хуит къащIыжащ. Абы хэтащ 2-нэ гвардиер, 295-нэ дивизиер, дэIэпыкъуэгъу хъуащ партизанхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр гупым и 351-нэ диви­зиер. Къалэр хуит къыщащIыжым зэхэуэ гуа­щIэ щекIуэкIам деж, нэхъапэм Бахъсэн гъуэгум щыщIидзэу щыта, иджыпсту Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ уэрамым, фэеплъу щагъэуващ Т-34 танкыр.
Налшык хуит къащIыжа нэужь, щIышылэм и 11-м республикэм и щIыналъэ псори бийм къыIэщIагъэкIыжащ.
ЛIыгъэ зезыхьа налшыкдэсхэм я фэеплъыр псэущ. 1985 гъэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 40 щрикъум ирихьэлIэу, Налшык къалэ къратащ Хэку зауэшхуэм и япэ нагъыщэр зиIэ орденыр. 2010 гъэм, гъатхэпэм и 25-м Урысейм и Президентым и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Дзэ щIыхьым и къалэ» къыфIащащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.