ЩХЬЭЖ И ХАБЗЭ ИIЫГЪЫЖЩ

Ику иту цIыху меларди 5 къекIуэлIауэ къалъытэ Катарым щекIуэкIа топджэгу зэхьэзэхуэшхуэм. Стадионибл щIэуэ яухуащ, псори метро гъуэгукIэ зэпыщIауэ, дэтхэнэ зыри сымаджэщкIэ, кхъухьлъатэ тедзапIэкIэ, тыкуэнкIэ зэгъэпэщауэ. Катарым а Iуэхум мелард 229-рэ хилъхьащ. 

ХьэщIэхэм я деж дынэмыс щIыкIэ, зэхьэзэхуэм бысым хуэхъуа Катар къэралым теухуауэ псалъитI. ЭмиркIэ зэджэ мы къэралым и тепщэм и цIэр Хьэмад и къуэ Тамимщ. Узыншагъэшхуэ зимыIэж Хьэмад езым и гукъыдэжкIэ тепщэгъуэр зыщхьэщихри, и къуэм иритащ. Куэдым яцIыху тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм, Iэмал зимыIэхэм ядэIэпыкъункIэ цIэрыIуэ, тетыгъуэр зыIэщIэлъ эмирым и анэ Мозэ-гуащэр. 
Иджыри зы гъэщIэгъуэн: зэхьэзэхуэм щIидзэн ипэ махуитI иIэжу, Катарым хэIущIыIу ищIауэ щытащ джэгупIэхэм пивэ къудей щащэу зэрамыдэнур. ЗыгъэпсэхупIэ куэд дыдэ зэрыт къэралым фадэ щыземыкIуэххэу аращ. Зи нэрыгъхэм ар къэралым и щыхьэр Дохэ и къалэкIэм къыщагъуэтыф, ауэ унэм фIэкIа зыщIыпIи къыщипхыну ухуиткъым. 
Спортым мамырыгъэр зэрилъабжьэм адрей псори IуегъэкIуэт. ЦIыхум и гуфIэкIэми, и нэщхъеикIэми куэд къыбжеIэ и хьэлым, къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ. Уеблэмэ текIуэныгъэр къызыIэрыхьа, цIыхубэ гулъытэм игъэфIа гуэр псынщIэу ящыгъупщэжу, и цIыху хэтыкIэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, хамэ декIуэкIыкIэкIэ нэгъуэщI ягу къыщинэж къохъу. 
Топджэгу нэужьым стадион тIысыпIэхэм пхъэнкIий куэд щызэтрехьэ: кумбыгъэ нэщIхэр, кIэнфетыфэхэр, къинэмыщIхэр. А псори Iузыхыж пхъэнкIакIуэхэми лэжьапщIэ ират, дауи. Ауэ Катарым къекIуэлIахэр мыргуэрми къигъэуIэбжьащ японхэм я лъэпкъ хьэлым. Японием къабзагъэр зэрыцIыкIу лъандэрэ щыхапщэ цIыкIухэм. Катарым щекIуэкI топджэгум я къэралым икIа спортсменхэр Германием щыдэджэгум ядэщIу Хъэлифэ стадионым щэ бжыгъэкIэ иса японхэм загъэгувэри, яIыгъа тIысыпIэхэр ягъэкъэбзэжащ. Ардыдэр японхэм къыщагъэлъэгъуащ гупыр Эквадорым щыдэджэгуами. ГъэщIэгъуэну а Iуэхум тепсэлъыхьащ я лъэпкъэгъу профессор гуэр: «Японхэр я дуней тетыкIэм зэрыригушхуэр къызэрагъэлъагъуэ Iэмалщ къабзагъэм зэрыкIэлъыплъыр». «Уздэщысар уэ уи пэкIэ зэрыщытам нэхърэ нэхъ къабзэу къэбгъэнэн хуейщ», - апхуэдэу жаIэ японхэм. Хабзэ дахэр щапхъэ яхуэхъуащ иужькIэ Франджымрэ Мароккэмрэ къикIахэми. 
Иджы зэдвгъэлъытыт я фIейр Iуахыжын дэнэ къэна, адрей къэралхэм къикIахэр ягъэпудын мурадкIэ зыгуэрхэр ядзу, псалъэ жагъуэхэр я хьэрхуэрэгъухэм жраIэу щыса Эквадорым щыщхэм. Хьэлыншагъыр апхуэдизкIэ наIуэти, бысымхэм хабзэхъумэхэр къраджэн хуей хъуащ. ЕмыкIуу къалъытащ Катар зэхьэзэхуэм хабзэкIэ щамыдэ пивэм хуэерыщ инджылызхэм я хьэлыншэкIэри. Пивэр уефэ щымыхъунур стадионым и закъуэт. Нэхъыбэм «а сыхьэтищым дилIыкIынкъым» жаIэри, арэзы хъуахэщ, ауэ гъэпщкIуауэ зезыхьахэри щыIэщ. Пасэрей жорзехьэхэм ещхьу зызыхуэпахэми я щыгъынхэр ямыхъуэжу хуадакъым, муслъымэн къэралым зэрыкIуэм къыхэкIыу. 
Японхэр къабзэлъабзагъкIэ цIэрыIуэ хъуамэ, цIыхухэм бын гумащIагъкIэ ягу нэсащ Мароккэм щыщ топджэгухэр. Абыхэм я текIуэныгъэр я анэхэм зэрыдагуэшыр сытым дежи хэIущIыIу хъурт. Гукъинэжу а Iуэхум тепсэлъыхьащ нэмыцэ комментаторхэм яз: 
«КъухьэпIэм щыпсэухэм куэд щIауэ апхуэдэ Iыхьлы гумащIагъ зыхэтщIэжыркъым. Унагъуэр мэкIуэдыж. Я хъыджэбзхэр къыздрашэкIыу тлъагъункIи хъунщ ди топджэгу цIэрыIуэхэм, апщIондэху я адэ-анэхэр жьыхэр щапIыж унэхэм щIэсу. Мароккэм и топджэгухэм я унагъуэхэр къазэрыкъуэтыр куэдкIэ сэбэп къахуохъу. Дэ ди хабзэншагъэр пхыдгъэкIыну ди Iупэхэр дубыдауэ сурэт зытрыдогъэх, ауэ Мароккэм щыщ щIалэхэм унагъуэ хабзэ зэрызэрахьэмкIэ дадэплъеину къалэжь. Хуэмурэ дэри тлъагъужынкIи хъунщ ди спортсменхэм я адэхэмрэ анэхэмрэ я натIэм ба хуащIу». 
Апхуэдэу мы комментаторым нэхъыбэу жезыгъэIар Мароккэ гупым щыщ Хакимирэ Буфалрэт. Хакими къуажи жыли къеплъу и анэм бгъэдэлъадэри зришэкIащ, Буфал и анэр стадионым къришэри къыщигъэфащ. «Си адэ-анэр зыщIыпIи щеджакъым, - яжриIащ журналистхэм Хакими, - ауэ лэжьыгъэм гу щахуащ. Сэ гъуэгу къызатын папщIэ, си анэр лъэсакIуэу, си адэр – уэрам сатуущIу лэжьахэщ. ГъащIэм мыхьэнэ щызиIэмрэ щызимыIэмрэ зэхэзгъэкIыфу сезыгъэсари ахэращ. Дунейм теткъым абыхэм папщIэ сэ схуэмыщIэн». 
«Японхэм цIыхубэр къабзагъэм хуаущиямэ, Мароккэм щыщ щIалэхэм адэ-анэм пщIэ зэрахуэфащэр ягу къагъэкIыжащ», - жаIэ иджы катар топджэгум теухуауэ.  

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ