КIУЭДЫЖЫПЭНКIЭ ШЫНАГЪУЭЩ

Къурш бжэныр зэ зылъэгъуам абы и теплъэр щыгъупщэжынкъым. Езыр инкъым, и лъагагъыр сантиметр 65 - 70, и кIыхьагъыр сантиметри 125 - 135, и хьэлъагъыр килограмм 32 - 36-м нос. И пкъым зыри лейуэ кIэрылъкъым. ЦIыхур дихьэхын, и дахагъэр иригъэгъэщIэгъуэн папщIэ къигъэщIа хуэдэщ ар.

Къурш бжэныр хуабжьу щтэIэщтаблэщ, цIыхуми нэгъуэщI псэущхьэхэми гъунэгъу захуищIыркъым. Ар къызыхэкIыр и бийхэм зэрапэувыфын Iэмал зэрыбгъэдэмылъырщ. И гъащIэр бгыщхьэхэм нэхъ щегъакIуэ, и фIалъэхэм я быдагъми Iэмал кърет мывалъэхэм хуиту къыщижыхьыну. КъызэрыфIэIуэхущэ щымыIэу, метри 5 - 7 зи бгъуагъ бгы зэгуэзыпIэхэр тыншу къызэренэкIыф. Хуабжьу зэрысакъым къыхэкIкIэ, гурыщхъуэ зыхуищIын гуэр гъунэгъу зэрыхуэхъуу, фий макъ ину къегъэIу. ЩIымахуэм тафэм къох, гъэмахуэм къуршым йохьэж. Мы псэущхьэм дэтхэнэ зы бгылъэ щIыпIэми ущрихьэлIэркъым, адэкIэ-мыдэкIэ гуп-гуп цIыкIухэурэ щыхэгуэшащ. И шхыныгъуэр удзхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэщ.

Къурш бжэнхэр илъэс 15 - 18 хъуху псэун хуейуэ хуагъэфащэ, арщхьэкIэ ахэр куэдкIэ нэхъ пасэу яукI - цIыхухэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ яIэщIокIуадэ. Ди бгылъэ щIыпIэхэм мы псэущхьэр япэ зэманхэм куэду ису щытамэ, иджы щымащIэш. Дахуэмысакъмэ, къэнэжа тIэкIури кIуэдыжыпэныр зыми хуэIуакъым.

АБАЗОКЪУЭ Ахьмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.05.2025 - 10:01

Къалэнышхуэхэр къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым щедэIуащ республикэм и бюджетыр 2024 гъэм зэрагъэзэщIам.

24.05.2025 - 09:03

Дызытес къудамэр пыдмыупщIу

ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН–м хигъэунэхукIа пIалъэхэм ящыщщ «Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэ» жыхуаIэр.

24.05.2025 - 09:03

IэщIагъэм зыхагъэгъуазэ

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм къызэ­ригъэпэща «МедиаПритяжение» урысейпсо проектым и щIыналъэ Iыхьэр Налшык къалэ щекIуэкIащ.

23.05.2025 - 09:14

ГущIэгъуншэт зауэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ Васильев Борис и «А зори здесь тихие…» повестым къытращIыкIа «Пшэплъ даущыншэхэр» спек­таклыр.

23.05.2025 - 09:03

ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ

«Си хабзэубзыху жэрдэмыр» – аращ зэреджэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ гупыр иджыблагъэ зыхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм.