ИДЖЫРЕЙ МАРДЭХЭМ ТЕТУ ЗРАГЪЭУЖЬЫНУЩ

Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Бахъсэн и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ Адылсу къуэ бгъунжым дэт «Шхельдэ» егъэзыпIэм журналистхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм адэкIи зегъэужьыным хуэгъэзауэ зыхуагъэувыжа къалэнхэр зыхуэдэм.

         Кърахьэжьа проектыщIэм и зэхэлъыкIэм щытепсэлъыхьым, Назаровым игъэбелджылащ:

- «Iуащхьэмахуэ» курортым адэкIи зиужьыным ехьэлIауэ дыубзыхуа Iуэхухэр IыхьиплIу гуэшащ. Ахэр псори зытеухуэжар цIыхухэр уэру здекIуалIэ тIуащIащхьэр, къабзагъэр щытепщэу, зэлъыIухауэ, тыншыгъуэрэ щIэщыгъуэкIэ гъэнщIауэ щыгъэтынырщ. Къалэнхэм я пэщIэдзэу къытхущIэкIар бгыжь уардэм и лъабжьэм зыщIэзыуфэбгъуа Азау хуейм и иджырей щытыкIэр мардэщIэхэм къидгъэтIэсэн хуей зэрыхъуарщ. Абы ипкъ иткIэщ, сату щащI щIыпIэу абдежым щыIар зэрыщыту едгъэIэпхъуэкIыу къэдгъэщIэрэщIэжын хуей щIэхъуари, машинэ гъэувыпIэхэр и лъабжьэмкIэ къызэредгъэIэпхъухари.

Министрым и къуэдзэм адэкIэ къыхигъэщащ, зи гугъу ящI фэхум егъэшыкъылIарэ хабзэми къемызэгъыу щызэрагъэпцIа хьэщIэщ цIыкIухэр Iуахын хуей зэрыхъунум зейхэм шэч къыщIытрахьэжын зэрыщымыIэри.

- ПроектыщIэр дыубзыхуами, и гъэзэщIэныр пэщIэдзэ щытыкIэм зэритри нэрылъагъущ. Сыту жыпIэмэ, абы хохьэ езы зыгъэпсэхупIэм и «зэфIэкIым» зэрызрагъэубгъунури, къекIуалIэхэр нэхъ зэрыдэтхьэхынумрэ я бжыгъэр нэхъыбэж зэрытщIынумрэ дызэрыхущIэкъунури. Абы папщIэ, дэ яужь дихьэнущ Iуащхьэмахуэ кIэрыхьэ кIапсэ гъуэгухэм зэрытешасэу и лъабжьэм алъандэрэ щыщыIа текIыпIэ закъуэр, зэрыщытам хуэмыдэу, тIу щрегъэщIыкIынми, бгы нэкIухэм лыжэ къежэхыпIэхэм защедгъэубгъуу, Iэхуитлъэхуит нэхъ щыщIынми, - къыпищащ и псалъэм Назаров Сергей.  

Журналистхэр кIэлъыкIуэу щIэупщIащ къэралым и мылъкум щыщу проектыщIэм халъхьэнур зыхуэдизым.

- ЗэрыфщIэщи, Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм жыджэру къыщрахьэжьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Тырныауз къалэ егъэщIылIа комбинатымрэ абы къедза Iэгъуэблагъэмрэ иджырей мардэхэм къитIасэу къызэрагъэщIэрэщIэжри. А лэжьыгъэм, зэрагъэунэхуам тету екIуэкIмэ, псори зэхэту, сом мелард 60-м нэблагъэ трагъэкIуэдэнущ. Езы курортым дытепсэлъыхьмэ, лыжэ къежэхыпIэхэмрэ кIапсэ гъуэгухэмрэ нэхъри нэхъ зэпэщ щIыным иджыри сом мелард I6-м щIигъу халъхьэнущ. ХьэщIэщхэм псори зэхэту сом мелард 20-м нэблагъэ ирахьэлIэнущ. Иужьрейм и нэхъыбапIэр къызыбгъэдэкIыну дызыпэплъэр абы зи мылъку хэзылъхьэну хьэзырхэрщ. Псоми я гугъу дымыщIми, къризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, проектыщIэм зэрыщаубзыхуамкIэ, езы зыгъэпсэхупIэм и мызакъуэу, къедза Iэгъуэблагъэм зегъэужьынми Тырныаз комбинатым зыкъегъэIэтыжынми, псори зэхэту, сом меларди 100-м нэс трагъэкIуэдэнущ.

- Азау хуейм къыщыщIэдзауэ Эльбрус къуажэми пхыкIыжу, Бахъсэн и тIуащIащхьэхэм щраукъуэдиихыну жыхуаIа псы фIей жапIэм и Iуэхур дэнэ нэса? – щIэупщIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэр.

- Зи гугъу тщIы проектыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, дунейпсо мардэхэм къитIасэущ мыбдежым зэрыщыпхыгъэкIыпхъэр, - кIэлъыкIуэ упщIэм и жэуапу жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. – Ауэ щыхъукIи, Iуащхьэмахуэ лъапэ къедза Iэхэлъахэри, Эльбрус къуажэри абы хэту, узрагъэхъуэпсэн хуэдизу зыхуей хуэгъэзапхъэщ. А жылэм щедгъэкIуэкIын хуей лэжьыгъэхэм ящыщу къэтлъытащ фIейр зэрыщыIутшым и мызакъуэу, псы къабзэ екIуэлIапIэу щыIэхэри зэрыщызэтхъуэкIынур, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэу дэт IуэхущIапIэхэр, сымаджэщри, нэгъуэщI абы хуэдэхэри хэту, теплъэщIэхэр яIэу къызэрыщыдгъэщIэрэщIэжынур.

ЗэIущIэм щIэсахэр апхуэдэуи щIэупщIащ кърахьэжьа Iуэхум уней мылъку зиIэхэр къыщрашэлIэнур дапщэщми.

- ПроектыщIэм къыхыхьэну хуейхэр я зэфIэкIкIэ зыхуэдэм ехьэлIауэ ягъэхьэзыра тхылъхэм дызыхуэкIуэ илъэсым и щIышылэм щегъэжьауэ хэплъэн щIэддзэнущ. Резидент-инвесторхэм, зэман кIэщIым къриубыдэу, щыгъуазэ дыхуащIыпхъэщ Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм, иджырей зэманым къызэригъэуву, заужьынымкIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэу къагъэлъагъуэр зыхуэдэр. АтIэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, Iуащхьэмахуэ лъапэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ курорт хъун папщIэ, хьэщIапIэ къакIуэхэр зыхуей нэхъ щыхуэзэным ехьэлIауэ а щIыпIэм къыщагъэщIэрэщIэжыну ухуэныгъэ псоми архитектурэ теплъэщIэ яIэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, спортым дихьэххэм, лыжэкIэ къыщежэххэм, арыххэу зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм   Iуэхутхьэбзэу щагъуэтым я фIагъым хэгъэхъуэнми мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэри нэрылъагъущ, - зыщIэупщIам и жэуапу къыхигъэщащ Назаровым.

- ЗэхъуэкIыныгъэ псоми къадэкIуэу, гъуэгухэри зэрыщегъэфIэкIуапхъэм дыщыгъуазэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ евгъэкIуэкIыну фи мурад? – упщIэм и жэуапу КIуэкIуэм жиIащ:

- Iуащхьэмахуэ щIыналъэр къатщтэмэ, къыжыIапхъэщ автомобиль гъуэгухэмкIэ «Кавказ» федеральнэ IуэхущIапIэм, машинэ зекIуапIэхэр иджырей мардэхэм зэрыхуигъакIуэм къищынэмыщIа, и пщэ зэрыдилъхьэжар Бахъсэн псым и Iуфэхэр, нэхъ къыщытIасхъэ щIыпIэхэм деж, зэрыщигъэбыдэнури, лъэмыж зэпрыкIыпIэу дэнэ щIыпIэкIи щиIэхэр нэхъ бгъуэ зэрыщащIынури. «Iуащхьэмахуэ» курортым адэкIи зэрызиужьынум и фIыгъэкIэ ди республикэм IэнатIэщIэу куэд къыщызэIутхынущ, Бахъсэн и псыхъуащхьэхэми къызэрымыкIуэу заужьынущ.  

 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.