ЩЫТЫКIЭ ГУГЪУМ ИТ УНАГЪУЭХЭМРЭ САБИЙХЭМРЭ Я IУЭХУМ ИРИГУМЭЩIУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щызэхэтащ КъБР-м и Правительствэм егъэщIылIауэ лажьэ, балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ комиссэм и зэIущIэ.

ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. Апхуэдэу абы кърихьэлIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м и Iэтащхьэм деж щылажьэ, сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэ Лъынэ Светланэ, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз сымэ. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ сабийхэр зи нэIэ щIэт икIи абыхэм къащыж къэрал къулыкъущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, балигъ мыхъуахэм я Iуэхур щIыналъэхэм зэрыщызэтегъэпсыхьам, абыхэм я хуитыныгъэхэр къызэпыуда мыхъуным зэрыщыкIэлъыплъ щIыкIэм.

КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министр Асанов Алим и псалъэм къызэрыхигъэщамкIэ, сабийхэр зи нэIэ щIэтын икIи абыхэм къащыжын хуей къулыкъущIапIэхэм я лэжьыгъэр убзыхуа хъуным, унэтIыным, ар зэрекIуэкIым кIэлъыплъыным епха лэжьыгъэ зыбжанэ езым и унафэ щIэт министерствэм зэфIегъэкI.

- 2022 гъэр къапщтэмэ, цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я нэIэ тетщ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэ 332-м. Абыхэм сабий 995-рэ щапI. Къапщтэмэ, мы унагъуэхэм я нэхъыбэр хуэмыщIащ, адэм е анэм я закъуэу быныр зыпI унагъуэхэри яхэтщ. Ди къалэнхэм хохьэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм зыкъаужьыжын и лъэныкъуэкIэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр едгъэкIуэкIыныр. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэр сабийхэми унагъуэхэми щыхуащIэ «Нэмыс» центрым. Апхуэдэ IуэхущIапIэ, унагъуэхэмрэ сабийхэмрэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу, щыдиIэщ Аруан щIыналъэми. Дызэрыт илъэсым «Нэмыс» центрыр зи Iуэхур зэкIэлъымыкIуэ хъуа ныбжьыщIи 158-м щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ. Унагъуэхэмрэ сабийхэмрэ ядэлажьэ ди центрми цIыху 500-м щIигъум зыкъыхуагъэзащ, дэIэпыкъуныгъэр цIыхуи 111-м ягъуэтащ», – жиIащ Асановым.

Министрым зэрыжиIамкIэ, зи Iуэху хуэмыщIа сабийхэмрэ унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъум къищынэмыщIауэ, абыхэм психологие и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъу, щэнгъасэ лэжьыгъэхэр ядезыгъэкIуэкI IуэхущIапIипщIи щыIэщ. Апхуэдэу, 2022 гъэм къриубыдэу а IуэхущIапIэхэм унагъуэ 1378-м зыкъыхуагъэзащ, сабий мини 4915-м дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуащ.

Асанов Алим зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым сабийхэм щхьэкIэ «дзыхь зэбгъэз хъун телефоныр» щолажьэ. Дызэрыт илъэсым абыкIэ сабий 391-рэ къулыкъущIапIэм къэпсэлъащ.

КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз къыщыпсалъэм, къулыкъущIапIэм дызэрыт илъэсым къриубыдэу лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахар къыхигъэщащ.

- КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэрщ балигъ ныбжьым нэмысахэм, сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэр зыщхьэщымыт ныбжьыщIэхэм, абы къищынэмыщIауэ бын къищтэу зыпIыну хуейхэм я урысейпсо банкым и щIыналъэ Iыхьэр зэзыгъэпэщри, зыхуей хуэзыгъазэри. Адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабии 114-рэ щатхащ нэгъабэ КъБР-м. Абы къищынэмыщIауэ, щIыналъэхэм учётым унагъуи 132-рэ щагъэуващ, я псэукIэр зэкIэлъымыкIуэу, Iуэху мыщхьэпэхэм хэша хъунымкIэ уатешыныхьу. Апхуэдэ унагъуэхэм сабий 432-рэ къыщохъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а сабийхэм ящыщу 66-р я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж икIи зыщрагъэужьыж IуэхущIапIэхэм ямыгъакIуэу хъуакъым, – жиIащ Мокаевым.

Абы и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхэщамкIэ, унагъуэм къимыхъухьа, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIа, щытыкIэ гугъум зыкъомрэ къимыкIыу ита сабийм удекIуэкIыныр тыншкъым, ар гъащIэм зэридзащи. Апхуэдэхэм я гур къыдэшеин, езым хуэдэ цIыкIухэм яхэсыхьын, нэхъыжьхэми псалъэ къыхуагъуэтыфу хъун папщIэ психологие лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIын хуейщ. Апхуэдэхэм ядэлажьэу КъБР-м еджапIиплI итщ.

«Псалъэм папщIэ, Балигъ ныбжьым нэмысахэм, сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэр зыщхьэщымыт ныбжьыщIэхэм папщIэ Нартан къуажэ дэт еджапIэ-интернат №5-м еджэныр къэзыухахэм папщIэ социальнэу защIэзыгъакъуэ Центр хэту мэлажьэ. Абы зи Iуэхур зэтеувэгъуей хъуа ныбжьыщIэхэм илъэсым нэблагъэкIэ щакIэлъоплъ. Центрыр 2012 гъэ лъандэрэ мэлажьэ. Дызэрыт илъэсым Центрым сабий 11-м я Iуэхур зыхуей хуэгъэзэнымкIэ, унапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, щIэныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ ядолажьэ. Ауэ мы Iуэхум зы гугъуехь пыщIащи, ар къыхэзгъэщмэ, сфIэигъуэт. Центрыр зыдэлажьэр КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хиубыдэ, абы и жьауэм щIэту IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр къэзыухахэращ е къанэ щымыIэу къэралым и нэIэ щIэту лажьэ, Нартан къуажэ дэт IуэхущIапIэхэм хуэдэхэм къыщIагъэкIа сабийхэращ. Центрым и гулъытэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, зылъэIэсыр щыпсэу щIыпIэкIэ абы къепхахэращ. Къэрал хабзэм хэлъ а щыщIэныгъэм дяпэкIэ зихъуэжыну дыщогугъ, зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ, лэжьэн щыщIидзэнум дыпоплъэ. Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ зи гугъу тщIы сабий гупым еджапIэ-интернатыр къауха нэужь я Iуэхур зэузэпэщ зыщI программэ дызытехьэ илъсэым и гъэмахуэ пщIондэ хьэзыр хъун хуейуэ къызэрытпэщылъыр», – жиIащ къулыкъущIэм.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ балигъ мыхъуахэр псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэми. Псори зэхэту унапIэ чэзум цIыху 1428-рэ Iутщ. Абыхэм ящыщу цIыху 1131-м я ныбжьыр илъэс 18 зэрырикъуам къыхэкIыу унэ икIэщIыпIэкIэ иратын хуейуэ щытщ. Мы гупым щыщу цIыхуи 178-м унэ къыщ1рамытам и Iуэхур судхэм щызэхагъэкI.

«УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэмрэ зыщIэсыну унэкIэ къызэгъэпэщыным 2021 гъэм ирихьэлIэу сом мелуан 78 850,9-рэ хухахащ. Абы щыщу урысей бюджетым къыхокI сом мелуан 73 331,3-р, КъБР-м и бюджетым сом мелуани 5 519,6-р абы хелъхьэж. 2021 гъэм мы гупым щыщ цIыху 73-м унэ иратащ», - къыхигъэщащ Мокаев Ашэмэз.

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат зэрыжиIамкIэ, сыт хуэдиз Iэмал хамылъхьэми, унэ хуэныкъуэ цIыхухэм я бжыгъэм илъэс къэс ику иту цIыхуи 100 къахохъуэ, хейщIапIэхэм апхуэдэ сабийхэм я телъхьэу къащта унафэ мызащIэхэри хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ хъуркъым.

«Мы щхьэусыгъуэрщ къызыхэкIар 2021 гъэм и мэлыжьыхь мазэм КъБР-м и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, «Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымыт ныбжьыщIэхэмрэ псэупIэкIэ 2025 гъэ пщIондэ къызэгъэпэщыным, зэтрихьа щIыхуэхэр зытегъэкIыным хуэунэтIауэ» зыфIища къэрал программэр зэхэлъхьэныр. Абы къызэригъэувымкIэ, сабий зеиншэ, адэ-анэ зыщхьэщымытыж ныбжьыщIэ псоми унэ я1эн хуейщ 2025 гъэ пщIондэ. КъБР-м къищта а программэм УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэри арэзы техъуащ ик1и къэралым ФинансхэмкIэ и министерствэм хуигъэхьащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызыпэплъэ жэуапыр иджыри къыздэсым къытIэрыхьакъым», - жиIащ Хъубий Марат.

ЗэIущIэм IэнатIэм пэрытхэр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэху зыбжани къыщаIэтащ икIи зытепсэлъыхьахэм ехьэлIа унафэ пыухыкIахэр щащIащ, чэнджэщхэр къыщащтащ, пщэрылъхэр трагуэшащ.

Зэхуэсым и кIэухым КъБР-м и Правительствэм егъэщIылIауэ лажьэ, балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ комиссэр 2023 гъэм зэрылэжьэну планым и проектри къащтащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)