ТХЫЛЪЕДЖЭХЭМ ПАПЩIЭ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм   ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм  и лэжьакIуэхэр хэтащ «Дарите книги с любовью» фIэщыгъэм щIэту  Налшык къалэм и ХьэтIохъущыкъуей    паркым ит жылагъуэ библиотекэ зэIухам деж щекIукIа  Iуэхум.    

Росгвардейцхэм  библиотекэм и фондым халъхьащ хамэ къэрал, хэку литературэм и классикэ тхылъхэр.     «Урысейпсо цIыхубз зэгухьэныгъэ» - «Урысейм и гугъапIэ»  урысейпсо жылагъуэ организацэм и щIыналъэ   къудамэм и унафэщI    Черновэ Аленэ  апхуэдэ  гулъытэм папщIэ  Росгвардием и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ. 

«Мыпхуэдэ Iуэхухэр ди республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ я щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъэущ.  Сыщогугъ мы тхылъхэм    я щIэджыкIакIуэ яIэну.  Мыр IуэхуфIщ, щхьэпэщ  икIи адэкIи зиужьыну  сыпоплъэ»,- жиIащ Iуэхум  хэта полицэм и лейтенант Щоджэн Мурат.  

                                                                         

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н