«АДЫГЭХЭР КЪОКIУЭ!»

 МахуитI енкIэ, къуакIи-бгыкIи къызэднэкIыу, дызыхуэкIуэм зызэрихъуэкIыу, дыздынэс къыдэIэфIэкIыу, джабэ бгъуэщIкIэ цIыху зэрымыс губгъуэ дыпхрыкIри, бгыщхьэ аранэхэр зи плъапIэ, абыхэм я щIыб къыдыхьэныр зи гуращэ гупыр ещанэ махуэм сэнтх гуэрым дыщхьэщыхьащ.
Фышт бгыжьым дыхуэкIуэу
Iуащхьэ лъащIэ бгыщIэри, адэкIэ къыщылъ хуейри пхуэмыIуэтэщIын хуэдизу дахащэт, узыIэпызышэт. Щыгъуазэ зызыхуэтщIа гъуэгугъэлъагъуэ картэхэм къыдагъэлъэгъуат, зекIуэ лъагъуэм дыкъытемыкIмэ, Щхьэгуащэ псыхъуэм и пщэдыкъ аргуэру зэ бгыщхьэхэмкIэ дызэрыщыдыхьэжынур.
Фыщт Iуащхьэжьыр уардэу къызыхэлыдыкI Кавказ шытхыжьыр ди пащхьэ итт. Бгырылъ мылхэр бгыжьэ дурэшхэм щыдэплъагъуэрт.
Къызыхэщ Кавказ шытхыжьым,
Уардэу щхьэщыплъыкI Фыщтыжьым,
ДыщыIуплъэм и нэпкъыжьым,
 КъытщIихуащ дэ ижь акъужьым.
Ар къыздикIри хы лъэныкъуэт.
Иджы абы дэ дыхуэныкъуэт?
Щхьэгуащэ и псы къуэпсхэр щызэхэлъэдэж лъапэрытым ижьымкIэ тIэкIу-тIэкIуурэ Лагъуэнакъэ зыхуишийрт. Дызытет бгым зыщIэзыуфэбгъуа гъуэфылъэри къопсэлъэным хуэдэу дэхэт. Хуейр нэхъри ягъэбжьыфIэрт «Фыщт» турбазэм и унэхэр абдежым зэритым.
УсакIуэм зэрыжиIауэ, «хъэрахъэу, фIэрафIэу, уфэразэу, дыгъэм и псэм зыдигъазэу» зыкъытхуэзыгъафIэ тIуащIэм нэри псэри тIэпихт!
Аддэ жыжьэу, къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ нэгъуазэм къызэщIиубыдэ щIэплъыпIэм къыщегъэжьауэ, гъуни-нэзи зимыIэж мэз абрагъуэр, мыщэжьым хуэдэу, къуакIи-бгыкIи къимыгъанэу, мыддэ дэ дызытет нэпкъым къытеIэбэрти, тхуэзанщIэ хуей дахэ цIыкIум и гугъу имыщIу, и «лъапэр» ихъуреягъкIэ къыщыт Iуащхьэжьхэм ятришиерт. Къуэпс цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъэдэжа псыр зэщIэзыкъуэжа тIуащIэм сэмэгумкIэ зигъазэрти, ищхъэрэкIэ къыщыдгъэна Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIум «хуеплъэкIырт».
Гупсысэ зэхуэмыдэхэм дахэмыкI щIыкIэ, зи лъабжьэ дыщIэкI жыгхэри кIуэщIащ, лъапэрытми дихьащ. «Уи гъуэгур бзэпсу, уи псыр чэнжмэ, уехъулIащ» жыхуиIэрати, гъуэгум нэжэгужэ дыкъыщыхъужащ. КIей лъэгум и курыкупсэм бзэрабзэжу щежэх Щхьэгуащэ фIыщIэ фIэхъус «етхри», дызэпрыкIащ. Псым адрыщIкIэ къыщыт ухуэныгъэхэм дахуэкIуэрт. Я лъабжьэм цIыхуищ щIэсщ, ди дежкIэ къоплъэ, мэгуфIэ…    
«Сыту пIэрэ мыхэр нэжэгужэ зыщIар?», - жытIэу дызэупщIыжурэ дыздэкIуэм, гъунэгъу дызыхуэхъухэм я зым урысыбзэкIэ «Смори, черкесы идут!» - жиIащ. Ар зэрыдгъэщIэгъуэныр дымыщIэу, щысхэм дащыбгъэдыхьэм, фIэхъус зэхынри гушыIэри зы тщIыри: «Дызэрыадыгэр дауэ къэфщIа?» - жытIэри, захуэдгъэзащ.
- Моуэ иджыпсту фи гугъу тщIа къудейт! – жэуап къыдитыжащ хъумакIуэм. - ЩхьэдэхыпIэм фыкъыщытеувэм, нэрыплъэкIэ сынаплъэри фыкъэслъэгъуащ. «ШыфэлIыфэкIэ» адрейхэм фахуэдэкъым. Фи бзэр-щэ! Псым фыкъызэрызэпрыкIыу, фызэхэзыха мы къыдбгъэдэсхэм, «ди къуэшхэр къокIуэ!» - жаIагъэнт, гу ялъыстэу зыкъытраIэтыкIащ.
«Пэжу пIэрэ ар?» - жытIэу, щIалэхэм дащыхуеплъэкIым, языр къэпсэлъащ, «фыадыгэкъэ?» жиIэри. Жэуапым пэмыплъэуи, дызбгъэдагъэтIысхьащ. ДызэрыцIыхуащ. Езыхэр Адыгейм хыхьэ Хьэкурынэ хьэблэм щыщ зэкъуэшхэу Сихъухэ Русланрэ Рэмэзанрэт. Нэхъыжьыр, Руслан, Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэм яхэтащ.
- Мы къуэладжэм сыт фыкъэзыхьар? - жытIэу, кIахэ адыгэхэм защыхуэдгъазэм, къыдатыжа жэуапри гъэщIэгъуэнщ:
- Дэ ди жьэгужь дыкъихьэжу аращ, - къытпэджэжащ Руслан. ИтIанэ, и Iэ ижьыр Щхьэгуащэ здигъазэмкIэ ищIри, - мес, мо мэз Iувыжьым хэкIуэсэж псым Iусыгъащ Сихъухэ дыкъызыдэкIа жылэжьыр.
Абэзэхэ щIалэм жиIам щыхьэт техъуэ картэ илъэс зыбжанэ дэкIауэ къытIэрыхьащ. Абы IупщIу щыплъэгъунущ Гъуазэрыплъ ипщэкIэ иджыри зы жылэ зэрыдэсыгъар. ЦIэуэ зэрихьэри Сихъу - хьэблэт…
Гъуэгу дытехьэжащ. ЩIыIэпсым нэхъ пэIэщIэ дыщыхъум, ди лъэхэр нэхъ щIэкI хъуащ. Языныкъуэхэм деж ижьымкIэ дызыблэкI Фыщт Iуащхьэжьым и аранэ щыхупIэжьхэр гъунэгъубзэу къэлъагъуэрт.
Бгы аранэхэр ди гъуазэу,
Дыдэплъеймэ, щхьэр уназэу,
ДыпокIуэкIри Фыщт и бгъуэщIым,
ФIыр щыдгъафIэурэ ди гущIэм…
Гупыр Кавказыр «Ищхъэрэ», «КъущхьэщIыб» IыхьитIу зэхэзыгуэшыкI Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэм дихьащ.
Мыбдежым гъэщIэгъуэн тщыхъуар аращи, дызыблэкI Iуащхьэжьым ипщэкIэ гъэза и къыр дзакIэхэр, дыгъэм зэрижьэм и нэщэнэу, дыщафэ - хужьыфэт. Апхуэдэтэкъым ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ гъэза нэпкъхэм я теплъэр. Ахэр морафэ-фIыцIафэт.
БгырыкIуэ гупыр иужьрейуэ дызыдэкIар Шэрджэс (Черкесский) щхьэдэхыпIэрщ. Щыгум къыщытщIихьа мэ гуакIуэр къызыпих удзыр къытхуэмыщIэу зытплъыхьащ. Гугъу демыхьуи къэтхутащ. Ар бгыщхьэхэм къыщыкI къущхьэхъу шей, «рододендрон» жыхуаIэ къэкIыгъэрат.
АптIэхъуэхэм я щIыгум
Гупым иужьрей сэнтхым куэдрэ зыщытIэжьакъым. Ди щIыб илъ хьэпшыпхэм драхужьа - сытми егъэзыхыгъуэ задэм жэрыгъэкIэ дехырт.
Бгыщхьэхэм нэхъ пасэу щыпылъэлъыж пщIащэр уэхым епсынщIэхыу ех ди лъакъуэхэм щхъыщхъыжу къыщIэщэщырт. Куэд ткIуа-мащIэ ткIуа, сытми, псалъэмакъ гуэрхэр ди тхьэкIумэ къиIуащ.
Ар зищIысым дегупсысыну дыхунэмысу, ди пащхьэ къихутащ нэрыбгэ зыбжанэм къауфэрэзыхь «Уаз» автомашинэмрэ абы пэгъунэгъуу щыт шыхэмрэ.
Гъунэгъу дащыхуэхъум, къэлътмакъ гуэрхэр зэзыгъэзахуэ лIым и щхьэр къиIэтри, урысыбзэкIэ: «Ого! Черкесы идут?!» - жиIащ. «Иджыщ дэ шэч къыщытедмыхьэжыххэр, - дыгуфIэрт дэри, - гъуэгу захуэ дызэрытетым». Ауэ, итIани, «мыргуэрым дызэрыадыгэр дауэ къищIа?» жытIэрт.
Япэу гу къытлъызыта лIыр, Георгий, адыгэм и «фIыцIэ» жиIэн абыкIэ зэфIигъэкIакъым. Къыбгъэдэт ермэлыхэм зэхахыу ар адыгэшым зэрыщытхъуами, абы хуэдэ щымыIэу зэрыжиIами хуабжьу дыщыгуфIыкIащ. Георгий и гъусэ ермэлы щIалэхэм я нэхъыжьри «черкес кхъужьым» щытхъуащ:
- Мы щIыпIэм зэримысыжрэ апхуэдиз илъэс зэрыдэкIауэ, - жиIэрт абы, - адыгэхэм хасауэ щыта жыгхэм иджыри къыздэсым пхъэщхьэмыщхьэ дэгъуэхэр къапокIэ.
ЗэбгъэдэкIыжыгъуэм и пIалъэр къыщысым, машинэмкIэ бгым ехыжынухэм Георгий унафэ яхуищIащ дэ, «черкесхэр», Сочэ лъэныкъуэмкIэ дыздрашэхыну.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.