ЗауэлIым и кхъэлъахэ

Пасэрей Iэщэм пыщIа археологие лэжьыгъэхэр зыджхэм фIыуэ ящIэ Горелик Михаил и цIэр. Адыгэхэм я пасэрей тхыдэм и щыхьэт наIуэ куэд утыку зэрищIам нэмыщI, а щIэныгъэлIращ ди лъэпкъым и дунейпсо фIэщыгъэ «шэрджэсым» и къежьапIэм нэплъысари. «Монгол-тэтэрыдзэм адыгэхэр я унафэм щIагъэувэным иужь щихьар Урысейм щебгъэрыкIуа зэман дыдэращ – 1237 гъэм и бжьыхьэм. Дзэзешэхэр Бату хуэдэ дыдэу цIэрыIуэ икIи пщIэ зиIэ Мэнгуурэ Къэданрэт, - щетх Горелик «Черкесхэмрэ черкасхэмрэ» тхыгъэм. - Монгол-тэтэрхэм адыгэхэм иращIылIа теуэр Тукъар зи пашэ адыгэдзэр зэрызэтракъутамкIэ иухащ. 1240 гъэм дунейм къытехьа «Монголхэм я тхыдэ щэхур» пасэрей тхыгъэм япэ дыдэу къыхохуэ ахэр адыгэхэм зэреджэу щыта лъэп­къыцIэ «шэрджэсыр». ИужькIэ а псалъэ дыдэр адыгэхэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ятетхыхь адрей къуэкIыпIэ тхакIуэхэми къагъэщхьэпэн щIадзащ». ЩIэныгъэлIым фIэщщIыгъуафIэу и гугъу­ ещI «черкес» фIэщыгъэр зезыхьэ адыгэхэмрэ «черкасы» цIэр зыгъуэта украинхэмрэ зэзып­хымрэ а зэпыщIэныгъэр къыщыхъуа лъэхъэнэмрэ. 

УРЫСЕЙМ и пасэрей тхыдэм къыхэщ Юрьев (иджы - Белая Церковь) къалэм и Iэгъуэблагъэм ит Яблоновскэ кхъэлъахэм и 69-нэ Iуащхьэм щыщIалъхьауэ зауэлIитI къагъуэтыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы теухуа тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм къагъуэтахэр зыщыщ лъэпкъри, ар зыхуэзэ лъэхъэнэри пэжу зэхагъэкIыфакъым. ЗауэлIхэр Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыщыр къа­гурыIуа щхьэкIэ, ахэр метр зыбжанэм нэс щIыщIагъ кхъэлэгъу­нэхэр зыщI зи хабзэ, X-XI лIэщIы­гъуэхэм псэуа аланхэрауэ къафIэ­щIащ, ауэ 69-нэ Iуащхьэм къыща­гъуэта кхъэлъахэр абыхэм зыкIи ещхькъым. Апхуэдэ хьэдэ щIэлъ­хьэкIэ а зэманым зиIар адыгэхэращ. Псом хуэмыдэу а хабзэр къыхощ XIV-XV лIэщIыгъуэхэм къэунэхуа Пасэрей Адыгэ - Дыщэ Уэр Белореченскэ щэнхабзэм. Кхъэлъахэм къыщIахыжа зауэлIым и Iэщэ-фащэм шэч закъуи къигъанэркъым ар зыщыщ лъэпкъми щыщIалъхьа зэманми ятеухуауэ. 
Нэхъ IупщIу зэманри зауэлIым и лъэпкъри къэзыгъэлъагъуэ щы­хьэтщ гъущIым къыхэщIыкIа, сантиметр 70 зи къэухь мэIум къыщIэна IыхьитIыр - и дзакIэм ирикIуэ мэIупс псыгъуэхэмрэ мэIу убыдыпIэмрэ. УбыдыпIэр сантиметр 16 зи къэухь гъущI хъурейщ, и дзакIэхэр упщIапхъэкIэ жьгъейуэ дэбзыкIауэ. Ап­хуэдэ Iэщэ щIыкIэр Дыщэ Уэрым и гъукIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щып­лъагъурейщ. ГъущI хъурейм и щIыIу сантиметри 2,5-рэ - 3,5-рэ зи ­бгъуагъ куситI щызэпрыдзащ. Кусэхэми ­гъущI хъурейми я кум убыдыпIэ ­пхокI, гъущIыр пхъэм е цы зэIущам къыхэщIыкIа мэIум триубыдэу. МэIу убыдыпIэр езы мэIум щытрагъэзагъэкIэ кусэ зэпрыдзахэм я кIапэ упIэщIаиплIым кIуэцIрыкIыуи щрагъэубыд къэхъурт. И кIуэцIымкIэ убыдыпIэхэр тхьэгъум ещхьу къыт­рагъэшэжа нэужь, абы фэм е щэ­кIым къыхэщIыкIа мэIупсхэр зытрагъэубыдэ уэрдыхъу зежэхэр храгъэубыдэрт. Шэч къытедмыхьэн хуэдизу абы ещхьу куэд дрохьэлIэ щыжытIэм деж, зи гугъу тщIыр апхуэдэ мэIу убыдыпIэ къухьэпIэ-ищхъэрэ Кавказым 15-рэ къызэрыщагъуэтарщ, псори XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм къикIауэ, тажхэри, афэ джа­нэхэри, джатэхэри, бийм зэ­рытеуэ нэгъуэщI Iэщэ мымащIэ дэщIыгъуу. Абыхэм я зыр Дыщэ Уэрым щыщ афэ джанэ зыщыгъ кыпчакъщ, адрейхэр - адыгэхэщ. Апхуэдэ щIыкIэу щIылъэхэкI хьэп­шыпым къыхэщIыкIа мэIур гъущI убыдыпIэкIэ нэхъ быдэ ящIу щыщIадзари гурыIуэгъуэщ: а Iэмалыр XIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм адыгэ IэщэщIхэм урымхэм къыбгъэдахауэ щытащ. А зэманым хы ФIыцIэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ Iуфэмрэ Iузэв хымрэ я Iэгъуэблагъэр урым колоние гупу зэхэтт, апхуэдэ мэIу щIыкIэри XIII лIэщIы­гъуэм КъухьэпIэ Европэ псом щегъэжьауэ Скандинавием нэс, псом хуэмыдэу Италием щызекIуэрт. ИтIанэ адыгэ-шэрджэсхэм я фIыгъэкIэ ар Жынгыз къэралыгъуэм Iэрыхьащ. 
Зэманыр къэзыгъэлъагъуэ Iэщэу убж хъунущ джатэри. Зи гугъу сщIыр абы и Iэпщэ зэтеуплIэнщIэкIэрщ: езыр упIэщIарэ и кIапэхэр ешэхауэ. Апхуэдэ уплIэнщIэкIэр Дыщэ Уэрым и IэщэщIхэм я хабзэт, нэхъыбэу Кавказ Ищхъэрэм щызекIуэу.
ГъэщIэгъуэнщ кхъэлъахэм къыщагъуэта бжыпэхэри. Апхуэдэхэм уащрохьэлIэ Жынгыз къэралы­гъуэм хыхьэу щыта Улус Курытым - Алтайм, Тувэ, Байкал гупэмрэ щIы­бымрэ, Монголием. Тхьэмпэ хуэдиз фIэкIа мыхъу шабзэпэхэм хуэдэ Дыщэ Уэрым и лъэхъэнэм ящIа адыгэ кхъэлъахэхэм куэдрэ уащрохьэлIэ.
ЖытIахэм къагъэлъагъуэ кхъэлъахэм къыщагъуэта зауэлI хьэдэр, шэч хэмылъыххэу, Дыщэ Уэрым хэта адыгэ зауэлIым зэрейм. Абы пщIэхэлъхэр Чхаидзе Викторрэ Дружининэ Ингэрэ зи ­гугъу ящI зауэлI фащэ етIуанэ лIэужьыгъуэм, Iузэв и Iэгъуэблагъэм узыщыхуэзэм ящыщщ: ахэр джатэ яIыгъыу бийм теуэ хабзэт. Мыбы иджыри адыгэхэм я деж куэдрэ узыщримыхьэлIэ бжырэ зэрызахъумэж Iэмэпсымэрэ, псалъэм папщIэ, мэIу и гъусэщ. 
Ауэ иджы Украинэм икъукIэ къыфIэIуэху упщIэ къоув «черкас­хэм» ятеухуауэ. Апхуэдэут мэзкуу­дэсхэр Днепр Курытым и Iэгъуэблагъэм щыпсэухэм зэреджэр. ИужькIэ украин лъэпкъ теплъэ хъуа щхьэ упсам къытранэ акIэри жьэпкъыпэр яупсрэ пащIэр кIыхьу къызэра­гъанэри адыгэ хэIэтыкIахэм я нэ­щэнэу зэрыщытар XIII-XV лIэщIы­гъуэхэм зыплъыхьакIуэхэм ятхахэм къыхощ. Хуэбгъэфащэ хъунущ зи гугъу тщIа кхъэлъахэм къыща­гъуэтар а зэманым зыкъэзыIэтын щIэзыдза Литвамрэ Урыс Пщы­гъуэмрэ япэщIигъэтын папщIэ Дыщэ Уэр тепщэгъуэм и гъунапкъэм ­игъэIэпхъуа адыгэ зауэлIхэм я зым и хьэдэу. 
«Сыт ар адыгэу къыщIыщIэкIын хуейр?» жыпIэнщ. Абы и щхьэу­сыгъуэр мырат. Адыгэхэр Улус Джучим (монгол-тэтэр къэралыгъуэм) и унафэ щIэтхэм нэхъыфI дыдэу яхилъагъукIа лъэпкът. Езы лъэпкъыцIэ «шэрджэсым» япэ дыдэ ущрохьэлIэ XIII лIэщIыгъуэм и кум ятха монгол тхыгъэхэм. Муслъымэн тхакIуэхэм Улус Джучим хыхьэ лъэпкъыцIэ­-    хэр къыщрабжэкIкIэ, япэ дыдэ зи цIэ ­къраIуэр адыгэ-шэрджэсхэращ (тхакIуэ псоми сыт щыгъуи етIуанэу зи цIэ къраIуэ «урысхэр» Рашид ­ад-Дин зэ закъуэ япэу къызэрыри­-Iуэр хыумыбжэмэ). Дэ дыщыгъуа­зэщ Китайм и монгол импера­то­рыдзэ­хэм урысхэр, алан-асхэр, кып­чакъ­хэр мин бжыгъэкIэ зэрыхэтам, Улус Джучим и тепщэхэм «бжьэпэм» къыщагъэщхьэпэу. Абы­хэм Юань империем къулы­къуш­хуэхэр щы­зэрахьэрт. Ауэ Китайм теухуа юань дэфтэрхэм зэи адыгэцIэ ущрихьэ­лIэркъым. Дыщэ Уэрым и теп­щэхэм тыншу зыIэщIагъэкIыртэкъым езы­хэм я нэфI зы­щыхуа блыгущIэт-    хэр. Адыгэхэр абыхэм фIыуэ ялъагъуу зэрыщытам Псыжь и Iэ­гъуэб­лагъэм къыща­гъуэтыжа адыгэ кхъэлъахэхэр щы­хьэт тохъуэ: абы­хэм ящыщ куэдым Дыщэ Уэрым и къулыкъущIэхэм ­къабгъэдэкI саугъэтхэу дыщэхэкI фалъэхэр, бгы­рыпх гъэщIэрэщIахэр хэлъщ. Язы­ныкъуэхэм апхуэдэ пщIэ­хэлъ­хьап­щIэу и гъусэр зыкъым, тIукъым. ­ГъущI лъапIэхэм нэмыщI, зауэлIхэр зэрагъэлъапIэ фэеплъхэм дэщIыгъущ жынгыз къэралыгъуэм щащIа щэкIхэр - упщIэу е монгол бзыпхъэкIэ да фащэ хьэзыру. 
Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ монгол ­тепщэхэм я нэфI адыгэхэм къащIыщыхуар? Шэрджэсхэр нэхъ ­вэгъзэгъыу щытауи пхужыIэнукъым:­ чырэхэм зэрытеуэм къыхэкIыу, абыхэм дзэзешэхэр щIэх-щIэхыурэ ягъэгузавэрт, ар монголхэм яфIэ­фIтэкъым. УпщIэм и жэуапыр къы­щыдогъуэт XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм Iузэв хым и къуэкIыпIэ лъэны­къуэмрэ Псыжь дежрэ къыща­гъуэтыжа кхъэлъахэм. Иджыблагъэ Чхаидзерэ Дружининэмрэ утыку ­кърахьа лэжьыгъэм къыщагъэлъагъуэ: абдежым щыщIалъхьа ­за­-
уэлIхэм я процент 30-р шуу­дзэ зэщIэузэдам щыщт: абыхэм таж­хэри, афэ джанэхэри, джатэхэри, мэIухэри, афэIэлъэхэри, нэгъуэщI Iэщи япщIэхэлъщ; процент 30-р къызэрыкIуэу узэда шуудзэщ, джатэрэ Iэщэ щхьэхуэхэмрэ яIыгъыу; процент 30-р шабзэ фIэкIа зымы­Iыгъ шухэщ. Афэ джанэ зыпщIэхэ­лъу щIалъхьа шуудзэм и зауэлIхэм яхэтыр адыгэхэм я закъуэ­къым, абыхэм япэгъунэгъуу псэуа кып­чакъ­хэри монголхэри яхэтщ. Дэ фIыуэ дощIэ адыгэхэм зыхуей хуэзэпауэ Iэщэ яхуэщIу зэрыщытар. Щхьэ­гуащэ пыщIа щэнхабзэм    щыщ къа­мэхэм якIэлъыплъа Iэ-щIагъэлIхэм жаIащ ахэр «дамаск ­     жыр» жыхуа­Iэм къызэрыхэщIыкIар. Адыгэ кхъэ­лъахэхэм къыщагъуэтыжа Iэщэм и бжыгъэр Европэми ­Азиеми XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм къыщагъуэтыжа Iэ­щэ псоми я бжыгъэм ящхьэдох: джатэхэр щэ бжыгъэм, афэ джа­нэхэр пщIы бжыгъэм, тажхэри щэ бжыгъэм нос. 
Адыгэхэращ къэзыгупсысар «адыгэ къамэдзэ» («черкесский клинок») цIэрыIуэри; гу зэрылъыттащи, адрейхэм зэращIым емыщхь мэIу убыдыпIэри; къыхэхыкIэ IэмалкIэ адрейхэм етыншэкI афэ нэкIу­Iулъхьэри; хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ - къуэкIыпIэм афэ джанэ нэхъыфI дыдэу щызекIуэу щыта уэрдыхъу зэрыхъахэм къыхэщIыкIа афэри. ГурыIуэгъуэт апхуэдэу укъигъэуIэбжьу нэгъэсыпауэ афэ джанэ шуудзэ зыузэдыф, я щхьэм къы­дэхуэу я гъунэгъухэри зэрагъэ­пэщыфын хуэдизу Iэщэ нэхъыфI дыдэр бжыгъэншэу зыхуэщI лъэп­къыр зыгуэру къыхэгъэщын зэры­хуейр; шэч зыхэмылъыххэращи, ахэр хамэ щIыпIэм ебгъашэу хамэ унафэ щIэбгъэувэ хъунутэкъым. 
 ЖытIам къегъэлъагъуэ адыгэхэм Дыщэ Уэрым и дзэр узэда хъунымкIэ мыхьэнэуэ яIам. Дыщэ Уэрым и унафэр лъэлъэжа нэужьи, абыхэм ящыщу Днепр и Iэгъуэблагъэм исахэм пщIэшхуэ щIаIам и щхьэусы­гъуэри наIуэ мэхъу. Абдежым щып­сэуа славянхэм къыхагъэтIысхьа лъэпкъ хэIэтыкIам и лъэпкъыцIэр езыхэми къащтам и мызакъуэу, ар я къалащхьэми - Черкассы - фIащат, езыхэми я къуэкIыпIэ гъунэгъухэр «черкас»-кIэ къызэреджэр я жа­гъуэтэкъым. 

Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, археолог. 

Горелик Михаил,

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.