ЛЪЭПКЪЫМ И НАБДЗЭ

Музыкэ Къэрал театрым иджыблагъэ фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, иужьрей адыгэ джэгуакIуэ, лъэпкъ IуэрыIуатэр хъумэным, зэхуэхьэсыжыным теухуауэ куэд зэфIэзыгъэкIа, адыгэ литературэм и классик ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Пшыхь гуапэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ. 2022 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрыщытым хыхьэу зэфIаха Iуэхухэм ящыщи мыр.

Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. 
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин пшыхьыр къыщэзэIуихым и псалъэм къыхигъэщащ ХьэхъупащIэ Амырхъан и цIэр зымыщIэ, и уэрэд, усэ нэхъыфIхэм щымыгъуазэ адыгэ къызэрыгъуэтыгъуейр, и гурыхуагъэм и фIыгъэкIэ IуэрыIуатэм щыщ тхыгъэ щэ бжыгъэхэр, адыгэ уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр, хъыбарыжьхэр ХьэхъупащIэм зэрытхуихъумар. 
- ДжэгуакIуэ, адыгэ IуэрыIуатэм и хъумакIуэ цIэрыIуэхэу Агънокъуэ Лашэ, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, ПащIэ Бэчмырзэ сымэ я лэжьыгъэфIхэм пищэу, ХьэхъупащIэ Амырхъан лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэмрэ абы зезыгъэужьахэмрэ зэращыщыр ятхыжащ япэ адыгэ литературоведхэу Нало Жансэхъурэ Теунэ Хьэчимрэ. Ахэращ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжыр зыгъэтIылъар, - пищащ Къумахуэм. - Зи хъэтI зиIэж ХьэхъупащIэм и усэхэмрэ новеллэхэмрэ триухуащ и лъэпкъэгъухэм я гъащIэмрэ псэукIэмрэ, щIыуэпс къулей зиIэ и Хэку дахэм. Ди лъэпкъым къыхэжаныкIахэм ящыщ Амырхъан хуэдэу дызэрыгушхуэн цIыху цIэрыIуэхэр иджыри куэду къытхэхъуэну, дагъэбжьыфIэну Тхьэм жиIэ!
УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил кърихьэлIахэм ядэгуэшащ ХьэхъупащIэ Амырхъан теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ лъэпкъыр зы цIыхум зэригъэпудыфынур, апхуэдэу зы цIыхуми зэригъэлъэпIэфынур. 
- ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ жыхуиIаращи, ХьэхъупащIэ Iэсхьэд и адэм деж къыщыщIидза лъэпкъ телъыджэм и къуэпсыр къуэпсыбэ хъуащ. Амырхъан и къуэрылъху уэрэджыIакIуэ, шыкIэпшынауэ Амырхъан и деж къэса а къуэпсым иджыри зиубгъуну Тхьэм жиIэ! – захуигъэзащ ДжэбрэIил ХьэхъупащIэхэ.
Псалъэм пызыща, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Сокъур Валерэ къыхигъэщащ ХьэхъупащIэ Амырхъан цIыхубэм куэд щIауэ яфIэтелъыджэу къыщIекIуэкIым и щхьэусыгъуэр и шыкIэпшынэр ушэ зэпыту, зы уэрэдым нэгъуэщI уэрэд, зы хъыбарым нэгъуэщI хъыбар къыкIэлъигъакIуэу зэрыщытыр зэрыарар.  ХьэхъупащIэ Амырхъан и щIэинхэм уасэ зэрамыIэр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунур, и тхыгъэхэр, и бзэр тхъумэну дэтхэнэми зэрыдикъалэныр жиIащ Валерэ. 
- ХьэхъупащIэ Амырхъан теухуа гукъэкIыж пшыхьым ди щIыналъэм щыщ зы гупышхуэ дызэрыгъэхъури, ди гуапэу зыкъредгъэхьэлIащ. Бахъсэндэсхэм фIыуэ долъагъу Амырхъан и макъ дахэмрэ и уэрэдхэмрэ дедэIуэну икIи махуэшхуэхэмрэ пшыхьхэмрэ и уэрэдхэр хыдогъэхьэ, – жиIащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор. – ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэрылъху Амырхъан Къулъкъужын къуажэм илъэс зыбжанэкIэ накIуэурэ ди сабийхэр тхуигъэсащ, щIэныгъэфI къаритащи, упсэу жыдоIэ. Лъэпкъым и набдзэ Амырхъан хуэдэ цIыхухэр зиIэ ди лъэпкъым кIуэдыжыпIэ иIэкъыми, дияпэкIи адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дыщигъэIэ, дигъэузыншэ! ХьэхъупащIэхэ я лъэпкъыр ефIэкIуэну, Амырхъан хуэдэу лъэпкъыр дызэрыгушхуэ цIыхушхуэ куэд къыхэкIыну сохъуахъуэ!
КъБР-м и цIыхубэ артист, IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, усакIуэ, драматург КъардэнгъущI Зырамыку цIыхубэ уэрэдыжьхэр щызэхуихьэсыжа томищ хъу тхылъыр къыдигъэкIащ. Абы ихуа уэрэдыжьхэм ящыщ куэдыр абы итхыжащ ХьэхъупащIэ Амырхъан къыжриIэжурэ. ДжэгуакIуэ, адыгэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэ Щауэжь Елмырзэрэ ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ зэныжьэгъуу щытащ. Елмырзэ Амырхъан и къуэ Хьэсэн шыкIэпшынэм хуигъэсащ. ИужькIэ Хьэсэн лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр игъэхьэзыр икIи ахэр къигъэщIэрэщIэж хъуащ. Хьэсэн и къуэ Амырхъан нобэ шыкIэпшынауэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэщ. 
Зэхыхьэм кърихьэлIахэм Iэгуауэ ин хуаIэтащ ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси I40-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и щыгум цIыхубэ усакIуэм и сурэтыр щызыIэта къэхъундэс Шыбзыхъуэ Казбек. 
Пшыхьым къекIуэлIахэм къахуеджащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Альтуд Юрий къигъэхьа хъуэхъум. Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ  къеджащ ХьэхъупащIэ Амырхъан и усэ купщIафIэхэм. Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ. 
ХьэхъупащIэхэ я лъэпкъым щыщ нэхъыжь, Къэхъун къуажэм щыщ Iэмин фIыщIэ яхуищIащ пшыхьым къекIуэлIахэм, псалъэ гуапэ хужызыIахэм, зэхыхьэр зыгъэдэхахэм, ар къызэзыгъэпэщахэмрэ езыгъэкIуэкIахэмрэ. Апхуэдэу Амырхъан теухуа гукъэкIыж гуапэхэмкIэ ядэгуэшащ ар зэхуэсахэм икIи къыхигъэщащ зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэм и цIэр  зэрамыгъэкIуэдыжыным зэрыхущIэкъур.
Пшыхьым къекIуэлIащ щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, ХьэхъупащIэхэ я лъэпкъым щыщхэр, усакIуэм и лэжьыгъэхэм дихьэххэр, Амырхъан и къуэ ХьэзрэIилрэ ипхъу Мэзидэтрэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо