«ШЭХУ УЭЗДЫГЪЭР» - Р ИЛЪЭС 20 ИРИКЪУАЩ

«Свеча» литературэ студиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 зэрырикъур иджыблагъэ щагъэлъэпIащ сабийм и зэфIэкIым зыщрагъэужь «ДыгъафIэ къалэ» академием.
Я махуэ дахэм иращIэкIа дауэдапщэхэм кърагъэблагъэри хэтащ КъБР-м и щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, илъэс 20-м къриубыдэу студием къыщIигъэкIа тхакIуэ-усакIуэхэр, ныбжьыщIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэмрэ.
-ГурыIуэгъуэщ тхэн щIэзыдзэ псоми тхакIуэ-усакIуэ къазэрыхэмыкIыр, ауэ тхэным и щэхухэм хуеджэну хуей дэтхэнэми апхуэдэ Iэмал етыпхъэщ, - жеIэ «Свеча» студиер къызэзыгъэпэща, абы и унафэщI ТIаз ФатIимэ.
Илъэс 20-м къриубыдэу ныбжьыщIэ куэдым я гупсысэ къаIуатэу, зэрагъэзахуэу иригъэсащ ТIазым. Ахэр Москва, Сочэ, Налшык къалэхэм мызэ-мытIэу утыку къыщихьащ. Тхэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэхэм ядэлажьэ студие япэу къыщызэрагъэпэщам куэдым яфIэфIатэкъым, абы къикIын щымыIэу къащыхъуу. Ауэ зэманым къызэригъэлъагъуэмкIэ, ахэр щыуат. Ар зи фIыгъэр илъэс куэд щIауэ сабийхэм гурэ псэкIэ ябгъэдэт ТIаз ФатIимэщ. Студием екIуалIэ цIыкIухэм зэгъусэу дунейпсо литературэм нэIуасэ зыхуащI, я къэухьым зыщрагъэужь. ЗэрыгурыIужэгъуэщи, мыхьэнэшхуэ яIэщ дунейм хыхьэ ныбжьыщIэр зэджэ тхылъхэм. НыбжьыщIэхэр ирагъасэ я Iуэху еплъыкIэ къагъэлъагъуэу, утыкум щыпсэлъэфу ирагъасэ. ЗэфIэкIым я нэхъыфIыр уиIэми, гупсысэм я нэхъ пэжыр пкъуэлъми, ахэр утыку йомыхьэфмэ, мыхьэнэ иIэкъым. Мы гуп дахэм хэт цIыкIухэр адрей школакIуэхэм къахощ, я псалъэкIэкIи, зыIыгъыкIэкIи, гупсысэ къэIуэтэкIэкIи.
«Свеча» гупым хэтхэм я зэфIэкIыр зихуэдэр къагъэлъагъуэ «ЩIыхьым и пэш» зыфIаща кIэлындорым щыфIэдза я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ. Студием екIуалIэхэм теухуауэ е абы хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр къытрадзауэ къыдэкIа газетхэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ ахэр республикэм щекIуэкI дауэдапщэ куэдым зэрырагъэблагъэр. Арагъэнщ абыхэм я махуэр щагъэлъапIэ зэхыхьэм цIыху куэд къыщIекIуэлIар.
ХьэщIэ лъапIэхэри я мащIэтэкъым абыхэм. Апхуэдэщ: ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ музейм и унафэщI Шакъ Марьянэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Байчекуевэ Нинэ, «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщIым и къуэдзэ Айбазовэ Тамарэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье, «Птицы счастья» творческэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Глушаковэ Наталье, Дунейпсо Арт комитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Ауес, нэгъуэщIхэри.
 «Свеча» гупым илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм хэтахэм щыщу абы къеблэгъат «Кабардино-Балкарская правда» газетым и лэжьакIуэ Васинэ Вероникэ, «Лидеры России» зэпеуэм щытекIуа, Кавказпсо щIалэгъуалэ IуэхущIапIэм и унафэщI Борисевич Екатеринэ, КъБКъУ-м и Студентхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Вэрокъуэ Даянэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ мы пшыхьым къримыхьэлIэфахэм ди къэралым и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм видеохъуэхъу кIэщI цIыкIухэр кърагъэхат.
ХьэщIэхэр къыщыпсалъэм хъуэхъу псалъэ дахэхэр жаIащ, «Свеча» студием и мыхьэнэм, къалэн щхьэпэхэм тепсэлъхьащ, саугъэт гъэщIэгъуэнхэмкIи хуэупсащ щIалэгъуалэм.
 Бейтыгъуэн Ауес «Во благо России» орден ТIаз ФатIимэ иритащ.
«Свеча» студием къикIуа гъуэгъуанэм, ар зыхэта зэхыхьэхэм щыгъуазэ ящIащ къызэхуэсахэр. АдыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ усэ, уэрэд, теплъэгъуэ цIыкIухэр щагъэлъэгъуащ абы.
Пшыхьыр зэрекIуэкIам хуэдэу дахэу зэхуащIыжащ. «Свеча» студием ныбжьыщIэ цIыкIу щIэуэ хагъыхьэхэр утыкум кърашэри, псалъэ гуапэ жраIащ, студием и дамыгъэ зытет пщэдэлъ цIыкIухэри тыгъэ хуащIащ.
Илъэс 20-р литературэ зэгухьэныгъэм дежкIэ пIалъэ кIэщIкъым, абы игъасэ цIыкIухэр гъуэгу пэж трагъэувэ, литературэм и дунейм хапIыкI.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.