Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ цIыкIум и деж 1933 гъэм къыщызэIуахауэ щытащ лъэпкъ гъуазджэм и щIыналъэ студие. Абы и къэлэн нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэну къэрал драмэ театрым щылэжьэнухэр гъэхьэзырынырт. Адыгэхэм ящIэртэкъым театрыр зищIысыр, артист, театр жыхуаIэхэми хащIыкIышхуэ щыIэтэкъым. Я бынхэр студием ягъэкIуэн папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэр адэ-анэхэм елъэIун хуей хъурт. Республикэм и унафэщIхэм, псом хуэмыдэу Къалмыкъ БетIал, и фIыщIэкIэ зыхуей цIыхум хуэдиз кърашалIэри студием лэжьэн иригъэжьащ. Студием и япэ гъэсэну щытахэщ Чым Тембот, Бэрэздж Абу, Мызокъуэ Къамбулэт сымэ.
Сыт хуэдизу Iуэхум жыджэру пэрымыхьами, ехъулIэныгъэфIхэр ямыIами, студиер мащIэт яубла IуэхушхуэмкIэ. Зэрагъасэ зэманри кIэщIыщэт, Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэри республикэм и мащIэт. ДэIэпыкъуэгъушхуэ хъуащ студием и лэжьыгъэм нэIуасэ зыхуэзыщIа, Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт театр институтым а илъэсхэм и унафэщIу щыта Фурмановэ Аннэ. Абы къыхилъхьащ институтым и деж лъэпкъ студие илъэситхукIэ щрагъэджэну. А жэрдэмыр я гуапэу даIыгъащ республикэм и унафэщIхэми. I935 гъэм и бадзэуэгъуэ-шыщхьэуIу мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэр къызэхакIухьащ театр институтым и доцент Ефремовымрэ Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Судаковымрэ. Япэм зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм къахишырт адыгэ лъэпкъ студием щеджэнухэр, етIуанэм – балъкъэр лъэпкъ студием и гъэсэн хъунухэр. А гъэ дыдэм студентхэр Москва ягъэкIуащ, Налшык и деж щыIэ студиеми цIыху къищтащ, гупитIри зэхагъэхьэжу Къэбэрдей колхоз-совхоз лъэпкъ театр къызэрагъэпэщыныр я мураду.
Колхоз-совхоз театрым лэжьэн щIидзащ I937 гъэм накъыгъэм и I-м. Абы и художественнэ унафэщIу ягъэуващ Станиславский Константин. Гъунэ изылъэ актёрхэм ящыщт Тубай М., ДыщэкI КIу., Шортэн Д., Гъуо А., Гъуэныбэ М., Къамбий Т., Нартыжь С., Сэхъу К., Къабардокъуэ А. Япэ лъэпкъ режиссёру щытахэр Шортэн Аскэрбийрэ Мыд Хьэжмусэрэщ.
1940 гъэм ГИТИС-р къэзыуха, Ефремовымрэ Судаковымрэ театр гъуазджэм и щэхухэм фIы дыдэу хагъэгъуэза адыгэ, балъкъэр гупхэм къагъэзэжащ. А цIыху пщыкIущым я цIэ къиIуапхъэщ. Ахэр Сыбэч Быхуэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий, Балъкъэр Калисэ, КъардэнгъущI Зырамыку, Щхьэгъэпсэу Мухьэмэд, Шэру Азрум, Щхьэгъэпсэу Тэужан, Къумахуэ Хужьэ, Сонэ Башир, Тхьэзэплъыж Азрэт, Атэлыкъ Тэзрэт, Жыгун Тимэ сымэщ. Абыхэм къыздашэжат ГИТИС-м щагъэхьэзыра спектаклищ: Бомарше и «Фигаро и фызышэ», Островскэм и «ЗэчиифIэхэмрэ абы итхьэкъуахэмрэ», КъардэнгъущI Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» спектаклхэр. I940 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м «Фигаро и фызышэмкIэ» къызэIуахащ профессиональнэ лъэпкъ театрыр, ар адыгэ труппэм и премьерэт.
I958 гъэм ГИТИС-р къиухащ етIуанэ адыгэ студием. Абы щеджащ Къаздэхъу СулътIан, Мысостышхуэ Пщызэбий, Сэчрэч Мухьэдин, Мэкъуауэ Николай, Тыхъужь Iэниуар, Теувэж Уэсмэн, Шыгъушэ Лидэ, Срыкъуэ ХьэмщIасэ, ШэрэIужь Анатолэ, Нало Зое, Щоджэн Хьэбас, Къущхьэ Къанщобий, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Урыс Мухьэзир, Ащнокъуэ Тамарэ, Мер Ленэ сымэ. А илъэсхэм ирихьэлIэу театрыр ягъэбжьыфIэрт Токъуий Хъусен, Къардэн Лъостэнбий, Ерчэн Чэзимэ хуэдэ артистышхуэхэм.
ГИТИС-м нэмыщI ди ныбжьыщIэхэр зэман зэхуэмыдэхэм щеджащ Щукиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт театр училищэм (иджы институтщ). I975 гъэм ар къаухри ди театрым щылэжьэну къагъэзэжащ артист хъарзынэхэу Ахэмын Мухьэрбэч, Балъкъэр Юрэ, Балъкъэр Тамарэ, Балъкъыз Валерэ, БжэIумых Басирэт, Джэдзауэ Венерэ, Иуан Владимир, Къэжэр Борис, КIэмыргуей Валентин, КIуэкIуэ Елизаветэ, Мэшыкъуэ Феня, Мэрзей Залым, НэщIэпыджэ Марие, Соблыр Аслъэн, Тэтэр Анатолэ, Фырэ Руслан, Хьэмыку Жаннэ, ХьэщIымахуэ ФатIимэ, Хъыдзэдж Борис, Шэрджэс Мухьэмэд, Шыбзыхъуэ Басир, Щэрмэт Людмилэ, Щыхьэлы Анатолэ сымэ. А еджапIэ дыдэм I988 гъэм къыщIэкIащ иджыри зы гуп дыгъэл. Ахэр: Быдэ Хьэсэн, Дэбагъуэ Роман, Дэхъушокъуэ Мадинэ, Къэздэхъу Ларисэ, КIэнцIалы Роман, Къумахуэ Мухьэдин, КIарэ Ларисэ, Лу Рэмэзан, Мэкъуауэ ФатIимэ, Мысост Вадим, Сэралъп Роберт, Тэмазэ Лиуан, Мысостышхуэ Маринэ, Тхьэщыгъуей Жаннэ, Хьэщэ Къанщобий.
20I5 гъэм Щукиным и цIэр зезыхьэ еджапIэ цIэрыIуэр къаухащ Жыкъуэ Назир, Багъ Иннэ, Батыр Iэдэм, Блашэ Имран, Джатэжьокъуэ Костантин, Замай Аминэ, Къурмэн Регинэ, МафIэдз Заирэт, Сэбаншы Еленэ, Семэн Астемыр, Шыпш Къантемыр, Щоджэн Асир сымэ. Театрыр иджыпсту ягъэбжьыфIэ артист гъуэзэджэхэу ЖьэкIэмыхъу КIунэ, КIэхумахуэ ФатIимэ, Хьэмырзэ Ахьмэд, Къэзанш Джульетэ, Молэ Iэулият, Жанатаевэ Марьям, Къардэн Заур, ТIымыжь Владимир, Пащтыкъ Анфисэ, Бозий Рустам, Бетыгъуэн Жамболэт, ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Шыдгын Тимыр, Къул Марьянэ сымэ.
Театрым и репертуарым хэтщ классикэ драматургиеми лъэпкъ драматургиеми щыщ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Псалъэм папщIэ, Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Рей Куни и «ЦIыхухъур, цIыхубзыр, хьэдэ мыцIыхур», IутIыж Борис и «Хьэпэщыпхэр», Нэш Ричард и «Уэшх зыщэ», Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и къарур», нэгъуэщIхэри. Адыгэ театрым и лэжьыгъэхэри ди республикэм и мызакъуэу нэгъуэщI щIыпIэхэм, уеблэмэ къэралхэм утыку къыщрихьащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Тыркур, Сириер, Иорданиер, США-р, Украинэр, республикэхэу Къэрэшей-Шэрджэсыр, Осетие Ищхъэрэ – Аланиер, Осетие Ипщэр, Къалмыкъыр, Абхъазиер, къалэхэу Пятигорск, Дон Iус Ростов, Ставрополь, Москва, нэгъуэщIхэри.
Иджыпсту ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щолажьэ цIыху 4I-рэ. Абыхэм яхэтщ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артистхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артистхэр, ди республикэм, Ингушым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артистхэр, Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэхэр.
ИСТЭПАН Залинэ.