ДЫГЪУЖЬЫМ ИМЫГЪЭГЪУАР

Новеллэ

Я унагъуэм къихъуа гуфIэгъуэм триIэтыкIырт дыгъужь анэри, дыгъужь адэри - шыр цIыкIуищ зэуэ яIэ хъуат! Абыхэм я кIий макъым я гур фIы ищIырт. Дыгъужь адэр апхуэдизкIэ гуфIэщати, дыгъужь анэм и гур нэхъри зэрыхигъэхъуэнур имыщIэу, жэщ, мыжыжьащэу щыхъуакIуэ мэл хъушэм къыхиудщ зы щынэ пшэр цIыкIуи, къыхуихьащ. Дыгъужь анэм ар ишхри, лъыр шыр цIыкIухэм я пэм, я Iупэм щихуэжащ - ерыскъыгъуэу къахуигъэщIам я нэхъыфIым и мэр абыхэм егъэцIыхун хуейт!

Пщэдджыжьым жьыуэ мэзышхуэм хыхьауэ дыгъэм щымысхьыжу гуапагъэрэ хуабагъэрэ егуэш, гъуэ куум исхэми - гуныкъуэгъуэ лъэпкъ зимыIэ анэми абы и бгъафэм щIэлъхэми ар зыхащIэ. Я адэр ежьауэ мэз хуитышхуэм щIэтщ, мэмэжалIэ, и гур пихыу щIидзэмэ, удз тIэкIу ешх, жыг пхъафэр третхъри, хьэпIацIэ къыдех. Зы дзыгъуэ къиубыдащи, егъэтIыгъуэ. Щосхь, быныр зыгъэшхэн хуей анэм хуихьынущи. Апхуэдэурэ, тхьэмахуэ - тхьэмахуитI дэкIа нэужь, шыр цIыкIухэр къожэпхъ, гъуэ кIыфIым изэшыхьу хуожьэ. Махуэ гуэрым мэлыхъуэхэм абыхэм гу къылъатэри, я хьэхэр къраушт, шыр цIыкIуитIыр къатхьэлэ. Ещанэр яIэщIокI. Абы и гурыгъузым ихьурэ, махуищкIэ шхакъым унагъуэр.

Дыгъужь шыр къэнар и къуэшхэм емыщхьу угъурсызт, и ади и ани къридзэртэкъым, щхьэхуещэт. Хьэлэчуи ныбаблэт. Езыри иджы къыдэкIуэтеяти, анэ быдзышэр ирикъуртэкъым. Мыпхуэдэ ныбжьым нэсамэ, дыгъужьым езым и щхьэр зэрипIыжыным хэтын, хъуакIуэщакIуэу щIидзэн хуейт. Ауэ мыбы гугъу зригъэхьынутэкъым, къэзылъхуахэм щыгугъыу щыст. Мыдрейхэри я псэ дыдэм еблэжыртэкъым, ар зыми щымыщIэн щхьэкIэ. Езыхэр лIэми ядэрт, къахуэнэжа я бын закъуэм зыхуейр игъуэтмэ. Апхуэдэурэ щагъэкIат. Адэр хуейт и къуэ закъуэр сытми хуэIэзэу щытыну, игъэсэнкIи лъэкI къигъанэртэкъым, ауэ зыри къикIыртэкъым. Зэ зы дзыгъуэ къыхуиубыдри IэщIилъхьати, аркъудейр, илIу хуэмышхыу, зыIэщIигъэкIыжащ! АрщхьэкIэ, дауэ щымытми, быныр бынт. Ар мэжалIэ щыхъум, дыгъужь адэр йожьэ зэуэса мэл гуартэм хэуэну. МакIуэ, къуацэми чыцэми кIуэцIрыпщу, зыблэкIхэри щIы зытеувэри и нэм имылъагъуу. АрщхьэкIэ щIэщхъу къыщощI. Къуацэ щылъым щыхэбакъуэм, абы щыгъэпщкIуа къапхъэным и лъакъуэр деубыдэ.

Дыгъужьыр мэкъугъ гуузу. Зэрымысакъам папщIэ и щхьэр фIеудыж, и шырыр зэрымэжалIэр и гум хуигъэхуркъым. Абы и къугъ макъыр дыгъужь анэм зэхихащи, мэгузавэ, къокIукI - нокIукI. ИтIанэ и щхьэгъусэр къыщыкъугъ лъэныкъуэмкIэ макIуэ. Мэлыхъуэ пщыIэм носри, зеплъыхь, зыри илъагъуркъым. Абы ирихьэлIэу, мэлыхъуэхэм гу лъатэ дыгъужь къугъым. Нэхъ гъунэгъуу щыIэ щхьэгъусэм абы нэхърэ нэхъ Iеижу дэкъугъуейуэ зреч, закърегъащIэри, къапхъэным зи лъакъуэр диубыдам щхьэщеш мэлыхъуэхэр. АрщхьэкIэ, куэд имыкIуу ари дыгъужь къапхъэным еубыдри гуузу къугъыу щIедзэ. Ар щызэхихым, мыдрейм къапхъэным дэлъ и лъэтхьэмпэр дзэкIэ пешхыкIыжри, хуит зыкъещIыж.

- СынокIуэ сэ, тIэкIу зыхуэгъэшэчыж, дэнэкIэ уздэщыIэр, цIыху куэд щыт абыкIэ? - йокIий и щхьэгъусэм.

- УкъэмыкIуэ, сынолъэIу, къытхуэна ди сабий закъуэм и хьэтыркIэ, мыхэр куэд мэхъу. Фочи яIыгъщ. КIуэж, сэри жэщ зэрыхъуу зыгуэрурэ саныIэщIэкIыжынщ.

Лъы къызыпыж и лъакъуэр илъэфу дыгъужь адэр и гъуэм мэкIуэж. Анэр здэщыIэмкIэ, шхын къыщIимыхьамкIэ шырыр еупщIа щхьэкIэ, абы жэуап иритакъым. И уIэгъэм ебзейщ, лъыр, зэрыхъукIэ игъэувыIэри, и щхьэгъусэр къызэрыригъэлынум егупсысу гъуэлъыжащ.                            Нэху къыщекIам махуэр нэщхъейт, дуней псор дыгъужьым и гузэвэгъуэм дэгуIэ нэхъей. IэфIу жей и шырыр гъуэм къринэри, езыр аргуэру ежьащ, и лъакъуэр илъэфу. Къапхъэн темыувэным хуабжьу хуэсакъыурэ макIуэ. Нэсрэ плъэмэ - гуIэгъуэт! Дыгъужь анэр ягъэIэсэну, унэхьэ ящIыну гъущI кIапсэкIэ ирапхауэ кIэрытщ. Тепщэч гуэрым лы тIэкIуи илъу къыбгъэдэтщ. Арат дыгъужь анэр псом нэхърэ нэхъ зыщышнэри, ар къэхъуат, гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ,жыхуаIэрати. ЙотIысэхри, щабэрыкIуэу абы бгъэдопщхьэ, зэрепха кIапсэр зэпишхыкIыну хэтщ, ауэ, бетэмал, быдэIуэщи, пэлъэщыркъым.

- Си псэфылъэм къеIи, си псэр зэуэ хэх! - мэлъаIуэ дыгъужь анэр.

- А уэ уи пIэм итын хуеяр сэращ, сэращ а псор зи лажьэр, сыIукIынукъым укъезмыгъэутIыпщауэ, хуейми сраукI!

Абы хэту, мэлыхъуэхэр къыщIокI.

- КIуэж, псынщIэу, закъыумыгъэлъагъу!

- СыIукIынукъым, сраукI!

- ТIури даукIмэ, ди бын закъуэр - щэ? Мы тепщэчкIэ къагъэува лыр абы хуэхьи егъэшх, лIэ хъунщ шхын щхьэкIэ.

Дыгъужь адэр мэз Iувым холъэдэж, адрейри абы кIэлъоплъ, и нэпсыр къыщIэжу. Йохъуапсэ абы и щхьэхуитыныгъэм, ар здэкIуэж я къуэм деж езыри кIуэжыну, абы телъэщIыхьыну, дэджэгуну хуейщ, ауэ и пщэр фIитхъыу гъущI кIапсэр илъщи, екъумэ, итхьэлэу щIедзэри къыжьэдекъуэж. Махуэр зэрыкIуам гу лъимытэурэ, жэщ хъуащ. Жэщу щытакъэ ар кIэрыпхауэ зэрыщыта махуитIри! Абы ещIэ цIыхухэм я мурадыр - ягъэIэсэу езым хуэдэхэм пагъэувыжыну аращ. УлIэмэ, нэхъыфIщ, абы нэхърэ! Псори зэпишэчщ, зэпилъытри, лIэныгъэм нэхъ хэкIыпIэфI щимыгъуэтым, кIапсэ зэрепхамкIэ зитхьэлэжащ. Пщэдджыжьым къакIуэу ар зылъэгъуа и щхьэгъусэм сыт ищIэжынт, ауэ къуаншагъэр зыбгъэдэлъыр езыхэр арауэ зэрыщытыр къыгурыIуэжри, гущIэм зыкъыдигъазэу мэз псор къигъэпсалъэу ину дэкъугъеящ.

Сыт щыгъуи шхэн зыфIэфI и шырым и закъуэу къыбгъэдэна дыгъужьыр     махуэ гуэрым хъуакIуэщакIуэ ежьащ, зыгуэр къигъэхьэрычэтыну. Ар IущIащ и унагъуэр зытекIуэда а мэл хъушэ дыдэм. Зыми еIусакъым. Ауэ, къызыхэкIари имыщIэу, и гур къикIэзызыкIащ. И гум щIыIэ - щIыIэу къэкIащ: гугъуехь лъэпкъ тримыгъэкIуадэу шхэн зыфIэфI и къуэр мэлыхъуэ - бзаджэхэм лыкIэ къыдахьэхыу, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу, ягъасэу, дыгъужь лъэпкъым къыпагъэувыжынкIэ хъунущ!

А узыщышынэращ сыт щыгъуи къыпщыщIыр. Дыгъужь шырыр зэгуэр ежьауэ лым и мэ гуакIуэр къыIурыуэри, мэл щагъавэ пщыIэм техьащ. Мэлыхъуэхэр зыхуейххэр арати, дыгъужьыр яубыдащ. Абы япэщIыкIэ къаIэщIэкIыжын мурад иIащ, ауэ мэлылкIэ къагъашхэу щыщIадзэм, цIыхухэм ныбжьэгъу яхуэхъуащ.

Махуэ зыбжанэкIэ къилъыхъуащ адэм и къуэр, адэкIэ хуэмыхьыжу, и лъакъуэр щIэщIэу зэретIысэхыу, абы игу къэкIыжащ мэлыхъуэ пщыIэр. Къарууэ иIэр къызэщIекъуэжри, абы макIуэ. Нэсрэ плъэмэ - арат. И къуэр кIапсэ кIыхькIэ епхауэ кIэрытт, арэзыпсрэ цIыху къыбгъэдыхьэу къедэхащIэхэм ядэджэгуу. Адэм ар шэуэ къытехуащ.

- Мы пщIэ хьэдэгъуэдахэр сыт зищIысыр, - жиIащ абы, цIыхур зэтеуа нэужь, бгъэдэлъадэри. - Мы кIапсэ узэрепхар сэ схузэпышхыкIынущ, накIуэ псынщIэу!

- Гугъу зумыгъэхь, ди адэ, сэ мыбы сыщотынш, пщэдей сыт сшхыну жысIэркъым, псори си хьэзырщ.

- УкIэрыпхауэ узэрыкIэрытыр - щэ? Дэ дыдыгъужьщ, унэхьэ дыхъуакъым, щхьэхуитыныгъэращ дыкъызыхуигъэщIар. Уи анэри псэуфынут уэ зэрыжыпIэм хуэдэу тхъэжу, ауэ абы нэхърэ зиукIыжыныр нэхъ къищтащ. Уэ уи анэри уи къуэшхэри зыукIа ди бийм ухуэлэжьэнущ - уепцIыжакIуэщ!

- Си анэр делэт. Ныбэр къэблагъэмэ, благъэр пщегъэгъупщэ, жаIэу зэхэпха уэ! Уэ махуэ псом къэбджэдыхьрэ зы дзыгъуэ фIэкI умыгъуэту, ара гъащIэр? СкIэрыкI, сэ мыбы сыщыIэнущ!

А псалъэхэр зэрызэхихыу, дыгъужьыр къызокIуэкI, Iэл къохъури щынэ, мэз бжэнхэр зэриукIым ещхьу, и псэфылъэм йоIэр. Абы и кIий макъым мэлыхъуэхэр къегъэпхъэр, фочхэр яIыгъыу къызэрыщIохри дыгъужьым шэпхъыр къытрагъэлъалъэ, ауэ и къуэм и псэфылъэр иутIыпщыркъым, и псэр хихыху. ИтIанэ ещIэкъуауэу и щхьэр Iуехыж.

- ФымыгъакIуэ, феуэ! - мэкIий цIыхухэр, я фочхэм шэуэ илъыр траунащIэ.

- Сыпсэууи сылIауи сэ фэ зыфIэрызгъэхьэнкъым! - жеIэри дыгъужьыр зэ къахуоплъэкIыж, ар ину, гуузу мэкъугъ, имыIэж и унагъуэм зыхригъэхыну хэт нэхъей. ИтIанэ бгым йолъэри, нэри пэри ихьу еукIуриех къуршыпс уэрышхуэм зыхедзэж. СыткIэ хуеижт иджы ар гъащIэ?..

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.12.2024 - 09:13

Къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэм я Iуэху дэгъэкIынырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и деж щыIэ Стратегие зыужьы­ныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэм кърикIуам зэреплъыр къигъэлъэгъуащ:

09.12.2024 - 09:12

Адыгэхэм я дунейм щыхагъэгъуазэ

Налшык къалэм и япэ мо­дельнэ библиотекэм щекIуэ­кIащ гъуазджэм, тхыдэм, графикэм, адыгэхэм я дунейм ухэ­зышэ «Печать, тираж, тхы­лъымпIэ, адыгэхэр…» зыфIаща лекцэ.

09.12.2024 - 09:11

Я лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ще­кIуэкIащ я шофёрхэм ведомствэ дамыгъэхэр щрата Iуэху гуапэ. 

09.12.2024 - 09:09

Къэхъундэсхэр зэрыгушхуэ щIалэ хахуэхэр

Къыщалъхуа хэкум хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэурщ цIыху нэсу игъащIэми къалъытэр.

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.