Путинымрэ Трампрэ Хельсинки щызэIуощIэ

Финляндием и къалащхьэ Хельсинки дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ я президентхэу Путин Владимиррэ Трамп Дональдрэ я зэIущIэ. Ар куэд щIауэ дуней псор зыпэплъа Iуэхугъуэщ.

Путин Владимиррэ Трамп Дональдрэ мыпхуэдэу зыубгъуауэ иджы япэу зэхуэзэу аращ. Нэхъапэм ахэр зэман кIэщIкIэ щы­зэ­Iу­щIар дунейпсо зэхуэс зэмылIэужьы­гъуэхэращ.

Урысей Федерацэм и Президентыр нэхъ пасэу къэкIуащ зэпсэлъэныгъэхэр ще­кIуэкIыну Хельсинки и курыкупсэм ит уардэ унэм. Ар иригъэблэгъащ Финляндием и Iэтащхьэ Ниинисте Саули, и щхьэгъусэр дэщIыгъуу. США-м и Президентыр нэхъ иужьыIуэкIэ къэсащ икIи Путинымрэ Трампрэ щхьэхуэ защIри, сыхьэтитIкIэ я закъуэу зэпсэлъащ.

КъэралитIым я лIыщхьэхэр гуапэу зэIущIащ. Трамп къыхигъэщащ Урысей Федерацэмрэ США-мрэ я зэпыщIэныгъэхэр зэи зэрызэпымыуар. И чэзу хъуауэ абы ­къелъытэ дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм папщIэ я Iуэху еплъыкIэхэр зэтрагъэхуэну. КъищынэмыщIауэ, Трамп Путиным къе­хъуэхъуащ футболымкIэ дунейпсо чемпио­натыр ехъулIэныгъэкIэ зэрырагъэкIуэкIам къыхэкIыу.

Хельсинки щекIуэкIа зэIущIэм щы­теп­сэлъыхьащ сату зэдэщIэным, зауэм пы­щIа Iуэхугъуэхэм, Китайм, ядернэ политикэм, нэгъуэщI куэдми. США-м и Президен­тым къыхигъэщащ иужь илъэсхэм къэ­рали­тIым я зэхущытыкIэхэр хуабжьу зэ­Iыхьауэ зэрыщытар. Абы щхьэусыгъуэ зы­бжанэ иIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, лъэ­ны­къуэхэм къалъытэ зэпыщIэныгъэхэмрэ зэдэлэ­жьэ­ныгъэмрэ икIэщIы­пIэкIэ зэфIэгъэувэжын хуейуэ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ ­Урысей Федерацэмрэ къищы­нэмыщIауэ, абы я фейдэ хэлъщ ­дуней псом.

Кремлым и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар зэрызэбгригъэхам тепщIыхьмэ, Трампрэ Путинымрэ тепсэлъыхьащ Украинэм, Сирием, Кореем щыщыIэ щытыкIэ гугъум, тер­роризмэм зэгъусэу зэребэныну щIы­кIэм.

Зэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа иужькIэ США-мрэ Урысей Федерацэмрэ я президентхэм зэгъусэу пресс-конференц къы­хузэрагъэпэщащ. Дунейм и щIыпIэ куэ­дым къикIа журналистхэр абыхэм щы­гъуазэ ящIащ я зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ зэрызэгурыIуа Iуэхугъуэхэмрэ.

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.