ЕКАТЕРИНБУРГ АДЫГЭ ШХЫНЫГЪУЭХЭР ЩАПЩЭФI

«ЛъагапIэ 5642» фIэщыгъэм щIэту гъэмахуэм Екатеринбург къыщызэIуахащ Новиков Аркадий и   ресторан гъэщIэгъуэн.

         Limtrance   тыкуэн абрагъуэм и япэ къатым  къыщызэIуаха шхапIэм  адыгэ  шхыныгъуэхэр щапщIэфI.

         ФраншизэкIэ  къызэIуаха шхапIэ иным  и ныкъуэращ Новиковым ейр, абы и Iыхьэгъущ  Къанокъуэ Мадинэ (ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къэдгъэкIыжынут а фIэщыгъэм щIэту  шхапIэ  зыбжанэ ди къэралми нэгъуэщё къэралхэми зэрыщылажьэр).  

         «Контур.Фокус» IуэхущIапIэм  къигъэлъэгъуа бжыгъэхэм  тепщIыхьмэ, 202I гъэм къриубыдэу «ЛъагапIэ 5642» ООО-м  сом мелуан 48-м щIигъу къилэжьащ.

         Екатеринбург къыщызэIуахам адыгэхэм, ермэлыхэм, нэгъуэщI   лъэпкъхэми я шхынхэкI  щапщэфI. Абыхэм къытхутепсэлъыхьащ а рестораным и пщафIэ нэхъыжь  Салпагаров Руслан.

         - Адыгэ шхыныгъуэ щапщэфIу нэгъуэщI шхапIэ  къалэм дэткъыми,  ди хьэщIэхэр а шхынхэкIхэм нэхъыбэу  щIоупщIэ, Кавказым  исхэр  есэжа щхьэкIэ, ди дежкIэ щыпсэухэм а шхыныгъуэхэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнщ,  икIи яфIэIэфIщ, - жеIэ   Руслан.  - Адыгэ шхыныгъуэхэм я тхыдэ яIэжщ, языныкъуэхэр  япщэфIын зэрыщIадзэрэ илъэс 200-м щIегъу. Псалъэм папщIэ,  мэл блэгъу гъэгъупцIар ди адэжьхэм яфIэфI дыдэу щытащ. ЗекIуэ ежьэхэм гъуэмылэу  къыздащтэр лыгъурт.  Ди шхапIэм къекIуалIэхэм шхыныгъуэ къэс и тхыдэм зэрыщыдгъэгъуэзэным яужь дитщ.

         ШхапIэм муслъымэн шхынщ щапщэфIыр. ЛыхэкIыу мэлыл, джэдыл, тхьэкIумэкIыхьыл сыт хуэдэхэращ  нэхъыбэу зиIэр. Ар «ЛъагапIэм» и шхапIэ псоми щыхабзэщ, зыгъэувари ди унафэщIхэм ящыщ Къанокъуэ Арсенщ. ХьэщIэхэр лы къабзэкIэ дгъэшхэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Москварэ  кърагъэш. Лыр хэхауэ цIыху щхьэхуэм къытхуешэ. Фермэ цIыкIу хуэдэхэм уадэлэжьэну нэхъ тыншщ. Былымыр къабзэу зэрагъэшхар, щаукIкIэ муслъымэн хабзэкIэ зэрыфIагъэжар тщIэуэ фIэкIа къатщтэркъым. 

         Салпагаров Руслан  лъэпкъкIэ къэрэшейщ.   Кисловодск къыщыхъуащ. Новиков Аркадий и деж зэманкIэ щылэжьащ. Гъатхэпэ мазэм и кIэхэращ ар Уралым  щыкIуар.

          Рестораным и менюм и япэ напэкIуэцIхэм  адыгэ шхыныгъуэхэращ итыр. Джэдлыбжьэ, лэкъум,  адыгэ дэлэн, мэрамысэ, нартыху пIастэ, нэгъуэщIхэми еплъыну Iэмал яIэщ абы кIуэхэм.

          - Мэрамысэм шыпсым и IэфIыр  зэхыуегъащIэ. ИтIанэ джэдлыбжьэм и дагъэм уи гур къригъэуIуэркъыми, хьэщIэхэм зэдэшхыпхъэхэмрэ зэкIумрэ яжыдоIэ.    Уралым щыпсэухэм псом хуэмыдэу ягу ирохь дзасэкIэ гъэжьа лымрэ люля кебабымрэ, - жеIэ Салпагаровым.

         Екатеринбург яшэр лыхэкIым и закъуэкъым, атIэ хадэхэкIхэри  ирагъашэ. Къалэм бэзэру дэтыр пщафIэ  нэхъыжьым къызэхикIухьу, хадэхэкI гъуэла фIэкIа щимыгъуэтым, ари ди щIыналъэм ирагъэшыну  траухуауэ щытащ.

         «ЛъагапIэм» къыщагъэсэбэп  шхынхэлъхьэхэр  Куржым къраш. ДяпэкIэ я мурадщ саугъэт щIыкIэу зэкIуэцIылъхьа шхынхэлъхьэхэр рестораным  щащэу зэтраублэну.

         Адыгэ IэфIыкIэхэм щыщу шхапIэм зэкIэ джэдыкIэрыпщым и закъуэщ щащIыр, ауэ пщафIэ нэхъыжьым и мурадщ пасэрей IэфIыкIэхэр ипщэфIу иригъэжьэну.

         Ди лъэпкъыр нэгъуэщIхэм Iуэху дахэкIэ къезыгъэцIыхухэм фIыщIэ яхуэфащэщ.

 

Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.