АБЫХЭМ ДРОПАГЭ

Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, журналист Къэзакъ Аслъэн тыдогъэпсэлъыхь Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм теухуауэ адыгэхэм ящIапхъэм. 
- Аслъэн, ЛIыхъужьхэм я махуэр ягъэувын хуей щIэхъуам сыт и щхьэусыгъуэр?
 - Дыгъэгъазэм и 9-р Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэу ягъэуващ. 1917 гъэ пщIондэ ар Георгий щихъым и орденхэр зратахэм я махуэу ягъэлъапIэу щытащ I769 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм ищIа унафэм тету. А махуэр ягъэлъэпIэныр кърахьэжьэжащ I995 гъэм. ЛIыгъэшхуэ зезыхьахэм, зауэ IэнатIэ Iутахэм папщIэ I849 гъэм Москва и Кремлым «Георгиевсий зал» жиIэу пэш къыщызэIуахат. Апхуэдэ лIыхъужьхэм я цIэр дыщэпскIэ блыным щытрадзэу щытащ а пэшым. КIэщIу жыпIэмэ, Георгий щихъым и орден зыхуагъэфэщахэрат абы хатхэр. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэм хуэдэу арат ар. 
- Ди лъэпкъым щыщу хэт апхуэдэ пщIэ къызылъысар?
- А пэшым и блыным зи цIэ тратхахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Исмел. Ар адыгэ IуэрыIуатэми уэрэдыжьхэми къыхощыж, «Исмел псыгъуэ» цIэмкIэ яцIыхуу щытащ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Исмел ХVIII-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм XIX-нэ и пэхэм псэуащ икIи Къэбэрдейм сыт хуэдэ Iуэхушхуэ щекIуэкIами хэтащ. Арами, ди щIыналъэм абы хуэфэщэн пщIэ щигъуэтакъым. Къапщтэмэ, Исмел и цIэр зи гугъу тщIы пэшым тратхами, Лермонтовым и тхыгъэ зыбжанэм къыхэщыжми, Къэбэрдейм абы щыгъуазэу исыр мащIэ дыдэщ. 
Исмел къэралым хуэмылэжьамэ, хузэфIэкI хуимыщIамэ, зыкIи зэран хуэхъуакъым. Хуэфащэтэкъэ, абы и цIэр уэрам гуэрым фIэпщыну е фэеплъ хуэбгъэувыну?! Псалъэм папщIэ, адыгэ Iуэхур кIуэтэн, лъэпкъым зиужьын, лей къытемыхьэн папщIэ абы лъэIу тхыгъэ куэд хуитхат пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм. А псори тхыдэм къыхощыж. Езы пащтыхь гуащэри щыгъуазэт ХьэтIохъущокъуэ Исмелыр хэтми. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иджыри зэ къытызогъэзэжри, ХьэтIохъущокъуэр хуабжьу лIы губзыгъэу, хахуэу щытащ, и хъыбар куэди, Къэбэрдейм и закъуэ мыхъуу, Урысей псом щызекIуэрт, Суворовым, Потемкиным къацIыхурт. 
Зауэ къыхэмыкIыу, мамырыгъэ защIэкIэ Къэбэрдейр Урысейм гуэтын Iуэхущ абы кърихуэкIыу щытар. 
Езым и лIыхъужьыгъэр наIуэ дыдэ къыщыхъуар Кърым зауэращ. Измаил быдапIэр къыщащтэм тыркудзэм гуащIэу пэщIэта къэзакъыдзэм хэтащ ХьэтIохъущокъуэр. Хуабжьу лIыгъэшхуэ щигъэлъэгъуащ абдеж. АдыгэлIым гу лъызыта Суворовыр пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм хуэтхауэ щытащ, Исмел абы щыгъуэращ Георгий щихъым и орденыр къыщратар. 
- Аслъэн, Наполеон и зэманым Франджым езэуа урысыдзэм хэта адыгэхэм я хъыбар уримыхьэлIауэ пIэрэ?!
- Куэдым ящIэркъым 1812 гъэм Наполеон Урысейм зауэ къыщрищIылIам адыгэлIхэри а зауэм зэрыщызэуар. АдыгэлI зыбжанэ зауэм хэтам дамыгъэ лъапIэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. 
Адыгэ зауэлIхэм уащытепсэлъыхькIэ, къыхэгъэщыпхъэщ Бэджыдэ Адэлджэрий и цIэри. Ар I806-I807 гъэхэм Къэбэрдейм икIри, Тэн щыIэ къэзакъ шуудзэм хыхьат. ИужькIэ къэзакъыдзэм къыхэжэныкIа атаманхэм ящыщу и цIэ фIыкIэ къраIуэу къекIуэкIащ, Платов генералым адьютанту иIащ, езым нэхъ къищтэри, чыристан диным ихьат ар. Абдежым щыщIэдзауэ Бэджыдэ Адэлджэрийм Григорий и къуэ ДавидкIэ къеджэ хъуащ. 
Наполеон и дзэр Урысейм ирахужа нэужьи, Европэмрэ Франджымрэ иджыри илъэсищкIэ зэзэуащ. Наполеон и дзэр инт, Урысейм и закъуэ пэмылъэщынкIэ хъунути, Германиер, Австриер, къинэмыщI къэралыгъуэхэри къыкъуэувауэ щытащ. Ди лъэпкъэгъу Бэджыдэ Адэлджэрий зауэм лIыгъэшхуэ щигъэлъэгъуащ а зэманым. Абы теухуа тхыгъэхэр ноби Интернетым илъщ. А зауэхэм зэрыхэлIыфыхьам щхьэкIэ Бэджыдэм дыщэ Iэщэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. Ар зратыр офицерхэмрэ дзэпщхэмрэт.
А зауэ дыдэм Кърымым щыпсэу адыгэпщу тIу хэтащ. Кърым-тэтэрхэм къызэрагъэпэща шуудзэхэм я пашэу арат ахэр. Ахэр абы дауэ къызэрыщыхутар жыпIэмэ, Къэнжал зауэм щыгъуэ Iэпхъуауэ арагъэнут. А пщыхэм ятеухуа тхыгъэхэр иджыри бгъуэтыжынущ. 
ИужькIэ, Кърымыр Урысейм къыщизэуам, а тIур урысыдзэм хыхьэжауэ щытащ. Зыр кIэмыргуеипщ Бэлэтокъуэхэм ящыщт, адрейр - Хъункъалхэ. Ахэр зэрыадыгэмкIэ гушхуэу, сытым дежи къыхагъэщу апхуэдэт. I8I2 гъэм Бэлэтокъуэм Георгий орденыр, Хъункъалым дыщэ Iэщэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. 
Зи гугъу тщIы зауэм хэтащ икIи дыщэ Iэщэ къыхуагъэфэщащ, дзэпщ хъужауи щытащ шапсыгъхэм ящыщ Мэгъурокъуэ Пщыкъуий. 
- Дэ нэхъ дыщыгъуазэу, я хъыбари нэхъ къэнауэ, уэрэдыжьхэми къыхэщыжу, дамэтелъ лъагэ зыхуагъэфэщауэ щыта лIыхъужь зыбжанэ диIащ. Абыхэм я щапхъэ къыхэбгъэщыну сыхуейт, Аслъэн. 
- ИужькIи адыгэхэр зауэшхуэхэм хэтащ. Псалъэм папщIэ, Къэхъун дэса, Къуэшрокъуей хьэблэм къыдэкIа, адыгэхэм ящыщу дамэтелъ нэхъ лъагэ дыдэ зрата Шыпш Темыркъан. Ар Псыжь щыIэ къэзакъыдзэм и Iэтащхьэу щытащ икIи Урыс-Тырку зауэм щызэрихьа лIыгъэм щхьэкIэ Георгий орденыр къыхуагъэфэщащ. Абы щIыгъуу къэзакъ шуудзэм и пашэу щытащ Шэджэм щыщ Алътэдокъуэ Тепсэрыкъуэ. Абыи иIащ Георгий орденыр. 
МыдэкIэ укъэIэбэмэ, урыс-япон зауэр къэхъеящ. Абы хэлIыфIыхьахэри дамыгъэ лъапIэкIэ къыхагъэщхьэхукIат, ауэ абыхэм я бжыгъэр фIыуэ нэхъ мащIэт – 300-м нэсу арат. А 300-м адыгэ щIалитI яхэтащ: Къармэхьэблэ щыщ Хьэгъундокъуэ Едыджрэ (Константин) Анзорей щыщ Анзор Мударрэ. ТIури генерал хъуат, Георгий орденри къратат.
Хэку зауэшхуэм, зэрытщIэщи, адыгэхэм лIыгъэшхуэ щызэрахьащ. Ар къызэрыхъейуэ, шуудзэу тIу (къэбэрдейхэмрэ кIахэ адыгэхэмрэ) къызэрагъэпщри зауэм кIуат. 
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэхэм ящыщу Бекович-Черкасскэ Темботщ Георгий орденыр нэхъыбэрэ зыхуагъэфэщар: плIэ къыхуагъэлъэгъуат, ауэ зэщ къызэрыратар. 
КIахэ адыгэхэм ящыщуи зыбжанэ ягъэлъэпIащ а дамыгъэмкIэ. Абыхэм я гугъу ящIыркъым, ауэ гулъытэ зыхуэфащэт. ТIэунейрэ а дамыгъэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ шапсыгъ Уэлэгъей Сергейрэ ЛIыхэс Муратджэрийрэ. ТIури иужькIэ генерал хъуащ. Абазэхэ лъэпкъым щыщу Едыдж Николай зэрихьа лIыгъэр нэгъэсауэ къалъытатэкъым. Николай дунейм ехыжа нэужьщ Георгий орденыр щыхуагъэфэщэжар. 
Иджы мы псори къыщIэтIэтыжа махуэшхуэр сыт къыщIыдахыжар? Псом япэрауэ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр зэпагъэувэжын щхьэкIэщ. Зэман жыжьэхэм лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэIэту щыта лIыхъужьхэм я цIэхэр нобэ къытхыхьэжмэ, яхуэфащэщ, ди тхыдэр нэхъри нэхъ къулей ящIынущ, шэч хэмылъу. 
Епсэлъар Къудей Лидэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)