КАТАР КЪЫЩЫНА АДЫГЭ ЛЪЭУЖЬЫР

Ди газетым тетащ футболымкIэ дунейпсо чемпионатым, Катарым щекIуэкIым, Адыгэ Республикэм щыщ Бракъийхэ я унагъуэр зэрыщыIар. ТхьэмахуитI зекIуэр екIурэ-ещхьу къызэранэкIри, Хьэтыкъуей къуажэм къагъэзэжащ Ильясрэ ипхъухэмрэ. Ахэр къызэрырагъэжьэжамрэ Катарым адыгэу щыпсэур зэхуэсу джэгу зэрыхуащIамрэ къощ иужьрей видеохэм. Ахэр гум, псэм дыхьэ теплъэгъуэщ, езыхэми къаIуэтэж хамэ щIыпIэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэм кърата гурыщIэмрэ къыхуащIа пщIэмрэ. 

А псоми гуIэфIтещIэж яхуэхъуащ, Дзыбэ Сулеймэн къызэригъэпэщу, Перс псыдэжыпIэм и Iуфэ дахэм адыгэ джэгушхуэ зэрыщащIар. 
А къэралым адыгэу исыр къызэхуэсами ярейуэ, псыIуфэм щызэщIыгъущ шапсыгъхэр, къэбэрдейхэр, кIэмыргуейхэр, нэгъуэщI лIакъуэхэри. Абыхэм я нэхъыбэр Тыркум, Сирием, Иорданием къыщалъхуауэ Катарым лэжьапIэ къэкIуа, е щыпсэуну унагъуэкIэ къэIэпхъуа защIэт. 
- Мы махуэхэм гуапагъэрэ адыгагъэу къыткIылъызефхьар бэщ. Ди унэжь дыкъэкIуэжа хуэдэущ фыкъызэрытIущIар, ди анэдэлъхубзэмкIэ фыкъыдэпсалъэу, дэ жытIэр къывгурыIуэу дахэу дызэхэтащ. Фщыщ дэтхэнэ зыри хэкужьым нызогъэблагъэ, - жиIащ Бракъий Ильяс зэIущIэм къыщыщыпсалъэм. – Дэнэ къикIари, зэгурыIуэу зэрыIыгъыу мы къэралым зэрисыр хуабжьу ди гуапэ хъуащ. АдыгэбзэкIэ дыпсалъэу зэхэзыха щIалэм «адыгэбзэр уэрэдым хуэдэу фогъэбзэрабзэ, уэрэдым хуэдэущ зэрызэхэсхыр», - зэрыжиIар згъэщIэгъуащ. Аращ узэрыадыгэр, адыгэгу узэриIэр къэзыгъэлъагъуэр. 
Абазэ Мухьэмэд жиIащ лъэпкъымрэ хабзэмрэ зэрыщIапIыкIар, я сабиигъуэм ирагъэщIа бзэр ноби къызэрагъэсэбэпыр. Абазэ Нэсрин хьэщIэхэм фIыщIэ къахуищIащ икIи тхьэмахуитIкIэ тхъэжу зэрызэхэтар къыхигъэщащ.
СтIащхэ, Абазэхэ, Шапсыгъхэ, Ервасхэ, Хэкужьхэ, Къущхьэхэ, Джэтауэхэ, Вэрокъуэхэ, Дзыбэхэ, Убыххэ, Къанкъуэщхэ, Дыгъужьхэ, ХьэпащIэхэ, нэгъуэщI адыгэ лъэпкъхэми къахэкIахэр кърихьэлIат зэIущIэм.  
Псом нэхърэ нэхъыщхьэрати, Бракъий Ильяс и фIыгъэкIэ дунейпсо зэхыхьэм адыгэ куэд щызэрыцIыхуащ. Дэ я гугъу фхуэтщIащ Иорданием щыщу Сауд Хьэрыпым и телевидением Iуэху щызыщIэ Шыфэкъуж Нур Катарым командировкэ къэкIуауэ лажьэу абыхэм зэрарихьэлIам, чемпионатыр екIуэкIыху цIыхухэр гъэшхэныр къызэзыгъэпэщхэм ящыщ адыгэ щIалэ Жанхъуэт Ясир зэрызрагъэцIыхуам, Тыркум къыщалъхуауэ Катар щыпсэу, щылажьэ Дзыбэ Сулеймэн нэIуасэ къазэрыхуэхъуам. 
Нэхъ гъэщIэгъуэнрати, адыгэ унагъуэр шейхым деж иригъэблагъэри, ди лъэпкъэгъухэр нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуащ. Зы гъэщIэгъуэн жиIащ шейхым а пщыхьэщхьэм. Абы Катарым щыпсэу адыгэхэм ящыщ ицIыхуу къыщIэкIати, Ильяс лъэпкъ тхыдэмрэ къекIуэкIыкIэмрэ хуиIуэта нэужь, мыр жиIащ шейх Хъалид: «Сэ сызрихьэлIа адыгэхэм ящыщу зы цIыхум сытыркущ е сыхьэрыпщ жиIэу зэи зыкъызигъэцIыхуакъым. Хэтми ущыщIэупщIэкIэ жеIэ: «Тыркум сыщыщщ, сышэрджэсщ», «Иорданием, Сирием сыкъыщалъхуащ, сышэрджэсщ». Абы къегъэлъагъуэ фи лъэпкъым и цIэри, и щхьэри зэрымыкIуэдар, бзэмрэ хабзэмрэ яхъумэну зэрыхэтыр. Апхуэдэ щапхъэр щымащIэщ дунейпсо тхыдэм».
Шейхыр фIэгъэщIэгъуэну щIэдэIуащ адыгэ мамлюкхэр Мысырым и тепщэу зэрыщытами, Иорданием и пащтыхьым и щхьэхъумэхэр зэрыадыгэми, Кавказ зауэжьым и зэранкIэ ди лъэпкъыр къэрал куэдым зэрыщызэбгрыпхъами, ди бзэр, хабзэр, адыгагъэр тхъумэжыныр ди лъэпкъым и пащхьэ къит къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытми. А псом и жэуапу къитар телъыджэт. 
Къапщтэмэ, футболым дихьэхыу чемпионатым кIэлъыплъ адыгэхэм мызыгъуэгум яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ Дохэ адыгэ ныпыр зэрыщаIэтыр, вагъуэ пщыкIутIымрэ шабзищ зэблэдзамрэ зытет лъэпкъ ныпыр чемпионатым цIэрыIуэ зэрыщыхъуар. 
Бракъийхэ чемпионатым еплъыну кIуами, адыгэ лъэужь дахэ къыщанащ Катарым. Абы щыпсэу Дзыбэ Сулеймэн и фIыгъэкIэ, адыгэ унагъуэм къэралым и щIыпIэ дахэ куэд зрагъэлъэгъуащ, Дохэ адыгэу щыпсэур зэщIагъэуIуащ. Япэрей тхыгъэм щыжытIэжащ Сулеймэн Ильяс и унагъуэм нэIуасэ къызэрыхуэхъуар: Бракъийхэ зыщIэтIысхьа хьэщIэщым и егъэблэгъапIэм деж къэрал ныпхэр тетти, Ильяс адыгэ ныпыр абыхэм яхигъэуващ. Сулеймэн абдеж Iухьауэ ныпыр къыщилъагъум, хьэщIэщым щылажьэхэм еупщIащ къыздикIамкIэ. КъыщIэтIысхьа гуэрым зэрытригъэувар щыжраIэм, пщэдджыжьым адыгэбзэкIэ псалъэ, е адыгэ нып зыIыгъ къыщIэкIыным пэплъащ Дзыбэр. ИкIи занщIэу къицIыхуащ.
А махуэм щегъэжьауэ Сулеймэн бысым хуэдэу хьэщIэхэм пщIэ къахуищIащ. Жэнэт, Маретэ, Данэ сымэ жаIэж зэи щымыIауэ, Дзыбэм ахэр къумым зэришар, пшагъуэ хужьыпсым хэту джип лъэрызехьэхэмкIэ къызэрыришэкIар. Апхуэдэ теплъэгъуэхэр зэрыт видеохэри гъэщIэгъуэнщ. Хьэрып машинэ лъагэхэм ису къумым щитми, адыгэ уэрэдхэр кърагъауэ, ныпхэр яIыгъщ пщащэхэм. Апхуэдэу къэрал къулей мыиным и теплъэ дахэ куэд зрагъэлъэгъуащ, топджэгу зэIущIитхум еплъащ, кхъухьхэмкIэ псыщхьэхэм тетащ, хуабэ жьэражьэм щIым жьы щIыIэ къыщIэхупIэхэр зэриIэр, ар уэрамым и кIыхьагъкIэ зэрырикIуэр, хьэщIэщ ехьэжьахэм я къат нэхъ лъагэхэм псыгуэнхэр зэрытетыр ягъэщIагъуэу телефонхэмкIэ трахыурэ зэбграгъэхащ. 
Маретэ зэрыжиIэмкIэ, ежьэн и пэ къихуэу и адэр щIэупщIат Катарым адыгэ щыпсэурэ щымыпсэурэ. «Зы, тIу щыIэнкIэ мэхъу», - аращ жэуапу къратар. АрщхьэкIэ, Бракъийхэ ягъэхьэщIэну къызэхуэсар куэдкIэ нэхъыбэщ. Псы Iуфэм шатырхэр щагъэуври, ерыскъы Iэнэхэри къаузэдащ. Адыгэ пшынэхэри къыздыдахри, джэгу екIу зэхашащ. Абдеж кърихьэлIахэм зэрыжаIамкIэ, адыгэхэр тIэкIу зэпэжыжьэу псэуми, щIэх-щIэхыурэ зэхуэсхэр зэращIыным пылъщ. ПсыIуфэ джэгур хабзэ яхуэхъуащи, илъэсым къриубыдэу щэ-плIэ зэхохьэри, джэгу ящI. Ар щынэхъ тыншыр щIымахуэ мазэхэращ, абы щыгъуэм дыгъэм ухэтыну нэхъ зэгъщ, апхуэдэу гуащIэкъыми. КъищынэмыщIауэ, тхьэмахуэ-тхьэмахуитI къэс унагъуэкIэ зэкIэлъокIуэ, хьэщIагъэ зэрах, зэрощIэ, я бзэкIэ зопсалъэ. Я хэку зэримысыжрэ илъэси I50-м щIигъуами, я бзэ, я хабзэ, я тхыдэ ящIэжу исщ ахэр а къэралым, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къыдэкIуэтей щIэблэм адыгагъэр халъхьэ, адыгэбзэ ирагъащIэ, адыгэгу яIэу къагъэхъу. Абы и щыхьэтт адыгэ зэхыхьэм къекIуэлIа щIалэгъуалэр. Абыхэм я цIи, я унэцIи, лъэпкъыр къызытехъукIари, къыздикIа щIыпIэри гугъу демыхьу къаIуэтэфырт. 
Ар иужьрей пщыхьэщхьэти, Катарым кIуа Бракъий Илъяс и фIыгъэкIэ абы щыпсэу адыгэхэр иджыри зэ зэхыхьащ, хэкурысым илъэгъуам и гур хигъэхъуауэ, хэхэсыр хэкум щыщ и къуэш зэрыхуэзам щыгуфIыкIауэ зэбгрыкIыжащ. Иджыри илъэс IэджэкIэ яIуэтэжынущ мы чемпионатым адыгэ куэд зэрызэхуишар. Къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэд щызэхыхьа щIыпIэм адыгэу къекIуалIэр зрагъэщIэн, зрагъэцIыхун папщIэ Ильясрэ ипхъухэмрэ ялъэкI къагъэнакъым. Пщащэхэми, чемпионатым екIурэ-ещхьу «зыхуагъэхьэзырат». Адыгэ ныпыр зытет пыIэхэр, футболкэхэр, плIэ цIыкIухэр ирагъэщIри, адыгэ нып дахэ зырызи къыздащтащ. Ахэр футбол джэгупIэхэм, Дохэ и стадион нэхъ ехьэжьахэм, цIыху Iув щызекIуэ и уэрамхэм, псым тет кхъухьхэм щагъэлъагъуэу зэхэзекIуащ. Уи хэкур, уи лъэпкъыр фIыуэ плъагъумэ, адыгэу дунейм тепхъар зэрыбгъэщIэну, нэхъ гъунэгъу зэхуэпщIыну уи мурадмэ, Бракъий Ильяс и унагъуэр футболымкIэ чемпионату Катарым щекIуэкIам зэрыщыIар щапхъэщ! 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.