КЪЫХЭТХЫКIЫМ КЪРИКIУАХЭР НАIУЭ КЪАЩIЫНУЩ

ЩэкIуэгъуэм и 30-м ТАСС хъыбарегъащIэ IэнатIэм и пресс-центрым пресс-конференц щекIуэкIащ 2021 гъэм мэкъумэш IэнатIэм щекIуэкIа къыхэтхыкI цIыкIум (микропереписым) кърикIуахэм ятеу­хуауэ. Абы хэтащ Росстатым и унафэщIым и къуэдзэ ­Васильев Игорь, Урысей Федерацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и япэ къуэ­дзэ Лут Оксанэ, Шэ къыщIэ­зыгъэкIхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм (Союзмолоко) и генеральнэ унафэщI Белов Артём, Къуажэхэм щыщыIэ ныкъусаныгъэхэр къэху­тэнымкIэ щIэныгъэ центрым и унафэщI Горячкэ Марие сымэ.

Видеоконференц Iэмалыр къагъэсэбэпу а Iуэхум хэтащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ ­Гъащтэ Аурикэрэ республикэм къы­щыдэкI газетхэм я журналистхэмрэ.
2021 гъэм гъэм, Урысей псом хуэдэуи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми зыхуей хуэзэу щрагъэкIуэкIащ мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкI цIыкIур. Ар иджы япэу къызэрагъэпэщауэ арами, республикэр ­хъарзынэу пэлъэщащ, къу­лыкъу­щIапIэм и цIыхухэм лэ­жьыгъэр тэмэму кърахьэлIащ. Мэкъумэш къыхэтхыкI цIыкIум и къалэн нэхъыщхьэр зи гугъу тщIы IэнатIэм щекIуэкIа зэ­хъуэкIыныгъэхэр къэху­тэ­нырщ, ар иужькIэ сэбэп хъунущ мэкъумэш IэнатIэм зэ­ры-з­рагъэужьыну жыпхъэхэр убзыхунымкIэ.
- ЕдгъэкIуэкIа лэжьыгъэм мэ­къумэш IэнатIэр, къанэ щымыIэу, къызэщIеубыдэ, абы хохьэ мэкъумэш организацэхэр, фермер IуэхущIапIэхэр, уней хьэрычэтыщIэхэр, хадэ­хэр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэ­хэкI щащIэ губгъуэхэр, нэ­гъуэщIхэри, - жиIащ Гъащтэ Аурикэ. - ЗэгурымыIуэныгъэ, зэ­пэщIэувэныгъэ лъэпкъ къы­хэ­мыкIыу ядэлэжьащ ди цIы­ху­хэр къуажэдэсым. Къапщ­тэ-мэ, Iэ­щIагъэлIхэм къыхагъэщ къуа­жэдэсхэр гуапэу ­къазэрыпежьэри, сыт и лъэныкъуэкIи сэбэп хъуну зэры­хьэ­зырри. АбыкIэ къуажэдэсхэмрэ къалэдэсхэмрэ зэщхьэщокI.
Дэ мылъкур къэзыбж, къэ­зыпщытэ къулыкъущIапIэхэм дащыщкъым, ди къалэныр цIыхухэм яIэу къагъэлъагъуэр ттхынращ. Апхуэдэуи ящIэну сыхуейщ: Росстатым зэхуихьэс хъыбархэр зы къэрал IэнатIи иритыркъым, республикэм щы­­щыIэ щытыкIэр къращIэу езыхэм яIэ бжыгъэу аращ мыхъу­мэ.
УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм и шыщхьэуIум, Iуэ­хум хуагъэса IэщIагъэлI 300-м щIигъум унащхьэ чэзууэ республикэр къызэхакIухьащ икIи щIы, былым, хадэ, губгъуэ ­щIапIэу яIэр ятхащ. Ахэр зэ­хуэзыхьэс цIыхухэм фэилъхьэгъуэ хэха ящыгъащ, планшет яIыгъащ, Роспотребнадзорым къигъэув мардэхэр ягъэзащIэу лэжьащ. Электроннэ Iэмалыр тыншу къыщIэкIащ мы гъэм икIи абы лэжьыгъэр куэдкIэ ящигъэпсынщIащ. Аурикэ зэ­рыжиIамкIэ, ди хэгъэгум зэкIэ спутник технологиехэмрэ къэ­зылъэтыхь аппаратхэм­рэ къыщагъэсэбэпакъым, ауэ план­шет­кIэ лэжьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­­щапщытащ уней хадэу 114 426-рэ, фейдэ къегъэщIыным емыпха цIыхубэ зэгухьэныгъэу 140-рэ, мэкъумэшыщIэ-фермэ IуэхущIапIэу 4940-рэ, мэкъу­мэш организацэу 1753-рэ.
Урысейм щекIуэкIа мэкъу­мэш къыхэтхыкIым кърикIуа­хэр 2022 гъэм и дыгъэгъазэм утыку кърахьэнущ. Абы щы­гъуэ къагъэлъэгъуэну аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­щыIэ щытыкIэри. Мы Iуэхум наIуэ къищIынущ къэралым и мэкъумэш IэнатIэм нобэкIэ иIэ щытыкIэр, абы зиужьыным ­ху­хэ­ха къэрал программэхэм къа­рикIуахэр, нэгъуэщIхэри.
Урысей Федерацэр зэ­ры­щыту къапщтэмэ, пресс-конференцым зэрыщыжаIамкIэ, къыхэтхыкIым мэкъумэш IэнатIэу мелуан 17 хэтащ. Васильев Игорь къызэрыхигъэщамкIэ, къэралым и мэкъумэш IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къызэрыщыхъум къыхэкIкIэ, ар иумыгъэкIуэкIыныр Iэмал зимыIэщ, абы къегъэлъагъуэ ди къарур здынэсымрэ адрей гъэхэм елъытауэ IэнатIэм зэ­рызиужьамрэ. 2021 гъэм екIуэ­кIам нэIуэу къыхэщахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуами, абы елэжьыну ­хуейхэм я Iуэхум зэрызрагъэубгъур. «Ерыскъы къы­щIэзыгъэкI мэкъумэш Iэна-тIэм и бжыгъэм хэщIащ. 2016 гъэм еплъытмэ, ар процент ­14-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Ауэ гъэщIэгъуэнращи, а Iуэхум дихьэхауэ пэрыт хьэры­чэ­ты­щIэхэм я щIымрэ зэлэжьымрэ нэхъ зрагъэубгъу. Апхуэдэ щы­тыкIэр къегъэлъагъуэ хьэры­чэ­тыщIэхэм яIыгъ гъавэщIапIэхэр нэхъыбэ зэращIам, фер­мэхэм яIэщIэлъ щIыпIэхэр хуэдэ 1,5-кIэ зэрыхэхъуам», - жиIащ Васильевым.
КъыхэтхыкIым къызэригъэ­лъэгъуамкIэ, джэдкъаз гъэш­хэ­нымрэ кхъуэ Iыгъынымрэ ­нэхъыбэу зиужьауэ жыпIэ ­хъунущ. КъищынэмыщIауэ, гъавэ щIапIэу къащэхуамрэ бэджэнду къащтамрэ нэхъыбэ хъуащ, ауэ кIэртIофу хасэм хэщIащ. «МэкъумэшыщIэхэм хьэцэпэцэмрэ гъавэмрэ тра­сэмэ нэхъ къащтэ, илъэситхум къриубыдэу абы и бжыгъэр процент 23-кIэ хэхъуащ. Хадэ зыщIэхэм кIэртIоф хэсэныр ягъэмэщIами, ар зытрасэ щIыуэ диIэр мащIэкъыми, кIэр­­тIоф дыщыщIэнукъым», - жиIащ Росстатым и унафэщIым и къуэдзэм.
Урысей Федерацэм мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Лут Оксанэ зэ­рыжиIамкIэ, хадэхэкIхэмрэ кIэртофымрэ елэжьхэм я ­бжыгъэр щIэмащIэр абы нэхъыбэ трагъэкIуадэри аращ, хьэрычэтыщIэхэм ахъшэшхуэ хамылъхьэу щIыр къагъэ­сэбэпмэ нэхъ къащтэри, гуэдз, хьэ, сыт хуэдэхэр трасэ. Ауэ щытыкIэр къилъытэри, Мэ­къу­мэш IэнатIэмкIэ министерствэм 2022 гъэм хадэ­хэкI­хэмрэ кIэртIофымрэ гъэ­кIыным теухуа федеральнэ проект иригъэжьащ, хадэ зиIэхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ. Программэр къащта къудейуэ арами, Волгоград областыр ерыщу иужь ихьащ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэм.
Министрым и къуэдзэм зэрыжиIамкIэ, къыхэтхыкIым кърикIуахэр къыщапщытэм гу зылъатахэм ящыщщ кредиту ахъшэ къэзыщтэ мэкъумэ­шыщIэхэм я бжыгъэр хэхъуэу, субсидиекIэ лажьэхэр нэхъ ­мащIэ зэрыхъуар. Къулы­къу­щIэм жиIащ абы и щхьэу­сыгъуэри зэхагъэкIын хуейуэ къазэрыпэщылъыр. «Кредитхэр къеIыпхыну тынш хъуащи, псоми къагъэсэбэп, ар гу­рыIуэгъуэщ, ауэ къэралым суб­сидие зритхэм я бжыгъэр щIыхэщIар гъэщIэгъуэнщ. Е мэкъумэшыщIэхэр абы хуэныкъуэкъым, е щIыналъэхэм субсидие къыщеIыпхыным гу­гъуехь пыщIащ», - жиIащ Лут Оксанэ.
ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ мэкъу­мэш IэнатIэм щекIуэкIа къыхэтхыкI цIыкIум кърикIуа­хэр зэрызэрагъэзахуэу перепись убгъуам иужь ихьэн зэры­хуейр. Ар 2026 гъэм екIуэкIынущ нэхъыбэж къызэ­щIиубы-­дэу.

 

НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)