|
НАРТКОТИКХЭМ ЩАХЪУМЭ
7 декабря, 2022 - 06:03
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щызэхалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа «Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм кърикIуахэр.
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм республикэм и адрей министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ хэту щIыналъэм и курыт еджапIэхэм къыщызэрагъэпэщащ наркотикым пэщIэтыным ехьэлIа Iуэху 359-рэ. Къапщытащ щIалэгъуалэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр: нэгузегъэужьыпIэу 32-рэ, апхуэдэуи балигъ мыхъуахэм наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ щызрахьэлIэнкIэ хъуну скверхэмрэ паркхэмрэ.
Къызэрыхагъэщащи, сабийхэм пхъашэу яхущытмэ, ахэр гъэсэнымкIэ я къалэнхэр адэ-анэхэм ямыгъэзащIэмэ, балигъ мыхъуахэр хабзэм щебакъуэ къэхъуамэ зэхэгъэкIыным ехьэлIа профилактикэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къапщытащ суд зытращIыхьа адэ-анэхэр балигъ мыхъуахэр ящIыгъуу щыпсэу унагъуэ 295-рэ. Iуэхур щрагъэкIуэкIым щIапщытыкIащ административнэ унэхэмрэ еджапIэхэм япэгъунэгъу щIыпIэхэмрэ, псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ еджапIэхэм я администрацэхэм я лIыкIуэхэм, социальнэ егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
НаркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ къэхутэным ехьэлIауэ къапщытащ транспорт зэблэкIыпIэу 22-рэ: автомобиль, гъущI гъуэгу вокзалхэмрэ станцхэмрэ, аэропортыр, апхуэдэуи сату щIыпIэу I40-м щIигъу.
«Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм къриубыдэу административнэ ныкъусаныгъэ 226-рэ ятхащ, балигъ мыхъуахэр гъэсэнымкIэ, егъэджэнымрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ я къалэнхэр зымыгъэзащIэ адэ-анэхэм ехьэлIа тхылъхэри хыхьэу.
КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм а зэманым къриубыдэу уголовнэ Iуэху 24-рэ къаIэтащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэтхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным теухуауэ, къытрахащ наркотикхэкI грамм 4200-м щIигъу.
Интернет-сайт 28-рэ къагъуэтащ, наркотикхэкIхэр хабзэншагъэкIэ игъэкIыным пыщIа хъыбархэр илъу. А сайтхэм ехьэлIа хъыбарыр КъБР-м щыIэ Роскомнадзорым Iэрагъэхьащ ахэр зыми къамыгъэсэбэпыфу зэхуащIын папщIэ икIи абыхэм уихьэ мыхъун хуэдэу зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIакIэщ.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Налшык дэт Гимназие №I-м щекIуэкIащ илъэс къэс зэхаублэ «Рыцари закона» республикэ зэпеуэм и къалэ Iыхьэр. |
|
|
28.04.2025 - 09:19 Аруан щIыналъэм хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ къуажэдэс нэхъыжьыфI Къэгъэзэж Щамхьир и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуа плIанэпэ. |
|