ЗЫХУЭНЫКЪУЭХЭМКIЭ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым къигъэув хабзэм тету, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек тхьэмахуэ къэс яхуозэ зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуэ цIыхухэм. 

КIуэкIуэм зыкъыхуагъэзащ дзэ Iуэху хэхахэр щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм я унагъуэхэм. «Зыхуэныкъуэ псомкIи защIэдгъэкъуэнущ абыхэм», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм икIи лъэIуакIуэхэм я упщIэхэр зэпха IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ унафэ ­яхуищIащ абыхэм яхузэхуэмыгъэхъухэр икIэщIыпIэкIэ зэфIахыну.
КъищынэмыщIауэ, IэнатIэ хьэлъэ Iуува, зи Iуэху хуэмыщIа бын­унагъуэшхуэм я сабий сымаджэм зыхуэныкъуэ хуащIэну къалэн ящищIащ ар зэлъытахэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.