ГЪЭСЭНЫГЪЭР КУЭДЫМ ЕЛЪЫТАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и сабийхэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм ехьэлIа щIэныгъэ гуэдзэн зэрырагъэгъуэтыр егъэфIэкIуэным иджы­б­лагъэ щытепсэлъыхьащ ­КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэ зыужьыныгъэмкIэ, хъыбар­егъа­щIэ политикэмкIэ и коми­тетым Тэрч районым щригъэ­кIуэкIа зэIущIэм.

Абы хэтащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэща комитетым и унафэщI Кумал Заурбэч, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд органхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, Тэрч районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед сымэ.
ЗэIущIэр къызэIуахыным ипэ­кIэ депутатхэр щыIащ Тэрч районым сабий творчествэмкIэ и цент­рымрэ Тэрч къалэм гъуазджэмкIэ и сабий школымрэ. Иужьрей IуэхущIапIэр 2017 гъэм щытекIуауэ щытащ «ГъуазджэмкIэ нэхъыфI дыдэ сабий школ 50» ­урысейпсо зэпеуэм. Парламентархэм къаплъыхьащ музыкэм, хореографием щыхуагъасэ пэш­хэр, художественнэ творчествэмкIэ классхэр икIи егъэджа­кIуэ­хэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ епсэлъащ.
«ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием и къудамэу Тэрч къалэ щыIэм и унэм щекIуэкIа зэIущIэр къыщызэIуихым Кумал Заурбэч къыхигъэщхьэхукIащ сабийхэм я художественнэ зэхэщIыкIыр къэIэ­тыныр егъэджэныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу, лъэпкъым и щэнхабзэ хъу­гъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ, абы и цIыху пэрытхэр гъэсэнымкIэ лъабжьэ нэсу зэрыщытыр.
- КъыдэкIуэтей щIэблэр гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъы­щхьэхэм щIэпIыкIыныр, шэч хэ­мылъу, къэралым къыпэщыт ­къалэн инхэм ящыщщ. Ар аргуэру зэ къыщыхагъэщхьэхукIащ 2030 гъэм нэсыху сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн зэрырагъэ­гъуэ­тыр егъэфIэкIуэным теу­хуа­уэ гъатхэпэм УФ-м и Правитель­ствэм къищта Концепцэм. Къэ­ралым щызекIуэ хабзэ мардэхэм япкъ иткIэ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ а документыр гъэ­зэщIэным хуэунэтIа лэ­жьыгъэ­шхуэ зэфIагъэкI. Апхуэ­дэу щыт пэтми, узытегузэвыхьын гугъуехь щхьэхуэхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщу гулъытэ хэха яхуэфащэщ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ япы­щIа щIэныгъэ гуэдзэн сабийхэм езыгъэгъуэт организацэхэм, псом хуэмыдэу муниципальнэ щIыналъэхэм щыIэхэм зегъэу­жьыным, - жиIащ депутатым.
ДыщэкI Мадинэ и псалъэм къыхигъэщащ Тэрч районым и унафэщIхэм социальнэ инфраструктурэм зегъэужьыным сыт щыгъуи я нэIэ зэрытрагъэтыр, ар зэIущIэм и пэ къихуэу хьэщIэхэм я нэгу зэрыщIэкIар.
Емуз Нинэ къихьащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ япыщIа щIэ­ныгъэ гуэдзэн сабийхэм зэрырагъэгъуэтым теухуа бжыгъэхэр. КъБР-м щыIэщ музыкэмкIэ, хореографиемкIэ, изобразительнэ, театр гъуазджэмкIэ щIэныгъэ программэхэр зыгъэзащIэ муниципальнэ еджапIэу 28-рэ. Абы­хэм ящыщу 16-р къалэ округхэм­рэ поселкэхэмрэ, 12-р къуажэхэм щолажьэ. IуэхущIапIэ хэхахэм ­къадэкIуэу гъуазджэмкIэ сабий школхэм къагъэсэбэп курыт еджапIэхэм, щэнхабзэ унэхэм, нэгъуэщIхэми щыIэ еджапIэ утыкуу 56-рэ. Дызэрыт илъэсым ­фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу ­КъБР-м гъуазджэмкIэ и сабий школхэм екIуалIэхэр мини 10-м нэблагъэу щытащ.
Емуз Нинэ къигъэлъэгъуащ ­Iэмал имыIэу гу зылъытэн хуей ныкъусаныгъэхэри. Абыхэм ящыщщ щIэныгъэ нэс зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр зэрахуримыкъур, творческэ IэщIагъэхэм ирилажьэхэм яхуэфэщэн пщIэ зэрамыгъуэтыр, гъуазджэмкIэ школхэр нэхъыбэ зэрыхъум емылъытауэ, абыхэм щеджэхэм я бжыгъэм зэрыкIэрыхур, а IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ зэ­фIэкIыр зэрымыиныр, макъамэ Iэмэпсымэхэр зэрылъапIэр, гъуаз­джэмкIэ сабий школхэр къэзылъахъэ гугъуехьхэр зэры­щыIэр, щэнхабзэм, гъуазджэм ехьэлIа щIэныгъэ гуэдзэн сабийхэм егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм щат лэжьапщIэр зэрыцIыкIур, нэгъуэщIхэри.
Тэрч районым и щIыналъэ ­администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Алъхъэс Аскэр тепсэ­лъыхьащ сабийхэр егъэджэныр, абыхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтыныр щIыналъэм къызэры­щызэгъэпэщам. Зи ныбжьыр илъэси 6-м щегъэжьауэ илъэс  18-м нэсхэм ящыщу проценти 5,7-р е сабийуэ 546-р Тэрч къалэм гъуазджэмкIэ и школымрэ Красноармейскэ къуажэм музы­кэм щыхурагъаджэ и сабий шко­лым­рэ йокIуалIэ. ГъуазджэмкIэ сабий школхэм щолажьэ егъэджакIуэу 28-рэ. Сабийхэм я ехъу­лIэныгъэхэм я гугъу щищIым, Алъхъэс Аскэр къигъэлъэгъуащ ахэр щIыналъэм, республикэм, дуней псом щекIуэкI зэпеуэхэм, фес­тивалхэм, художественнэ гъэ­лъэгъуэныгъэхэм жыджэру зэры­хэтыр, абыхэм дипломхэр къызэ­рыщахьыр, зэрыщыте­кIуэр. 2021 - 2022 гъэ еджэгъуэм республикэ, щIыналъэ зэхуаку, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ­хэм, фестивалхэм я зэфIэкIыр са­бийуэ 300-м щагъэунэхуащ икIи нэхъыфI­хэм ящыщу абыхэм я цIэхэр къыщраIуащ щэнхабзэм и лъэ­ныкъуэкIэ щIэ­ныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я гъэ­сэнхэу 158-м. ЕгъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэ­хэм гулъытэ хэха хуащI сабийхэр зэрылэжьэну IэщIагъэхэр къыхахынымкIэ ядэ­Iэпыкъуным. Иужь­рей илъэсхэм Тэрч районым ­гъуазджэмкIэ и сабий школым щеджахэм ящыщу 9 щэнхабзэмкIэ вузхэмрэ нэгъуэщI еджапIэхэмрэ щIэтIысхьащ.
Художественнэ егъэджэ­ныгъэм­кIэ методикэ центрым и унафэщI Бэрбэч Беслъэн зэпкъ­рыхауэ тепсэлъыхьащ муници­пальнэ еджапIэхэм я лэжьакIуэ­хэу щIэныгъэ программэхэр пхыгъэкIыным пыщIахэм я улахуэхэр зэрыцIыкIум. Абы къыхэкIыу ­гъуазджэм и лIэужьыгъуэхэм хуе­зыгъаджэ педагогхэр псом хуэмыдэу къуажэхэм щымащIэщ. Апхуэдэу ныкъусаныгъэ­шхуэщ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ сабийхэм папщIэ илъэс пщыкIузкIэ щрагъаджэ икIи музыкальнэ IэщIагъэхэм щыхуагъасэ интернат школхэр зэрыщымыIэр, ап­хуэдэу иджыпсту еджапIэхэм къа­гъэсэбэп макъамэ Iэмэпсы­мэхэр жьы дыдэ зэрыхъуар.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэху нэхъыщхьэхэр дэгъэкIынымкIэ лэ­жьыпхъэу къалъытэхэр утыку ­кърахьащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, Тэрч къалэм гъуазджэмкIэ и сабий школым и унафэщI Чалая Татьянэ сымэ.
ЗэIущIэр щызэхуищIыжым ­Кумал Заурбэч къыхигъэщхьэхукIащ къуажэдэсхэм папщIэ гъуаз­джэмкIэ сабий школхэмрэ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ мы­хьэнэшхуэ зэраIэр, ахэр цIыху­хэм, псом хуэмыдэу сабийхэм я творческэ зэфIэкIхэр наIуэ къэ­щIынымкIэ хэкIыпIэ лъэщу зэры­щытыр. Комитетым и унафэщIым къэрал властым и органхэр, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэр, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр къыхуриджащ муниципальнэ щIыналъэхэм я щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэр нэхъри нэхъ купщIафIэ щIыным хуэгъэзауэ къарууэ яIэр зэщIагъэуIуэ-ну.
«ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием и къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ абы ще­джэхэмрэ депутатхэм тыгъэ ­хуащIащ художник Iэзэ Мэзло  Рус­лан зэIуища арджэныр.
ЗэIущIэм къыщапсэлъахэм япкъ иткIэ абы хэтахэм къащтащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и мини­стер­ст­вэм, художественнэ гъэсэ­ныгъэмкIэ методикэ центрым, «Культпросвет лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курс­хэр» щэнхабзэ IуэхущIапIэм, щIы­пIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм яхуэгъэза чэнджэщхэр

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)